Уэрэд 100 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр100-нэ Уэрэд Пащтыхьым Тхьэр зэригъэгугъар Даут и уэрэд 1 Уэрэд яхужысӀэнщ Тхьэм хуэщыпкъагъэмрэ цӀыхухэм яхуэзахуагъэмрэ; Уэр папщӀэ, Зиусхьэн, уэрэд жысӀэнщ сэ. 2 Сызэрагъэкъуншэн зыри щымыӀэн папщӀэ, си нэӀэ тезгъэтынщ си гъуэгу: «Сыт щыгъуэ укъэкӀуэну Уэ си деж?» Сигу зэрыкъабзэу, си унэ сыщыпсэунщ. 3 ЕмыкӀу къызыпыкӀын Ӏуэху си пащхьэ къизгъэхуэнкъым: Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм я Ӏуэху схуэлъагъуркъым; зыщыздзеинщ абыхэм я Ӏуэху. 4 Гу къуаншэм зыщыздзеинщ сэ; Ӏуэху бзаджэ зыхэзгъэхуэнкъым. 5 И гъунэгъур щэхуу зыубыр сэ зыбгъэдэсхунщ; и нэплъэгъукӀэ пагэу, игукӀэ зыкъызыфӀэщӀыжыр схуэшэчынкъым. 6 Тхьэм хуэщыпкъэу щӀыгум тетхэм нэфӀкӀэ сеплъынщ, дапщэщи къысщӀыгъуну; къуаншагъэ зимыӀэу и гъуэгу ирикӀуэр къысхуэлэжьэнщ. 7 Хьилагъэ хэлъу зекӀуэр си унэ щыпсэункъым; пцӀы зыупс дэтхэнэми си пащхьэ зыщигъэщыпкъэжын лъэкӀынкъым. 8 Бзаджэу щӀыгум тет псори лъапсэкӀуэд сщӀынщ пщэдджыжьым жьыуэ. БзаджащӀэхэр псори Зиусхьэным и къалэм дэзгъэкӀуэдыкӀынщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden