Уэрэд 107 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр107-нэ Уэрэд Тхьэр Израилым и бийхэм ятекӀуэным папщӀэ тхьэлъэӀу 1 Даут и уэрэд 2 Си гур хуэхьэзырщ, сигукӀэ сыбыдэщ, си Тхьэ; уэрэд жысӀэнущ, щӀыхьу сиӀэр уэрэдкӀэ сӀуэтэнущ. Къэуш, си псэ. 3 Къэуш, пшынэдыкъуакъуэ, шыкӀэпшынэ! Сэ нэхущыр къэзгъэушынщ. 4 ЦӀыху лъэпкъым сахэту, Зиусхьэн, уи щӀыхь сӀуэтэнщ сэ; лъэпкъ мащӀэхэм сахэту, уи щӀыхь уэрэдкӀэ сӀуэтэнщ. 5 Сыту жыпӀэмэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэщ, уи щыпкъагъэ пшэхэм нос. 6 Уафэгум нэхъ лъагэу уӀэтауэ урехъу Уэ, ди Тхьэ! ДэнэкӀи щӀыгум щхьэщрелъагэ уи щӀыхьыр, 7 Уэ фӀыуэ плъагъухэр къиным хэкӀыжыну; сыкъегъэли уиӀэ ижьымкӀэ, сыкъэлъагъу. 8 И унэ лъапӀэм Тхьэм щыжиӀащ: «СогуфӀэ лъэщу, Шехэм згуэшынщ, Суккот кӀейри тезгуэшэнщ. 9 Гилеад, Мэнашэ сысейщ; Эфраим – си тажщ; Иудэ – си дыщэ башщ. 10 Моаб – зызэрыстхьэщӀ лэджэнщ, Эдом – си къатыр лъэгущ, си текӀуэныгъэм и макъыр филишт щӀыгум гуфӀэгъуэшхуэкӀэ сэ щысӀуэтэнщ». 11 Къалэ къегъэбыдэкӀам хэт сыдэзышэнур? Хэт сишэн Эдом? 12 Ди Тхьэ, дубгынауэ ара? Ди дзэхэр гъусэ пщӀыуэ, щхьэ укъемыжьэрэ Уэ? 13 Бийхэм датекӀуэну къыдэт дэӀэпыкъуэгъу – пщӀэншэщ цӀыхум ущыгугъыныр. 14 Тхьэр ди гъусэмэ, дымыгъэхъэн щыӀэкъым. Ар ятекӀуэнщ ди бийхэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden