Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 101 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


101-нэ Уэрэд Къин зышэчым и тхьэлъэӀу

1 Къин хэтым, епэзэзыхыу, и гукъеуэр Зиусхьэным щыхуиӀуатэкӀэ, жиӀэ тхьэлъэӀу

2 Зиусхьэн! Си тхьэлъэӀур зэхэх, си гухэщӀ макъри уи деж щреӀу.

3 Гузэвэгъуэ махуэм сщумыгъэпщкӀу уи нэгу! Уи тхьэкӀумэ къысхуэгъазэ, сыныщоджэ махуэм псынщӀэу сызэхэх.

4 Сыту жыпӀэмэ Ӏугъуэм хуэдэу си махуэхэр блосыкӀ, си къупщхьэхэр пхъэдзакӀэ ныкъуэсым хуэдэщ.

5 Сигу зэщыуащ, игъукӀащ удзым хуэдэу, абы къыхэкӀыуи си щӀакхъэу сшхыну сщогъупщэ.

6 Си къупщхьэхэр си гыз макъым си фэм ирагулӀыжащ.

7 Губгъуэ нэщӀым ис бзуушхуэм хуэдэу сыхъуащ, унэ зэхэкъутам тес жьындум ещхь сыхъуащ.

8 Сыжейркъым, унащхьэм и закъуэу тес бзум хуэдэу сыщысщ.

9 Махуэ енкӀэ сауб си бийхэм къысщодыхьэшх си цӀэ жаӀэурэ, цӀыхухэм йобг.

10 ЩӀакхъуэм хуэдэу, яжьэр сошх сэ, псыуэ сызэфэр нэпскӀэ зэхызощӀэ,

11 уи губжьым, уигу зэрыплъым къыхэкӀкӀэ; сыту жыпӀэмэ лъагэу сыпӀэтри, сыкъебдзыхыжащ Уэ.

12 Си махуэхэр пщыхьэщхьэ ныбжьым ещхьщ; удзым хуэдэу сыгъуащ.

13 Уэ игъащӀэм утесщ уи тахътэм, щӀэблэ къэкӀуэнухэм ящыгъупщэнкъым уи щӀыхь.

14 ЗыкъэпӀэтыжынщ Уэ, уигу щӀэгъунщ Цион; сыту жыпӀэмэ абы фӀы хуэпщӀэну игъуэ нэсащ; пӀалъэр къэсащ;

15 сыту жыпӀэмэ уи ӀурыщӀэхэм абы и мывэ къутахуэхэр фӀыуэ ялъагъу, и яжьи ягу хуогъу абыхэм.

16 ЦӀыху лъэпкъхэм фӀэлӀыкӀ хуаӀэнщ Зиусхьэным и цӀэм, уи гуащӀэм щышынэнщ щӀыгум и пащтыхьхэр.

17 Сыту жыпӀэмэ Цион къалэр зэфӀигъэувэжынщ Зиусхьэным, и щӀыхьым хэту Ар къэлъэгъуэнщ.

18 И нэӀэ къытридзэнщ Ӏэмалыншэхэм я тхьэлъэӀум, я лъэӀухэр Ӏумпэм ищӀынкъым.

19 КъэкӀуэну щӀэблэхэм хуагъэхьэу ятхынщ, къэкӀуэну цӀыхухэм Абы щӀыхь хуащӀынщ:

20 сыту жыпӀэмэ и лъагапӀэ лъапӀэм къеплъыхащ; уафэгум щыӀэу, Зиусхьэныр щӀыгум къеплъащ,

21 хьэпсым исхэм я гыз макъ зэхихыну, укӀ зытралъхьахэр щхьэхуит ищӀыну;

22 Зиусхьэным и цӀэр Цион къалэм къыщраӀуэну, Абы пылъ щӀыхьри Ерусалим щрагъэщӀэну,

23 цӀыху лъэпкъхэр, пащтыхьыгъуэхэр Зиусхьэныр ягъэлъэпӀэну щызэрыугъуейкӀэ.

24 Си гуащӀэм, си гъащӀэм и ныкъуэм секӀуэлӀауэ, гъунэм нигъэсащ Абы, си махуэхэр игъэкӀэщӀащ.

25 Сэ жысӀащ: «Си Тхьэ! Си махуэхэм я ныкъуэ фӀэкӀ сымыгъэщӀауэ, дунейм сумыгъэхыж. Уэ зи илъэс псори щӀэблэхэм дэщыӀэнум.

26 ЩӀыгум лъабжьэхэр хуэбгъэуващ ижьым щыгъуэ, уафэгухэри Уэ уи ӀэщӀагъэщ.

27 Ахэр кӀуэдыжынщ, ауэ Уэ сыт щыгъуи ущыӀэнщ; Ахэр псори, щыгъыным хуэдэу, жьы мэхъу, щыгъыным хуэдэу зэблэпхъунщи, хыфӀэбдзэжынщ.

28 Ауэ Уэ узытетам узэрытетщ, уи илъэсхэри ухауэ хъункъым.

29 Уэ уи ӀурыщӀэхэм я бынхэр шынагъуэншэу псэунщ, къатехъукӀхэри щыбыдэнщ уи пащхьэ».

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan