ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Израил лъэпкъыр 1 Мэссихь си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мы къыжысӀэнур пэжщ, пцӀы хэлъкъым. Ар зэрыпэжымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм шӀыгъуу сигури щыхьэт къысхуохъу. 2 Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ГухэщӀышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ сиӀэщ. 3 Си къуэшу си лъэпкъым щыщхэм си фӀагъ езгъэкӀын слъэкӀатэмэ, Тхьэм и ней къысщыхуэу, Мэссихь сызыбгъэдигъэкӀыну сыхуеинт. 4 А си къуэшхэр израил лъэпкъырщ. Ахэрщ Тхьэм езым и бын ищӀар. Ахэращ Тхьэм и щӀыхьышхуэр зригъэлъэгъуар. Тхьэм езымрэ абыхэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэр дилъхьащ. Торэт хабзэр зритари ахэрщ. Езыр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэр Тхьэм зригъэлъэгъуари ахэращ. Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ игъэгугъари ахэрщ. 5 Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин. 6 Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр. 7 Апхуэдэу, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псори аракъым Ибрэхьим и бын пэжу щытхэр. (Ауэ Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀащ:) «Исхьэкъ къытехъукӀыну цӀыхухэращ уэ уи бын пэжу щытынур». 8 Абы къикӀыр Ибрэхьим къытехъукӀа бын псори Тхьэм и бын пэжу щыткъым. Ауэ Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам тету, абы къытехъукӀа бынхэр арщ Тхьэм Ибрэхьим и щӀэблэ пэжу илъытэр. 9 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъар мыращ: «Гъэува зэманым сыкъыщыкӀуэжкӀэ, Сарэ къуэ къыхуэхъунущ». 10 Абы нэмыщӀу, Ревеккэ Исхьэкъ къуитӀ къыхуилъхуну лъэщыджэ щыхъум, Ӏуэхур зытетар апхуэдэт. 11-12 ЩӀалэхэр къамылъхуауэ, ери фӀыри ямыщӀауэ, Тхьэм Ревеккэ къыжриӀащ: «Нэхъыжьыр нэхъыщӀэм хуэӀуэхутхьэбзэщӀэнущ». Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар цӀыху гуэр къызэрыхихымкӀэ езым и мурадыр игъэзэщӀэну арщ. ЦӀыхум ищӀа Ӏуэхухэм емылъытауэ, зыхуей цӀыхур Тхьэм езым къыхех, 13 и псалъэ тхахэм Тхьэм зэрыщыжиӀэм хуэдэу: «Екъуб фӀыуэ слъэгъуащ, ауэ Эсау сымылъагъу хъуащ». 14 Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэр мызахуэу пӀэрэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. 15 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Мусэ бегъымбарым къыжриӀащ: «ЦӀыху гуэрым си гур щӀэзгъэгъуну сыхуеймэ, сигу щӀэзгъэгъунущ. Зыгуэрым гущӀэгъу хуэсщӀыну сыхуейми, гущӀэгъу хуэсщӀынущ». 16 Аращи, Тхьэм цӀыху гуэр къызэрыхихыр зэпхар цӀыхур зыхуейр е абы ищӀэ Ӏуэхухэр аркъым, атӀэ езы Тхьэм и гущӀэгъуныгъэшхуэр арщ. 17 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ Тхьэм Мысырым и пащтыхь Фирхьэуным къызэрыжриӀар: «Пащтыхьу ущӀэзгъэувар цӀыхухэм си цӀэр дуней псом щагъэӀун, си лъэкӀыныгъэшхуэр къэбгъэнэхуэну сщӀын щхьэкӀэщ». 18 Апхуэдэу Тхьэм цӀыху гуэрым гущӀэгъу къыхуищӀыну хуеймэ, гущӀэгъу къыхуещӀ, цӀыху гуэр ерыщ ищӀыну хуеймэ, ерыщ ещӀ. Тхьэм и губжьымрэ и гущӀэгъумрэ 19 Уэ къызжепӀэнкӀэ хъунущ абы щыгъуэ: «Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм цӀыхухэр сыт щӀигъэкъуаншэр? Тхьэм жиӀам пэувын хэт зылъэкӀынур?» 20 Уэ ухэт, цӀыху, Тхьэм уеныкъуэкъуну? Хьэкъущыкъум ар зыщӀа цӀыхум жриӀэн: «Мыпхуэдэу сыт сыщӀэпщӀар?» 21 Я нэхъ хьэкъущыкъуфӀри хьэкъущыкъу къызэрыгуэкӀри кхъуэщыныщӀэм а зы ятӀагъуэм къыхищӀыкӀыну хуиткъэ? 22 Аращ-тӀэ, Тхьэм и губжьыр къигъэнэхуэну икӀи и лъэкӀыныгъэшхуэр цӀыхухэм яригъэщӀэну хуеяти, зыхуэгубжь цӀыхухэу игъэкӀуэдыну щытахэм шыӀэныгъэшхуэ хэлъу ящысхьащ. 23 Тхьэр абыхэм щӀащысхьар гущӀэгъу зыхуищӀ цӀыхухэу щӀыхьышхуэ зиӀэ хъуну игъэпсахэм езым и щӀыхьышхуэм и инагъыр яригъэщӀэну арщ. 24 И бын хъуну Тхьэм къыхуриджар дэращ – дэ, журтхэм ди мызакъуэу, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми ящыщхэр. 25 Хьошеа бегъымбарым и тхылъым иту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «Си лъэпкъым щымыща цӀыхухэм „си лъэпкъкӀэ“ седжэнущ; фӀыуэ сымылъэгъуа лъэпкъым „фӀыуэ слъагъу лъэпкъкӀэ“ седжэнущ. 26 ИкӀи „Фэ си лъэпкъыу фыщыткъым“, жиӀэу Тхьэм щыжиӀа щӀыпӀэм „ГъащӀэ къэзыт Тхьэм и бынкӀэ“ щеджэнущ». 27 Ешайа бегъымбарым израил лъэпкъым теухуауэ мыпхуэдэу къыжиӀащ: «Израил лъэпкъым и бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизми, абыхэм ящыщу мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынур мащӀэ дыдэщ. 28 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным мы дунейм и цӀыху псоми, эыри къэмынэу, хьэкум епӀэщӀэкӀыу ятрищӀыхьынущ». 29 Ешайа бегъымбарым къызэрыжиӀам хуэдэу: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори ЗиӀэ Зиусхьэным бынхэр къытхуимыгъэнауэ щытамэ, дэ Содом, Ӏаморэ къалэхэм дахуэдэу дыщытынт». Израилрэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀымрэ 30 Сыт-тӀэ жытӀэнур? Хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ яӀэу Тхьэм зэрилъытэнум и ужь иту щымытами, фӀэщхъуныгъэ яӀэу зэрыщытам щхьэкӀэ Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. 31 Ауэ израил лъэпкъыу Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэ зыщӀын хабзэм и ужь итахэм а хабзэр ягъуэтакъым. 32 Сыт щӀамыгъуэтар? ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгур ямыдэу, ялэжьа Ӏуэхухэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту щытащи, аращ. ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэну мывэм елъэпэуащ. 33 И псалъэ тхахэм хэту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу, цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. ЩӀегъуэжынукъым а мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр». |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden