ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дыпсэуныр 1 Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым. 2 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ. 3 Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ. 4 Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дримыкӀуэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэм щыпкъагъэр дгъэзэщӀэну арщ, щыпкъагъэр дгъэзэщӀэн хуейуэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу. 5 Зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэр я щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм зэпымыууэ йогупсыс, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхухэращ зэгупсысыр. 6 Фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм фегупсысыным Ӏейуэ къыхэкӀыр ажалыращ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхухэм фегупсысыным фӀыуэ къыхэкӀыр гъащӀэрэ гузэгъэгъуэрэщ, 7 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым. 8 Пэжщ, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэр Тхьэм и гум ирихьыркъым. 9 АрщхьэкӀэ фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэркъым икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр пэжыгъэкӀэ фигу щилъкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу фрокӀуэ. Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъыр Мэссихь и цӀыхухэм ящыщкъым. 10 Мэссихь фи псэм щыщмэ, фи гуэныхьхэм къыхэкӀкӀэ фипкъхэр лӀэжынуми, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу фызэрилъытэм щхьэкӀэ фигурэ фи псэкӀэ псэууэ фыщытщ. 11 Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ. 12 Аращи, ди къуэшхэ, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэну ди пщэ дэлъкъым. 13 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэмэ, фыкӀуэдынущ, ауэ бзэджагъэ фщӀахэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ вгъэкӀуэдмэ, гъащӀэ щыпкъэр вгъуэтынущ. 14 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэӀурыщӀэ цӀыху псори Тхьэм и бынщ. 15 Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ. 16 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Тхьэм дызэрибынхэр жиӀэурэ, дигухэм ящӀыгъуу абы щыхьэту тоувэ. 17 Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи. ЩӀыхьышхуэ къэлъэгъуэнур 18 Мы зэманым тшэч гугъуехьхэр щӀыхьышхуэу Тхьэм иджыри къэс цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ диӀэ ищӀынум хуэбгъадэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым. 19 Тхьэм къигъэщӀа псори гузавэу поплъэ абы. Зыпэплъэр Тхьэм езым и бынхэм а щӀыхьышхуэр яӀэ зэригъэхъур езым къигъэщӀа псоми къащригъэлъагъуну махуэр арщ. 20 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым къигъэщӀа псоми я мурадыр къаримыгъэхъулӀэну Тхьэм иухащ. Апхуэдэу щӀэхъуар езыхэр хуейуэ аракъым, абыхэм я мурадыр къемыхъулӀэну зыуха Тхьэр апхуэдэу хуеяти, арщ. 21 Тхьэм къигъэщӀа псори Ӏуэхуу зыщыгугъыу зыпэплъэр мыращ: Тхьэм ахэр кӀуэдыныгъэм и пщылӀыпӀэм къришыжу, щхьэхуит ищӀыжу, Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэрэ я щӀыхьышхуэрэ абыхэми яӀэ хъунырщ. 22 Тхьэм къигъэщӀа псори иджыри къэс щэӀуу, сабий къызыхуэхъуну цӀыхубзым гугъуехь зэришэчым хуэдэу, гугъуехь зэрашэчыр дощӀэ. 23 Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу. 24 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы Ӏуэхугъуэхэм дыщыгугъыу дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкъригъэлащ. Ауэ Ӏуэхуу дызыщыгугъыу дызыпэплъэхэр къэлъагъуэмэ, абы щыгъуэ абыхэм дапэплъэу дыщыткъым. И нэкӀэ илъагъум хэт щыгугъыр? 25 Ауэ дэ ди нэкӀэ дымылъагъум дыщогугъри, шыӀэныгъэ диӀэу дыпоплъэ. 26 Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу. 27 ЦӀыхухэм я гум илъыр зыгъэунэху Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм и гум илъри ещӀэ, Тхьэр зэрыхуейм хуэдэу, езым и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуолъэӀуэри. 28 Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ. 29 Тхьэм къыхиха цӀыхухэр езым и Къуэм хуэдэ хъуну игъэуващ, и Къуэр къуэш куэдым я пэ итын щхьэкӀэ. 30 Тхьэм игъэува цӀыхухэр и бын хъунуи къыхуриджащ. Къриджахэми щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. Езым щыпкъагъэ зиӀэу илъытахэми щӀыхьышхуэ яӀэ ищӀащ. Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр 31 А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур? 32 Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ? 33 Хэт зыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур Тхьэм къыхиха цӀыхухэр? Тхьэращ абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зылъытэр. 34 Хэт дызыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур? Мэссихь Хьисэ лӀэри, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Иджы Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсщ икӀи Тхьэм дэ тхуолъэӀу. 35 Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм хэт дыбгъэдэзыгъэкӀын зылъэкӀынур? Гузэвэгъуэ дыхэтми, гухэщӀыгъуэ диӀэми, гугъуехь дагъэшэчми, дымэжэщӀалӀэми, щыттӀэгъэн димыӀэми, шынагъуэ дыхэтми, джатэкӀэ дагъэшынэми – мы къыжытӀа псоми Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдагъэкӀын ялъэкӀынукъым. 36 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, (ди Тхьэ), уэр щхьэкӀэ даукӀынкӀэ махуэ къэс шынагъуэщ. Мэл фӀэгъэжыныпхъэхэм хуэдэу далъытэ». 37 Ауэ мы Ӏуэху псомкӀи фӀыуэ дызылъэгъуам и къарукӀэ текӀуэныгъэшхуэр дыдейщ. 38 Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын зэрылъэмыкӀынум шэч къытесхьэркъым; ажалми, гъащӀэми, мелыӀычхэми, жин пашэхэми, лъэкӀыныгъэ зиӀэ жинхэми, иджы щыӀэ Ӏуэхугъуэхэми, къэкӀуэну зэманым щыӀэну Ӏуэхугъуэхэми, 39 уафэм сыт ищӀыс щыӀэми, щӀы щӀагъым сыт ищӀыс щыӀэми, а фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфӀэкӀынукъым. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ зыми Тхьэм Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным къыдигъэлъагъуну ищӀа фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын лъэкӀынукъым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden