ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Гуэныхь лэжьыным и Ӏуэхур къытхэмылъыжу, Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ допсэу 1 Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ къытлъигъэсын щхьэкӀэ, гуэныхь тщӀэ зэпыту дыщытыну? 2 Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къытхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ цӀыху лӀахэм дахуэдэщ. Абы щыгъуэ гуэныхь тщӀэ зэпыту дыпсэуфыну? 3 Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщ хъуну дэ псори дыщаумэхъым, абы и лӀэныгъэм ди Ӏыхьэ хэлъыну дызэраумэхъар фщӀэркъэ? 4 Дыщаумэхъым, Мэссихь дригъусэу дылӀэри, езым дригъусэу дыщӀалъхьэжащ. Апхуэдэу щӀэхъуар дэри гъащӀэщӀэ диӀэу дыпсэун щхьэкӀэщ, Адэ лъапӀэм и лъэкӀыныгъэу щӀыхьышхуэ зиӀэмкӀэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу. 5 Мэссихь гъусэ дыхуэхъури, ар зэрылӀам хуэдэу, дэри дызэрылӀам щхьэкӀэ, ар лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу, дэри абы дыщӀыгъуу лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжынущ. 6 Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа. 7 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхур лӀамэ, гуэныхь щӀэным и ӀэмыщӀэ икӀыжащ. 8 Мэссихь дыщӀыгъуу дызэрылӀам щхьэкӀэ, дыщӀыгъуу дызэрыпсэунури ди фӀэщ мэхъу. 9 Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжауэ, Мэссихь зэрымылӀэжынур дощӀэ. ЛӀэныгъэм тепщэныгъэ къыхуиӀэжкъым абы. 10 Мэссихь лӀащ, гуэныхь Ӏуэхум кӀэ ириту. Иджы гъащӀэ иӀэу, Тхьэм хуопсэу. 11 Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фэри гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ фылӀауэ икӀи Тхьэм фыхуэпсэууэ зыфлъытэж. 12 Аращи, гуэныхь щӀэным уахътэ зиӀэ фипкъхэм тепщэныгъэ яхуиӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм фахуэӀурыщӀэну иремыхъу. 13 Фи Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм гуэныхь ящӀэну бзаджагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэ фымыгъэхъу, лӀахэм къахэтэджыкӀыжа цӀыхухэм фахуэдэу Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Фэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэри щыпкъагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэу Тхьэм хуэвунэтӀ. 14 Гуэныхь щӀэным тепщэныгъэ къыфхуиӀэнукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъаракъым фызыщӀэтыр, атӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэр арщ. Щыпкъагъэр дгъэзэщӀэну ди пщэм илъщ 15 Сыт-тӀэ? Хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъэм дыщӀэмыту, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэм дызэрыщӀэтым щхьэкӀэ гуэныхь тщӀэну дыхуит? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. 16 Фэ фщӀэркъэ зыгуэрым и пщылӀхэм хуэдэу федэӀуэну и ӀэмыщӀэ зифлъхьэмэ, а цӀыхум пэжу фрипщылӀ зэрыхъур? Гуэныхь щӀэным фрипщылӀмэ, лӀэныгъэм и гъуэгу фрокӀуэ, ауэ Тхьэм федаӀуэмэ, щыпкъагъэ фиӀэу филъытэнущ. 17 Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Гуэныхь щӀэным фрипщылӀу фыщытащ, ауэ иджы фызыщагъэгъуэза фӀэщхъуныгъэ Ӏуэхухэм фигукӀэ зефтауэ фыхуэпэжщ. 18 Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, щыпкъагъэм и пщылӀи фыхъуащ иджы. 19 Фэ фи зэхэщӀыкӀыр зэрыримыкъуам щхьэкӀэ, нэхъ гурыӀуэгъуафӀэ хъун папщӀэ цӀыхур зэрыпсалъэ бзэкӀэ мыр нывжызоӀэ. Фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм бзаджагъэ евгъэщӀэн щхьэкӀэ фӀеймрэ бзаджагъэмрэ я ӀэмыщӀэ пщылӀу зифлъхьэу зэрыщытам хуэдэу, иджы гукъабзагъэм и гъуэгу фрикӀуэн щхьэкӀэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм щыпкъагъэм пщылӀ хуэхъуну хуэвунэтӀ. 20 Гуэныхь щӀэным фрипщылӀу фыщыщытам, щыпкъагъэр фэзыгъэгъэзэщӀэн Ӏуэху зыри щыӀакъым. 21 Абы щыгъуэ сыт фэ фи фӀагъыу къэкӀуар? Фи фӀагъыу зыри къэкӀуакъым. Иджы фызытеукӀытыхьыж апхуэдэ Ӏуэхухэм къахэкӀыр лӀэныгъэр арщ. 22 Ауэ иджы Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, Тхьэм и пщылӀи фыхъуащ. Абы фӀыуэ къыхэкӀыр гукъабзагъэм и гъуэгум фызэрырикӀуэр арщ, къыфлъысыну ӀыхьэфӀри мыкӀуэдыжын гъащӀэр арщ. 23 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь щӀэным къыхэкӀыр лӀэныгъэщ, ауэ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм къыдит тыгъэшхуэр мыкӀуэдыжын гъащӀэщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden