Уэрэд 106 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр106-нэ Уэрэд Тхьэм и хьэлэлагъым и щӀыхь 1 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ – Ар фӀыщ. МыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр! 2 Апхуэдэу жрыреӀэ Зиусхьэным къригъэла псоми, бийхэм къаӀэщӀихыжахэм, 3 хамэ хэкухэм къришыжахэм; къуэкӀыпӀэмкӀи, къухьэпӀэмкӀи, темырымкӀи, ипщэмкӀи къыщыщӀэдзауэ. 4 Губгъуэ нэщӀ гъуэгуншэхэм къыщакӀухьащ абыхэм, цӀыху щыпсэу къалэ къамыгъуэтыфу. 5 Гъаблэм хиубыдауэ, псы ямыгъуэту, ягу кӀуэдауэ куэдрэ къэхъуащ. 6 Ауэ гугъуехьым хэту ахэр Зиусхьэным щелъэӀум, Абы ахэр щӀыпӀэ гузэвэгъуэм къришыжащ. 7 Иришэжащ ахэр гъуэгу занщӀэкӀэ зыщыпсэуну къалэм кӀуэну. 8 Зиусхьэным щӀыхь хурещӀ: и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым, цӀыхухэм яхуищӀэ Ӏуэху щӀагъуэхэм папщӀэ, 9 псы хуэлӀэр псы ирегъафэ, щыгъаблэми, шхын щигъащӀэркъым. 10 Абыхэм ящыщхэр кӀыфӀымрэ ажалым и жьауэмрэ хэсащ, гукъеуэм хэту, Ӏэхъулъэхъу ярылъу; 11 сыту жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэм еувэлӀакъым, Ар чэнджэщэгъу ящӀыну Ӏумпэм ящӀащ, 12 ӀуэхущӀэн хьэлъэм я гур ириудащ, джэлауэ, дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуни ямыгъуэту. 13 Ауэ гугъуехьым хэту ахэр Зиусхьэным щелъэӀум, Абы ахэр щӀыпӀэ гузэвэгъуэм къришыжащ, 14 кӀыфӀымрэ ажал жьауэмрэ къыхишыжри, я Ӏэхъулъэхъухэри икъутащ. 15 Зиусхьэным щӀыхь хурещӀ и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым, цӀыхухэм яхуищӀэ Ӏуэху щӀагъуэхэм папщӀэ: 16 сыту жыпӀэмэ гъуаплъэ куэбжэхэр Абы екъутэ, гъущӀ хьэлъкъхэр зэпеуд. 17 Акъылыншэхэр гуэныхьыщӀэ гъуэгуу зытетахэм, я бзаджагъэм папщӀэ къин ящэчащ. 18 Сыт хуэдэ шхыни ягу хуэмыкӀуэу, лӀэныгъэм и куэбжэм пэблагъэ хъуащ. 19 Ауэ къиным хэту ахэр Зиусхьэным щелъэӀум, Абы ахэр щӀыпӀэ гузэвэгъуэм къришыжащ; 20 и псалъэ абыхэм яхуигъакӀуэри, игъэхъужащ, бэным ящихъумащ. 21 Зиусхьэным щӀыхь хурещӀ мыкӀуэдыж и лъагъуныгъэм, цӀыхухэм яхуищӀа Ӏуэху щӀагъуэхэм папщӀэ! 22 ЩӀыхь къурмэнхэр Абы хурещӀ, игъэхъахэр уэрэдкӀэ иреӀуатэ! 23 Кхъухьхэм ису, зыгуэрхэр хым техьащ, сату щӀыным щыпылъащ хышхуэм; 24 хы уэрыпӀэм халъэгъуащ Зиусхьэным и ӀуэхущӀагъи и телъыджэри. 25 Абы жиӀати, жьышхуэр къилъащ, абы и толъкъунхэм лъагэу заӀэтащ. 26 Уэгум нэсу дэкӀуеящ, хым и щӀагъ дыдэм ехащ; къиным хэту ягухэр иткӀухьащ. 27 Ахэр кӀэрэхъуащ, чэфхэм хуэдэу, Ӏэрпхъуэращ, я акъылми икӀащ. 28 Ауэ къиным хэту ахэр Зиусхьэным щелъэӀум, щӀыпӀэ гузэвэгъуэм къришыжащ. 29 Хы уаер игъэсабыращ Абы, толъкъунхэр етӀысэхыжащ. 30 Толъкъунхэр щытӀысыжым, ягу къызэрыгъуэтыжащ абыхэм, зыщӀэхъуэпс кхъухь тедзапӀэм иришэлӀащ. 31 ЩӀыхьыр хурещӀ Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым цӀыхухэм яхуищӀ Ӏуэху щӀагъуэхэм папщӀэ. 32 ЦӀыхухэм я зэхуэсышхуэм щӀыхьыр Абы щыхурещӀ, нэхъыжьхэм я зэхуэсым хэту, и щӀыхь иреӀуатэ! 33 Абы псыхэр егъэгъу, псыжапӀэхэр щӀыгу гъущэ ещӀ, 34 гъавэщӀапӀэм шыгъу хэз ещӀ – абы щыпсэухэм я гуэныхьхэм папщӀэ. 35 Губгъуэ нэщӀыр гуэл ещӀ Абы, щӀыгу гъурхэр – псыжапӀэ. 36 Абы хуэлӀэхэр ирегъэтӀысхьэри, щыпсэуну къалэр яухуэ; 37 губгъуэхэр ясэ, бэ къызыпыкӀэ санэхэр щыхасэ. 38 И нэфӀ абыхэм ящохуэри, мэбагъуэ, я былымми хигъэщӀыркъым. 39 Ахэр нэхъ мащӀэ хъуащ, тхьэмыщкӀагъэм, егъэзыгъэ псэукӀэм, нэщхъеягъуэм хигъэщӀащ. 40 Пщыхэм емыкӀу ярещӀэ Абы, губгъуэ нэщӀ гъуэгуншэм къыщакӀухьыну къренэ. 41 Ауэ тхьэмыщкӀэр къиным къыхешыжри, и лӀакъуэр егъэбагъуэ, мэл хъушэм хуэдэу. 42 Ар ялъагъури, щыпкъагъэ зиӀэхэр мэгуфӀэ, ауэ цӀыху бзаджэ псоми я жьэр яубыд. 43 А Ӏуэхухэм акъылыфӀэм и нэӀэ трырегъэт, ирегупсыс цӀыхур Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden