Уэрэд 102 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр102-нэ Уэрэд Тхьэм и цӀыхухэр фӀыуэ елъагъу Даут и уэрэд 1 Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, сигу, Абы и цӀэ лъапӀэм щӀыхь хуэфщӀ си гуи си пси. 2 Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, сигу, Абы и фӀыщӀэ псори зыщумыгъэгъупщэ. 3 Абы уэ бзаджагъэу пщӀа псори къыпхуегъэгъу, уи узыфэ псори Абы егъэхъуж; 4 уи гъащӀэр хьэдрыхэм щехъумэ, къыпхуегъэфащэ мыкӀуэдыж лъагъуныгъэрэ гущӀэгъурэ. 5 Упсэуху уегъэарэзы фӀыгъэкӀэ, уи ныбжьыщӀэгъуи бгъащхъуэм хуэдэу къыпхуегъэзэж. 6 Хуэтэн ящӀа псоми я хьэкъ ирет Зиусхьэным, хьэкум захуэ яхуещӀ. 7 Абы и гухэлъхэр Мусэ иригъэщӀащ, и Ӏуэху щӀагъуэхэр – израил цӀыхухэм. 8 ГущӀэгъулыщ, хьэлэлщ Зиусхьэныр, щӀэх мыгубжьу, мыкӀуэдыж лъагъуныгъэ хэлъщ Абы. 9 Къогий зэпыту щыткъым Ар, и губжьи куэдрэ иӀыгъкъым. 10 Ди гуэныхьхэм ятехуэр къыдищӀэркъым, ди мыхъумыщӀагъэхэм хуэфащэр дигъэпшыныжыркъым. 11 Сыту жыпӀэмэ уафэр щӀыгум зэрыщхьэщылъагэм хуэдэу, фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм мыкӀуэдыж лъагъуныгъэ яхуиӀэщ Зиусхьэным. 12 Дыгъэ къуэкӀыпӀэр къухьэпӀэм зэрыпэжыжьэм хуэдэу, хабзэншагъэу тщӀахэр Абы тпэжыжьэ ещӀ; 13 адэм и сабийхэм гущӀэгъу зэрыхуищӀым хуэдэу, Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ къыхузиӀэхэм гущӀэгъу яхуещӀ. 14 Ди зэхэлъыкӀэи ещӀэр, дэ сабэм дыкъызэрыхэкӀар ещӀэ. 15 Удзым хуэдэщ цӀыхум и махуэхэр; губгъуэм ит гъэгъауэ абы зыкъызэӀуех. 16 Жьыбгъэр щыщхьэрыкӀкӀэ, егъэгъу, и лъэужь къэмынэу ар мэкӀуэдыж. 17 ФӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр Зиусхьэным яхуиӀэнущ игъащӀэкӀэ. Абы и щыпкъагъи къахуигъэнэнущ цӀыхум и къуэхэм я къуэжхэу, 18 и зэгурыӀуэныгъэм хуэпэжхэу, и унафэхэр зыщамыгъэгъупщэу, ахэр зыгъэзащӀэхэм. 19 Зиусхьэным и тахътэр уафэхэм тригъэуващ, и тепщэныгъэм хэщӀ имыӀэу, псори ӀэщӀэлъщ. 20 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ фэ, Абы и мелыӀыч псори, гуащӀэ лъэщхэу, и псалъэкӀэ ӀурыщӀэхэу, зыгъэзащӀэхэм Абы и унафэр! 21 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ, и уафэгу дзэ псори, Абы хуэӀурыщӀэхэу, Абы фӀэигъуэр зыгъэзащӀэхэм! 22 Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ Абы къигъэхъуа псоми, Абы тепщэныгъэр зыщиӀыгъ щӀыпӀэ псоми. ЩӀыхь хуэфщӀ, сигу, Зиусхьэным! |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden