Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 Журту ущытыныр сыткӀэ зэрынэхъыфӀыр? Е сунэт уащӀыным сыт фӀагъыу къыхэкӀыр?

2 Лъэныкъуэ псомкӀи фӀагъыу къыхэкӀыр куэду инщ. Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыӀэщӀилъхьар журтхэр арщ.

3 Абыхэм ящыщ зыкъом мыщыпкъэу къыщӀэкӀамэ, абыхэм я мыщыпкъагъэм Тхьэм и щыпкъагъэр игъэкӀуэдыжыфыну?

4 Хьэуэ, игъэкӀуэдыжыфынукъым. Тхьэр сыт щыгъуи щыпкъэщ, ауэ дэтхэнэ цӀыхури пцӀыупсщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, Тхьэ, псалъэу къыжыпӀэхэмкӀэ узахуэщ, уагъэкъуаншэми, уи щыпкъагъэр нахуэ хъунущ».

5 Ди бзаджагъэм Тхьэр зэрыщыпкъэр нэхъ къигъэнахуэмэ, сыт жытӀэнур? И губжьыр къыщытлъыскӀэ, Тхьэр мызахуэу жытӀэну? Ахэр цӀыхубзэкӀэ къыжызоӀэ.

6 Хьэуэ, ар хъуххэнукъым. Тхьэр захуэщ. Тхьэр мызахуэмэ, дунейм и цӀыхухэм дауэ хьэкум ятрищӀыхьыфыну?

7 Зыгуэрым мыпхуэдэу жиӀэнкӀэ хъунущ: «Сэ си мыщыпкъагъэм Тхьэр зэрыщыпкъэр нэхъ къыхигъэщу, Тхьэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм нэхъыфӀу къаригъэлъагъумэ, гуэныхь зыщӀэм хуэдэу Тхьэм сыт сыщӀигъэкъуэншэнур?»

8 ИкӀи фӀы къыхэкӀын щхьэкӀэ, бзаджэ тщӀэн хуей? А псалъэ дыдэхэр ди жьэм къыжьэдэкӀауэ жаӀэурэ, цӀыху гуэрхэр ӀейкӀэ къыттопсэлъыхь. Тхьэм апхуэдэ цӀыхухэм яхуэфащэр яригъэпшыныжынущ.


Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху щыӀэкъым

9 ИтӀанэ, дэ, журтхэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм нэхърэ дынэхъыфӀ? Хьэуэ, дэ зыкӀи дынэхъыфӀкъым. Журт псори нэгъуэщӀ лъэпкъ псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэ зэрилъыр къэдгъэнэхуащ,

10 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху зыри щыӀэкъым.

11 ЗэхэщӀыкӀ зиӀэ цӀыхуи щыӀэкъым, Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэ цӀыхуи щыӀэкъым.

12 Псори Тхьэм и гъуэгу текӀащ; псоми пщӀэ ямыӀэж хъуащ. ФӀы ищӀэуи зыри щыӀэкъым.

13 Я джийхэр щхьэ зытемылъ кхъэлэгъунэ фӀейхэм яхуэдэщ. Я бзэхэмкӀэ цӀыхухэр къагъапцӀэ. Блэм и щхъухьыр я бзэгупэм телъщ.

14 Я жьэхэми хъуэнэным и дыджыр яжьэдэзщ.

15 ЦӀыхум и лъыр ягъэжэн щхьэкӀэ, а цӀыхухэр зэхэзожэ.

16 Дэнэ кӀуэми, цӀыхухэр щагъэкӀуэд икӀи гугъуехь щрагъэшэч.

17 ЗэкӀужыныгъэм и гъуэгур ящӀэркъым.

18 Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум илъкъым».

19 Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,

20 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


ЦӀыхухэм фӀэщхъуныгъэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэ зэрыхъур

21 Торэт хабзэм и Ӏуэху хэмылъу, Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къигъэнэхуащ иджы. Торэт хабзэмрэ бегъымбархэм къыжаӀахэмрэ а гъуэгум щыхьэт хуохъу.

22 Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэм и гъуэгуращ Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щыпкъагъэ яӀэу елъытэ Тхьэм. ЦӀыхур зэхэгъэж ищӀынукъым абы,

23 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми гуэныхь ящӀащ, Тхьэм деж къикӀ щӀыхьышхуэмкӀи Ӏыхьэ яӀэкъым.

24 Мэссихь Хьисэ абыхэм я щхьэхэр зэрищэхужам щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу елъытэ.

25 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр абы и лъыуэ жорым щыщӀэкӀынумкӀэ Тхьэм езым зригъэкӀужын щхьэкӀэ, Хьисэ къурмэныпхъэу игъэуващ. Тхьэр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэну аращ Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гущабэщи, пасэм цӀыхухэм гуэныхьу ящӀахэр яригъэпшыныжыгъакъым.

26 Абы нэмыщӀу, Тхьэм Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар иджырей зэманым езыр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэн щхьэкӀэщ: Езым щыпкъагъэ зэриӀэри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэри Тхьэм апхуэдэу къегъэлъагъуэ.

27 Абы щыгъуэ дызэрызыщытхъужыр къэна? Хьэуэ, къэнакъым. Дэтхэнэ хабзэра ар жызыӀэр? Дэ тщӀэн хуей Ӏуэхухэр жызыӀэ хабзэра? Хьэуэ, фӀэщхъуныгъэм и хабзэрщ.

28 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэр ди фӀэщ мэхъу. Торэт хабзэм и Ӏуэху абы хэлъкъым.

29 Тхьэр журтхэм я закъуэ зи Тхьэр, е нэгъуэщӀ лъэпкъхэми я Тхьэуи щыт? НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я Тхьэуи щытщ.

30 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, щыӀэкъым. Сунэт ящӀахэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытынущ, сунэт ямыщӀахэми я фӀэщхъуныгъэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэнущ.

31 Апхуэдэу жытӀэмэ Торэт хабзэр фӀэщхъуныгъэмкӀэ дгъэкӀуэдрэ? Хьэуэ, дгъэкӀуэдыркъым, атӀэ Торэт хабзэр догъэщыпкъэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan