Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


10-нэ Уэрэд Зиусхьэным ущыгугъыныр
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд

1 Зиусхьэныр щхьэегъэзыпӀэ зыхуэсщӀащ; сыт щхьэкӀэ къызжефӀэрэ: «Фи къущхьэхэм лъэтэж бзум хуэдэу»?

2 Аращ, цӀыху бзаджэхэм я шабзэ къаукъуэдиящ, я шабзэшэ бзэпсым къыдалъхьащ, щыпкъагъэр зигу илъхэм кӀыфӀым хэту еуэн щхьэкӀэ.

3 Хабзэхэр зэхэкъутамэ, щыпкъагъэ зигу илъым ищӀэн лъэкӀынур сыт?

4 И унэшхуэ лъапӀэм исщ Зиусхьэныр, Абы и тахътэр уафэгум итщ, Абы и нэхэм ялъагъу; Абы и нэплъэгъухэм дунейм и цӀыхухэр ягъэунэху.

5 Зиусхьэным щыпкъагъэ зиӀэмрэ цӀыху бзаджэмрэ егъэунэху, залымыгъэ зылэжьхэр Абы игу техуэркъым.

6 МафӀэлыгъэри тхъуэбзащхъуэри, уэшхыр къызэрешхым хуэдэу, Абы цӀыху бзаджэхэм къахуригъэхынущ, узылыгъуэ жьыбгъэ пщтырыр Ӏыхьэу яхуегъэфащэ Зиусхьэным.

7 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр захуэщ, фӀыщӀагъэхэр и щӀасэщ; щыпкъагъэ зиӀэр Абы и нэӀурытщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan