Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 104 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


104-нэ Уэрэд Тхьэмрэ и цӀыху лъэпкъымрэ

1 ЩӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным; Абы и цӀэм зыхуэвгъазэ; Абы игъэхъахэр ялъэвгъэӀэс цӀыху лъэпкъ псоми.

2 Уэрэд къыхухэвдзэ Абы, щӀыхь уэрэд хужыфӀэ; Ӏуэху щӀагъуэхэу зэфӀихахэм ящывгъэгъуазэ.

3 Абы и цӀэ лъапӀэм фригуфӀэ! Зиусхьэным лъыхъуэхэм ягухэр зэлърещтэ гуфӀэгъуэм.

4 Зиусхьэнми Абы и гуащӀэми захуэвгъазэ, Абы гъунэгъу зыхуэфщӀ сыт щыгъуи.

5 Фэ, Тхьэм и ӀурыщӀэ Ибрэхьим къытепщӀыкӀахэр, Абы къыхиха Екъуб къытепщӀыкӀахэр –

6 и Ӏуэху щӀагъуэхэр фигу ивгъэлъ, и телъыджэхэр, хьэкуму ищӀахэр.

7 Ар ди Зиусхьэнщ, ди Тхьэщ. ЩӀыгу псоми хьэкумхэр щещӀэ Абы.

8 ЗэгурыӀуэныгъэу и лъэпкъым дищӀар Абы егъэзащӀэ игъащӀэм, щӀэблэ минхэр къызэригъэгугъахэр:

9 Ибрэхьим зэгурыӀуэныгъэу дищӀар, Исхьэкъ псалъэ быдэу иритар.

10 ХабзэкӀэ Зиусхьэным къигъэщыпкъэжащ мыкӀуэдыж зэгурыӀуэныгъэу Абы Екъуб къызэригъэгугъар;

11 «Ханаан щӀыгур фи ӀыхьэфӀу уэ уэстынщ», – жиӀэу.

12 Я бжыгъэкӀэ ахэр мащӀэу, мащӀэ дыдэу, хэхэс цӀыхухэу щытащ,

13 зы хэкум икӀырти, нэгъуэщӀ хэкум ихьэрт, зы пащтыхьыгъуэм икӀырти, нэгъуэщӀ цӀыху лъэпкъым хыхьэрт.

14 Ягу зыми хригъэгъэщӀакъым Зиусхьэным; пащтыхьхэми яхуигъэбыдащ:

15 «ФемыӀусэ Сэ къыхэсхахэм, евмыщӀэ бзаджагъэ си бегъымбархэм».

16 ЩӀыгум гъаблэ къыщигъэхъури, щхьэмыж псори къыщызэфӀэщӀэм,

17 абыхэм япэ иту цӀыху игъэкӀуэгъащ: пщылӀ папщӀэу яшэгъа Исуф.

18 Абы и лъакъуэхэр ӀэхъулъэхъукӀэ япхри, и пщэми гъущӀ пщэхъу иралъхьащ;

19 Тхьэм и псалъэр къэщыпкъэжыху, Зиусхьэным и псалъэм ар игъэунэхуащ.

20 Пащтыхьым игъакӀуэри, цӀыху лъэпкъхэр зи Ӏэ илъым ар иригъэутӀыпщыжащ.

21 Езым и унэ абы и Ӏэ ирилъхьащ, пашэ яхуищӀащ и мылъку псоми,

22 езым игу къызэрыжиӀэу, ипщхэр игъэсэну, и нэхъыжьхэм акъыл яхилъхьэну.

23 Мысырым кӀуащ Екъуб абы щыгъуэ, хамэ щӀыгум итӀысхьащ.

24 Тхьэм Езым и цӀыху лъэпкъыр лъэщ дыдэу игъэбэгъуащ, и бийхэм нэхърэ нэхъ гуащӀэшхуэ яхэлъ ищӀащ.

25 Езым къыхиха лъэпкъыр ялъэгъу мыхъуу, Езым хуэӀурыщӀэхэм пцӀыкӀэ дызекӀуэу ищӀащ Абы.

26 ИгъэкӀуащ Мысырым Езым и ӀурыщӀэ Мусэ, Езым къыхиха Хьэрун.

27 Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр яригъэгъэлъэгъуащ, хамэ щӀыгум телъыджэхэр щаригъэщӀащ.

28 КӀыфӀыр яхуигъакӀуэри, хэкур игъэункӀыфӀащ, Абы и псалъэм къыпэувыжащ ахэр.

29 Лъы ищӀщ я псыхэри, я бдзэжьейхэр игъэлӀащ Абы.

30 Абыхэм я щӀыгум хьэндыркъуакъуэхэр из ищӀащ, я пащтыхь сэрейхэми щигъэбэгъуащ ахэр.

31 Абы жиӀати, гъудэбадзэмрэ бадзапцӀэхэмрэ я хэкум бэ дыдэ щыхъуащ.

32 Уэшхым и пӀэкӀэ уэфыр, узылыбжьэ мафӀэри я щӀыгум къигъэкӀуащ,

33 я санащхьи я ахъуо жыги иутащ, къинэмыщӀ жыгхэри я щӀыгум щрищӀыкӀащ.

34 ЖиӀати, мацӀи хьэпщхупщи бжыгъэ ямыӀэу къэкӀуащ;

35 я щӀыгу тет уцыр зэкӀэ ящхащ абыхэм, я губгъуэхэм ярыт лэжьыгъэри лъэрыщӀыкӀ ящӀащ.

36 Абыхэм ящыпэлъху псори, гуащӀэу яхэлъари я щӀыгум тригъэкӀуэдыкӀащ.

37 Дыжьыни дыщи яӀыгъыу, израил цӀыхухэр къришыжащ, лъэрымыхьи яхэтакъым абыхэм.

38 Ахэр къыщикӀыжым, мысыр цӀыхухэр гуфӀащ; сыту жыпӀэмэ абыхэм я шынагъуэ мысыр цӀыхухэм къалъэӀэсат.

39 Пшэр тепхъуэну абыхэм къахуиубгъуащ, мафӀэри – жэщыр къахуигъэнэхуну.

40 ЩӀэлъэӀуати, ныбгъухэр къаритащ, уафэм къахуригъэха ерыскъыкӀэ игъэшхащ.

41 Мывэр зэгуигъэкӀри, псы къыщӀигъэжащ, къум гъущэм псыуэ щежэхащ,

42 сыту жыпӀэмэ Абы игу ихуатэкъым и псалъэ лъапӀэу Езым и ӀурыщӀэ Ибрэхьим иритыгъар.

43 И цӀыху лъэпкъыр, къыхихахэр, гуфӀэгъуэм хэту, уэрэд жаӀэурэ, къришыжащ.

44 Къаритащ хамэ лъэпкъхэм я щӀыгухэр, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм я гъавэми къаӀуигъэщӀащ,

45 Абы щапхъэу къахуигъэувахэр ягъэзэщӀэн, игъэува хабзэхэри ящымыгъупщэн папщӀэ. ЩӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным!

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan