Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэм фӀыуэ къыхэкӀыр

1 Аращи, фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀэу Тхьэм декӀужауэ щытщ.

2 Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.

3 Абы и закъуэкъым: дэ тшэч гузэвэгъуэхэми дащогуфӀыкӀ, гузэвэгъуэ шэчыным теубагъэ къызэрыхэкӀыр дощӀэри.

4 Теубыдагъэм Тхьэм и гум ирихь Ӏэдэбыгъэр къыхокӀ. Ӏэдэбыгъэм Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр къыхокӀ.

5 Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.

6 Тхьэм игъэува зэманым, дэ дэӀэпыкъуэгъу дыщызэхуэмыхъужыфым, дэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм, щхьэкӀэ Мэссихь лӀащ.

7 Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхум и пӀэкӀэ зыгуэр лӀэну фӀэщщӀыгъуейщ. ЦӀыхуфӀым и пӀэкӀэ зыгуэр лӀэнкӀи хъунщ.

8 Ауэ фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэр Тхьэм мыпхуэдэу къигъэлъэгъуащ: Дэ иджыри дыгуэныхьыщӀэми, Мэссихь дэр щхьэкӀэ лӀащ.

9 Мэссихь жорым лъыуэ щыщӀэкӀам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыхъуам щхьэкӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу Мэссихь Тхьэм и губжьым дыкъыӀэщӀихыжынущ.

10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ Тхьэм дрибийуэ дыщыта пэтми, и Къуэм и лӀэныгъэмкӀэ Тхьэм езым дызригъэкӀужащ. Иджы дызэрызригъэкӀужам папщӀэ, абы нэхъри нэхъыбэжу и Къуэм и гъащӀэмкӀэ дымыкӀуэду дыкъригъэлынущ Тхьэм.

11 ДымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлыну къудейркъым – ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь Тхьэм дыщегъэгуфӀыкӀ. Мэссихьщ Тхьэм дезыгъэкӀужар.


Мэссихьрэ Ӏэдэмрэ зэрызэхуэмыдэр

12 Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкӀар зы цӀыхущ. Гуэныхьым щӀыгъуу лӀэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цӀыху псоми гуэныхь зэращӀам щхьэкӀэ лӀэныгъэр я Ӏыхьэ хъуащ.

13 Торэт хабзэр къэкӀуэн и пэкӀэ гуэныхьыр дунейм тетт. Ауэ хабзэ унафэхэр щыщымыӀэм, Тхьэм цӀыхухэм гуэныхьхэр яхуилъытэркъым.

14 АрщхьэкӀэ Ӏэдэм зи цӀэм и махуэхэм къыщыщӀэдзауэ Мусэ бегъымбарым и махуэхэм нэсыху лӀэныгъэм цӀыхухэм тепщэныгъэ яхуиӀэу щытащ. Абыхэм ящӀа гуэныхьхэр Ӏэдэм зи цӀэр Тхьэм и унафэм щытекӀым абы ищӀа гуэныхьым хуэмыдэу щыта пэтми, итӀани ахэри лӀэныгъэм и тепщэныгъэм щӀэтащ. Ӏэдэмрэ Мэссихьу дунейм къэкӀуэн хуеямрэ зэдвгъэгъапщэ иджы.

15 Ӏэдэм ищӀа гуэныхьхэр Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къыдит тыгъэшхуэм хуэдэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀкӀэ цӀыху куэд лӀащ. Ауэ а гуэныхьу ищӀам нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр куэдкӀэ нэхъ инщ икӀи зы цӀыхуу Хьисэ Мэссихьым и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ цӀыхубэм ярит тыгъэшхуэр куэдкӀэ нэхъ инщ.

16 Апхуэдэуи Тхьэм и тыгъэшхуэм къыхэкӀыр а цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀам хуэдэкъым. А цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀар Тхьэм ар къуаншэу зэрилъытар арщ. ЦӀыхухэм гуэныхь куэд ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэр арщ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ ярит тыгъэшхуэр.

17 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀкӀэ лӀэныгъэм дунейм и цӀыхухэм тепщэныгъэ яхуиӀэ хъуащ. Ауэ абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэ цӀыху закъуэм, Хьисэ Мэссихь Ӏуэхуу ищӀам щхьэкӀэ цӀыхухэм тепщэныгъэ яӀэнущ. Сыту жыпӀэмэ, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм ину ящыхуэурэ, пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэм папщӀэ гъащӀэ щыпкъэр ягъуэтынурэ, тепщэныгъэ яӀэнущ.

18 Аращи, зы гуэныхь закъуэм къыхэкӀар Тхьэм цӀыху псори къуаншэу зэрилъытар арщ. Апхуэдэу, зы цӀыху закъуэм ищӀа щыпкъагъэ зыхэлъ Ӏуэхум къыхэкӀыр Тхьэм цӀыху псоми гъащӀэ яритурэ, щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэр арщ.

19 Зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэремыдэӀуам къыхэкӀкӀэ, цӀыху куэд гуэныхьыщӀэ хъуащ. Апхуэдэу, зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэредэӀуам щхьэкӀи, Тхьэм цӀыху куэдми щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ.

20 Торэт хабзэр къыщыкӀуэм, гуэныхьхэр нэхъ куэд хъуащ. Гуэныхьхэр нэхъ куэд щыхъум, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэри нэхъ ин хъуащ.

21 Аращи, цӀыхухэр гуэныхь лэжьыным и ӀэмыщӀэ илъти, лӀэныгъэр Ӏыхьэу абыхэм къалъигъэсащ Тхьэм. Апхуэдабзу Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и ӀэмыщӀэ цӀыхухэр зэрилъым щхьэкӀэ, абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ Тхьэм. Аращи, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным кыпкъырыкӀыу мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъунущ абыхэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan