Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Ибрэхьим и хъыбарым фӀэщхъуныгъэм къикӀыр къызэригъэнахуэр

1 Ди адэшхуэ Ибрэхьим теухуауэ сыт жытӀэнур? Езыр-езыру сыт илэжьар?

2 Ибрэхьим илэжьа Ӏуэхухэм щхьэкӀэ абы щыпкъагъэ иӀэу Тхьэм илъытатэмэ, Ибрэхьим зэрызыщытхъужын гуэр иӀэнт, ауэ Тхьэм дежкӀэ апхуэдэу щыткъым.

3 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм сыт хэтыр? Мыпхуэдэу хэтщ: «Ибрэхьим ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ».

4 ЦӀыху гуэрым Ӏуэху щищӀэкӀэ, лэжьапщӀэр тыгъэу къратыркъым, атӀэ къилэжьащи, кърат.

5 ФӀыщӀагъэхэм ящымыгугъ цӀыхуу ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм и Ӏуэхур зытетыр мыращ: Гуэныхь зыщӀа цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэн зылъэкӀ ТхьэмкӀэ а цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ.

6 Аращ фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху хэмылъу, Тхьэм щыпкъагъэ зиӀэу илъытэ цӀыхур гъуэгу махуэ теувауэ Даут пащтыхьым щӀыжиӀар:

7 «Зи щӀэпхъаджагъэхэр Тхьэм зыхуигъэгъуауэ, зи гуэныхьхэр зыхуигъэкӀуэда цӀыхухэр гъуэгу махуэ теуващ.

8 Зиусхьэным зи гуэныхьхэр зыхуимылъытэ цӀыхур гъуэгу махуэ теуващ».

9 Гъуэгу махуэ теувахэр сунэт ящӀахэм я закъуэ, е сунэт ямыщӀахэри яхэт абыхэм? Сунэт ямыщӀахэри яхэтщ, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащи.

10 Тхьэм Ибрэхьим щыпкъагъэ иӀэу щилъытар Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ е и ужь? И ужькъым, и пэщ.

11 Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар къэзыгъэлъагъуэ мыхъуру икӀи дамыгъэу сунэт щӀыныр абы къыхуигъэнащ. А Ӏуэхур апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим сунэт ямыщӀа цӀыхуу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм адэ хуэдэу яхуохъу, Тхьэм абыхэми щыпкъагъэ яӀэу илъытэн щхьэкӀэ.

12 Ибрэхьим сунэт ящӀа цӀыхухэми адэ хуэдэу яхуохъу. Абыхэми адэ хуэдэу щӀахуэхъур ахэр сунэт зэращӀа къудейм щхьэкӀэкъым, ахэр Ибрэхьим и лъэужьым техьауэ, ар сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгуу зрикӀуам ахэри зэрырикӀуэм щхьэкӀэщ.


Ибрэхьим Тхьэм зэрыщыгугъам щхьэкӀэ Тхьэм ар къызэригъэгугъар къылъысащ

13 Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къигъэгугъащ щӀылъэр я ӀыхьэфӀу къызэралъысынумкӀэ. Ибрэхьим Торэт хабзэм итхэр игъэзэщӀауэ аракъым Тхьэм а ӀыхьэфӀымкӀэ щӀигъэгугъар, атӀэ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар арщ.

14 Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр къызылъысынухэр Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэр аратэмэ, абы щыгъуэ фӀэщхъуныгъэр пщӀэншэ хъунут, Тхьэм къызэригъэгугъами уасэ иӀэнутэкъым.

15 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм Тхьэм и губжьыр къехь, ауэ хабзэ унафэ здэщымыӀэм хабзэм текӀынри щыӀэкъым.

16 Аращи, Тхьэм къигъэгугъахэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. Апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм дыкъызэригъэгугъахэр абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къызэрыдитыр нахуэ хъун, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псоми Тхьэм къызэригъэгугъахэр ягъуэтын щхьэкӀэщ. Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхуу жыхуэсӀэхэр Торэт хабзэм тетхэм я мызакъуэу, Торэт хабзэм темыту Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэу иӀам хуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри арщ. Пэжщ, Ибрэхьим дэ псоми ди адэ хуэдэу щытщ,

17 Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀауэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Лъэпкъ куэдым адэ уахуэхъуну узгъэуващ». Тхьэм дежкӀэ Ибрэхьим дэ псоми ди адэщ. Тхьэращ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀар – Тхьэуэ лӀахэр къэзыгъэхъужым, и лъэкӀыныгъэкӀи щымыӀэ Ӏуэхухэр къэзыгъэхъум.

18 ГугъапӀэ щыщымыӀэжым, Ибрэхьим Тхьэм щыгугъыу, фӀэщхъуныгъэ иӀащ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр уафэм и вагъуэхэм хуэдизу бэгъуэнущ», жиӀэу Тхьэм абы къызэрыжриӀэгъам хуэдабзэу, Ибрэхьим лъэпкъ куэдым адэ яхуэхъуащ.

19 И фӀэщхъуныгъэм зыри хэмыщӀауэ, езыр лӀэн гъунэгъу зэрыхъуами еплъакъым, илъэсищэм нэблэгъат, Сарэ бын зэримыӀэфынуми еплъакъым.

20 ФӀэщхъуныгъэ иӀэти, Тхьэм къызэригъэгугъамкӀэ шэч ищӀакъым. И фӀэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъури, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ.

21 Тхьэм къызэригъэгугъар игъэзэщӀэн зэрылъэкӀынум зэи шэч къытрихьакъым.

22 ТхьэмкӀэ апхуэдизу фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ.

23 «Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ» жыхуаӀэ псалъэхэр зытеухуар Ибрэхьим и закъуэкъым,

24 дэри къыттеухуащ. Тхьэм дэри щыпкъагъэ диӀэу дилъытэнущ – дэри, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэнущ.

25 Дэ гуэныхь зэрытщӀам щхьэкӀэ Тхьэм Хьисэ ажалым ӀэщӀилъхьащ, дэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan