Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Уэрэд 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


1-нэ Уэрэд Тхьэм игу ирихь цӀыхур
Даут и уэрэд

1 Гъуэгу махуэ теуващ цӀыху бзаджэнаджэхэм емыдаӀуэр, гуэныхьыщӀэхэм я гъуэгу иримыкӀуэр, Тхьэр зыгъэпудхэм я зэӀущӀэ хэмысыр.

2 Ар зыгъэгуфӀэр Зиусхьэным и хабзэщ, Абы и хабзэм жэщи махуи йогупсыс ар.

3 ПсыжапӀэм щыхаса жыгым хуэдэщ ар, къыпыкӀэр и пӀалъэм хъууэ, и тхьэмпи мыгъуалэу; сыт хуэдэ Ӏуэху ищӀэми, абы къохъулӀэ.

4 ЦӀыху бзаджэхэр абы хуэдэкъым; жьыбгъэм щӀым щызэрихьэ сабэм хуэдэщ ахэр.

5 Абы къыхэкӀкӀэ цӀыху бзаджэхэр Тхьэм и хьэкумым хей щыхъунукъым. Тхьэм хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэм увыпӀэ щаӀэнукъым гуэныхьыщӀэхэм.

6 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр зи гум щыпкъагъэ илъхэм я гъуэгу щыгъуазэщ, ауэ цӀыху бзаджэхэм я гъуэгур кӀуэдыпӀэщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan