ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЛӀыгъэ-фызыгъэ теухуа хабзэмрэ Мэссихь дызэрыхущытынумрэ 1 Си къуэшхэ, хабзэм иритхахэр зыщӀэ цӀыхуу фыслъытэу сынывопсалъэ: ЦӀыхур псэуху, хабзэм тепщэныгъэ зэрыхуиӀэр фщӀэркъэ? 2 Псалъэм щхьэкӀэ, фызым и лӀыр псэуху, хабзэмкӀэ а фызыр и лӀым епхауэ щытщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, хабзэм фызыр щхьэхуит ещӀ. 3 Аращи, и лӀыр псэууэ, фызыр нэгъуэщӀ лӀы гуэрым дэпсэумэ, зинэ ищӀауэ арщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, а унафэм фызым тепщэныгъэ хуиӀэжкъым. НэгъуэщӀ лӀы гуэрым дэкӀуэжмэ, зинэ ищӀауэ къикӀыркъым. 4 Апхуэдэу, си къуэшхэ, Мэссихь и пкъыр зэрылӀам къыхэкӀкӀэ, Торэт хабзэм и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ фэри цӀыху лӀахэм фахуэдэщ. Мэссихьу Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжам ей иджы фыхъуащи, Тхьэм фӀыгъуэ хуэдлэжьыпхъэщ. 5 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ ди гуэныхьышӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэу щыщытам, Торэт хабзэм зэщӀигъэплъа гуэныхьыщӀэ хъуэпсэныгъэхэр ди пкъым щыщ пкъыгъуэхэм хэлът, ажалыр абыхэм къытхухэкӀыу. 6 Ауэ иджы Торэт хабзэу дызыӀыгъам и Ӏуэху къытхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀахэм яхуэдэ дыхъущ, Тхьэм Торэт хабзэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, щхьэхуит дищӀыжащ. Аращи, Тхьэм дызэрыхуэлажьэ щӀыкӀэр нэхъапэм ятха хабзэм тетукъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хабзэщӀэм тетущ. Торэт хабзэмрэ гуэныхь щӀэнымрэ 7 Сыт-тӀэ жытӀэнур? Торэт хабзэм гуэныхь хэлъ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Торэт хабзэм и унафэхэр щымыӀэгъатэмэ, гуэныхьыр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт унафэм «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ», къыжимыӀэгъатэмэ, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым. 8 Ауэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, а унафэмкӀэ сыт хуэдэ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэри си гум кърилъхьащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэр щымыӀэмэ, гуэныхьри лӀам хуэдэщ. 9 Зэгуэрым Торэт хабзэр сымыщӀэу сыпсэуащ. Ауэ Тхьэм и унафэр къыщыкӀуэм, гуэныхьым къару иӀэ хъури, 10 сэри лӀам хуэдэ сыхъуащ. Апхуэдэу, цӀыхухэм гъащӀэ ягъуэтын щхьэкӀэ, Тхьэм къытхуищӀа унафэм сигъэлӀащ. 11 Тхьэм и унафэкӀэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, сыкъигъэпцӀащ, а унафэ дыдэмкӀи сигъэлӀащ. 12 Апхуэдэу, Торэт хабзэр лъапӀэщ, унафэри лъапӀэщ, икӀи захуэщ, икӀи фӀыщ. 13 Абы щыгъуэ ӀуэхуфӀ гуэрым сигъэлӀауэ ара? Хьэуэ, ар апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ гуэныхьыр зыхуэдэр нахуэ хъун щхьэкӀэ, Торэтым и хабзэфӀымкӀэ гуэныхьым сигъэлӀащ. Апхуэдэу унафэм гуэныхьыр зэрыӀей дыдэр наӀуэ ещӀ. 14 Торэт хабзэр Тхьэм деж къызэрикӀар дощӀэ. Ауэ сэ сыцӀыху тхьэмыщкӀэщ, гуэныхьым срипщылӀщ. 15 Сэ сщӀэ Ӏуэхур къызгурыӀуэркъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сщӀэну сызыхуей Ӏуэхур злэжьыркъым, ауэ слъагъу мыхъу Ӏуэхур солэжь. 16 Злэжыну сызыхуэмей Ӏуэхур згъэзащӀэмэ, Торэт хабзэр фӀыуэ зэрыщытыр зэрыздэращ абы къикӀыр. 17 Аращи, гуэныхь зыщӀэр сэракъым, си гум илъ гуэныхьыращ. 18 Си гуэныхьыщӀэ щэныжьым сеплъмэ, си гум фӀыгъуэ зэримылъыр сощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀы сщӀэну сыхуейми, згъэзэщӀэну схузэфӀэкӀыркъым. 19 ФӀыуэ сщӀэну сызыхуейр згъэзащӀэркъым, ауэ бзаджагъэу сщӀэну сызыхуэмейр согъэзащӀэ. 20 СщӀэну сызыхуэмей Ӏуэхур згъэзащӀэмэ, ар зыгъэзащӀэр сэракъым, си гум илъ гуэныхьыр арщ. 21 Апхуэдэу щыхъукӀэ, мыпхуэдэ хабзэ мы Ӏуэхум хэлъу солъагъу: ФӀы сщӀэну сыхуейми, бзаджагъэр сяпэм къохутэ. 22 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сигукӀэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфӀыкӀ, 23 ауэ си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм нэгъуэщӀ хабзэжь яхэлъу солъагъу. А хабзэжьыр си акъылым идэ хабзэфӀым пэщӀоувэ. А хабзэжьым си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм яхэлъ гуэныхь хабзэжьым сыхуегъэпщылӀ. 24 Сыту сыцӀыху тхьэмыщкӀэ! Си пкъыу сызытекӀуадэм сыкъыхихыжу, хэт сэ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур? 25 Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ. Езыр арщ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным си пкъыу сызытекӀуадэм сыкъыхригъэхыжу, сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур. Тхьэм и хабзэм срипщылӀщ си акъылкӀэ, ауэ си гуэныхьыщӀэ щэныжьымкӀэ гуэныхьым и хабзэм срипщылӀщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden