Уэрэд 103 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр103-нэ Уэрэд Дунейр къэзыгъэщӀам и щӀыхь 1 ЩӀыхь хуэщӀ, сигу, Зиусхьэным! Зиусхьэну си Тхьэ, Уэ гъэщӀэгъуэн дыдэу уинщ! Лъытэныгъэшхуэри щӀыхьри уи фащэщ. 2 Уэ нэхунэр зыщыботӀагъэ фащэу, пшэхэр уиӀэщ шэтыру; 3 псы щӀыӀум уи псэупӀэ щыбогъэув, пшэхэр уи хьэрыгъажэщ, жьыбгъэ дамэхэмкӀэ къыбокӀухь Уэ. 4 Жьыбгъэхэр къэбгъэщӀащ макъгъэӀуу, Уи Ӏуэхузехьэу – мафӀэ зэщӀэблэхэр. 5 Лъабжьэ быдэхэм тебгъэуващ Уэ щӀыгур; кӀэзызынкъым ар игъащӀэкӀэ. 6 Хышхуэр фащэу тепхъуащ, бгыхэм псыхэр ятепхъуащ. 7 Уащыхуэгубжьым, абыхэм щӀатхъужащ, уи щыблэ макъым псынщӀэу ӀуигъэкӀыжащ; 8 ЩӀыпӀэу Уэ яхуэбгъэнэхуам – бгыхэм докӀ, кӀейхэм ирокӀуэ псыхэр. 9 ЗэпаупщӀын зыхуимыт гъунапкъэр Уэ яхуэбгъэнэхуащ, ЩӀыгур зэщӀабгъэну абыхэм къебгъэгъэзэжынкъым. 10 КӀейхэм ядэбгъэхьащ псынэхэр: бгы зэхуакухэм щожэх псыхэр, 11 ираф губгъуэм ис хьэкӀэкхъуэкӀэхэм, шыд Ӏэлхэми ирагъэкӀ я псыхуэлӀэр. 12 Псыхэм япэблагъэу мэпсэу уэгу бзухэр, я уэрэд макъ къыхоӀукӀ къудамэхэм. 13 Уи лъагапӀэм ущыӀэу бгыхэр уогъэнщӀ, Уэ уи ӀэщӀагъэхэм я фӀыгъэкӀэ щӀым зегъэнщӀ. 14 Былымым папщӀэ удзыр уогъэкӀ Уэ, щхъуантӀагъэри – цӀыхум къащхьэпэну, шхыныр щӀыгум къыхихын папщӀэ, 15 санэу цӀыхум и гур зыгъэжаныр, дагъэу абы и нэгу зыгъэлыдыр, игу быдэ зыщӀ щӀакхъуэр. 16 ЗагъэнщӀ Зиусхьэным и жыгхэм, Ливаным щыкӀ ашэхэм. 17 Бзухэм абгъуэ щащӀ абыхэм, псейр и псэупӀэщ псыхэуэм. 18 Бгы лъагэхэр мэз бжэнхэм ейщ; тхьэкӀумэкӀыхь хъумапӀэщ абрэмывэхэр. 19 Зэманхэр къигъэнэхуэну мазэр Уэ къэбгъэщӀащ; дыгъэр щыкъухьэнум щыгъуазэщ. 20 Уэ кӀыфӀыр уодзри, жэщ мэхъу. А зэмыным къожьэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэр. 21 Къуентхъ щхьэкӀэ аслъэнхэр мэгурым, Тхьэм зыхуагъазэ абыхэм яшхын папщӀэ. 22 Дыгъэр къыкъуокӀри, абыхэм ягъэзэж; я гъуэхэм йокӀуэж. 23 И Ӏуэху, и ӀуэхущӀэн пщыхьэщхьэ нэс пылъыну цӀыхур къыдокӀ. 24 Сыту бэ хъурэ уи ӀэщӀагъэхэр, Зиусхьэн! АкъылыфӀагъэ хэлъу псори бгъэпсащ; псэ зэптахэр щӀыгум тезщ. 25 Мы хыр ин дыдэщ, гъунэншэщ, пхуэлъытэнукъым псэ зыпыту абы хэсхэр – псэущхьэ инхэмрэ цӀыкӀухэмрэ зэгъусэу. 26 Кхъухьхэр тетщ абы, хы псэущхьэу Левиатанщ, хым щыджэгуну Уэ къэбгъэщӀари хэсщ. 27 Ахэр псори Уэ къожьэ, шхын и чэзум ептыну. 28 Иботри, пӀах; уи Ӏэ пшиймэ, загъэнщӀ абыхэм фӀыкӀэ; 29 уи нэгу щӀыбоуфэри мэшынэ; я псэ хэпхмэ малӀэ, къызыхэкӀа щӀым хохьэж. 30 Уэ псэ иботри, къогъэхъуж, апхуэдэу щӀыгум тет псори уогъэкӀыж. 31 ИгъащӀэкӀэ щреӀэ щӀыхьыр Зиусхьэным деж; Зиусхьэным Ӏуэхуу ищӀам щрегуфӀыкӀ. 32 ЩӀыгум къоплъри – ар мэкӀэзыз; бгыхэм ятеӀэбэмэ, Ӏугъуэм зыкъыщеӀэт абыхэм. 33 Сыпсэуху, уэрэд хужысӀэнщ Зиусхьэным, уэрэд хужысӀэнщ си Тхьэм, сыпсэуху. 34 Си гупсысэхэр игу ирырехь, сыту жыпӀэмэ сызыгъэгуфӀэр Зиусхьэныр арщ. 35 ГуэныхьыщӀэхэр щӀым трекӀуэдыкӀ, цӀыху бзаджэхэри афӀэкӀ щремыӀэж. Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, сигу, Зиусхьэным щӀыхьыр ейщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden