Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 105 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


105-нэ Уэрэд Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ

1 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ: Ар фӀыщ, мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр.

2 Зиусхьэным лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ и Ӏуэхухэр хэт къэзыӀуэтэфынур, Абы щӀыхьу пылъ псори хэт къэзыгъэлъэгъуэфынур?

3 НасыпыфӀэщ Тхьэм и хьэкумыр зыщымыгъупщэу, сыт щыгъуи щыпкъагъэ хэлъу зекӀуэхэр!

4 Уи цӀыху лъэпкъым уи гум фӀыр хуилъу, уигу сыкъэгъэкӀыж, Зиусхьэн; ахэр къиным щыхэпшыжкӀэ, уи нэӀэ сэри къыстегъэт!

5 Уэ къыхэпха цӀыхухэм щыӀэкӀэфӀу яӀэр слъагъуну, уи цӀыху лъэпкъым и гуфӀэгъуэр си гуфӀэгъуэу, Уэ уи уней цӀыхухэм срагъусэу уи щӀыхь къэсӀэтыну.

6 Дэри ди адэжьхэми гуэныхь тщӀащ, бзаджагъэ зетхьащ, мыхъуну дызекӀуащ.

7 Мысырым къыщыбгъэлъэгъуа Ӏуэху щӀагъуэхэр зэхащӀыкӀакъым ди адэжьхэм, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр ящыгъупщащ, Хы Къамылым и Ӏуфэм щыпэуващ Тхьэуэ Я Нэхъ Лъагэм.

8 Ауэ Езым и цӀэм и хьэтыркӀэ ахэр Абы къригъэлащ, И лъэкӀыныгъэшхуэ къаригъэлъагъун папщӀэ.

9 Хы Къамылым пхъашэу щепсалъэм, ар игъущӀыкӀащ; щӀыгу гъущэм тет хуэдэу, кууупӀэм ахэр зэпришащ,

10 я жагъуэгъухэм къаӀэщӀихащ, бийм и Ӏэм ящихъумащ.

11 Абыхэм я бийхэм псыр къащӀэуащ, абыхэм ящыщу зы нэрыбги псэууэ къэнакъым.

12 Абы и псалъэхэр я фӀэщ хъуащ абыхэм итӀанэ, Абы щӀыхь хуащӀащ.

13 Ауэ Абы къахуищӀахэр щӀэх дыдэ ящыгъупщащ, Тхьэр чэнджэщэгъу ящӀакъым, пэплъакъым Абы;

14 губгъуэ нэщӀым здитым шхыным щӀэхъуэпсурэ, Тхьэр къумым щагъэунэхуащ.

15 Зыхуейхэр къаритащ, ауэ узыфэ шынагъуэ къахуигъэкӀуащ.

16 Я увыпӀэ щыӀэу Мусэрэ Зиусхьэным и цӀыху лъапӀэу Хьэрунрэ ахэр щефыгъуэжым,

17 щӀыр зэгуэкӀри, Датан дэхуащ, Абирам и гупыр абы щӀихъумащ.

18 Абыхэм яку мафӀэ къыщызэщӀэнэри, гуэныхьыщӀэхэр мафӀэ тхъуэбзащхъуэм хисхьащ.

19 Хореб деж дыщэ танэ щагъэжри, абы щхьэщэ хуащӀащ.

20 Тхьэм щӀыхь хуащӀын ямыдэу, Удзыр зыхъу вым и сурэтым щхьэщэ хуащӀащ.

21 Тхьэр ящыгъупщащ абыхэм – КъегъэлакӀуэу яӀэр, Ӏуэху ин дыдэхэр – Мысырым,

22 Ӏуэху щӀагъуэхэр – Хьам щӀыгум, Ӏуэху шынагъуэхэр Хы Къамылым и Ӏуфэм къащезыгъэлъэгъуар.

23 Ахэр иукӀыну жиӀат Тхьэм, Езым къыхиха Мусэ Тхьэм и губжьыр зэщӀигъэкӀуэну, цӀыхухэр имыгъэкӀуэдыну елъэӀуу, Абы и пащхьэ имыуватэмэ.

24 ЗыщӀэхъуэпс щӀыгур Ӏумпэм ящӀащ абыхэм, я фӀэщ хъуакъым Абы и псалъэр.

25 Я шэтырхэм щыгъумэтӀымэурэ, едэӀуакъым Зиусхьэным и макъым.

26 Абы папщӀэ Абы и Ӏэхэр ятришэщӀащ, губгъуэ нэщӀым щигъэкӀуэдыну псалъэ быдэкӀэ жиӀащ,

27 абыхэм я лӀакъуэхэр цӀыху лъэпкъхэм яхигъэкӀухьу, щӀыналъэхэм щикъухьауэ ищӀыну.

28 Пеор къущхьэм деж БаӀал тхьэ нэпцӀыр щагъэлъапӀэурэ, лӀахэм хуащӀа къурмэнхэр яшхащ.

29 ЯщӀамкӀэ Тхьэр ягъэгубжьати, узыцӀалэ узыр абыхэм къатепсыхащ.

30 Ауэ Пинэхьас къэтэджри, хьэкум щищӀым, узыр увыӀащ.

31 КъэкӀуэну щӀэблэхэм игъащӀэкӀэ ящымыгъупщэну Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ.

32 Мэрибэ и псым деж Тхьэр щагъэгубжьати, абыхэм папщӀэ къиныпӀэ ихуащ Мусэ.

33 Сыту жыпӀэмэ абы игу хэщӀати, емыгупсысу къэпсэлъащ.

34 Зиусхьэным унафэ яхуищӀами, хамэ лъэпкъхэр ягъэкӀуэдакъым,

35 ауэ абыхэм зыхагъэкӀухьри, я Ӏуэхухэм зрагъэсащ.

36 ЗыхуэӀурыщӀэ я тхьэ нэпцӀхэм я хъым ихуауэ къыщӀэкӀащ.

37 Жин фӀыцӀэхэм папщӀэ я щауэхэмрэ я пщащэхэмрэ къурмэн ящӀащ.

38 Ханаан и тхьэ нэпцӀхэм папщӀэ я къуэхэр, япхъухэр къурмэн ящӀурэ, лъы хейр ягъажэри, щӀыгум емыкӀу иращӀащ.

39 ЯщӀамкӀэ зауфӀеижурэ, Тхьэм щыпкъагъэ хуаӀакъым я зекӀуэкӀэкӀэ.

40 Арати, Тхьэр и цӀыху лъэпкъым хуэгубжьащ, Езым и цӀыхухэр Ӏумпэм ищӀащ;

41 хамэ лъэпкъхэм яӀэщӀилъхьащ ахэр, я жагъуэгъухэм я бжьым щӀэтыну.

42 Я бийхэм егъэзыгъэу яӀыгъыу, я ӀэмыщӀэ илъу псэуащ.

43 Куэдрэ хишыжащ Абы ахэр; ИтӀани ерыщ хъуати, я гуэныхьхэмкӀэ загъэунэхужащ.

44 Ауэ я джэ макъ щызэхихкӀэ, Абыхэм я тхьэмыщкӀагъуэм и нэӀэ тригъэтащ Абы.

45 ЗэгурыӀуэныгъэу ядищӀари игу илъащ, и лъагъуныгъэ мыкӀудыжым къыхэкӀыу гущӀэгъу яхуищӀащ.

46 Ахэр гъэр зыщӀа псоми гущӀэгъу къахуищӀыну ищӀащ.

47 ДымыкӀуэду дыкъегъэл, Зиусхьэну ди Тхьэ, цӀыху лъэпкъхэм дакъыхэшыжи, дыугъуеиж, уи цӀэ лъапӀэм и щӀыхь къэтӀэтыну, дыпхуэарэзыну.

48 ЩӀыхьыр ейщ Зиусхьэным, Израилым и Тхьэм, игъащӀэкӀэ! ЦӀыху лъэпкъ псоми жреӀэ: «Ӏэмин!» Зиусхьэным щӀыхьыр ейщ!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan