ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм цӀыхухэм хьэкум зэратрищӀыхьыр захуагъэкӀэщ 1 Уэ хэт ущыщми, нэгъуэщӀ зыгуэр бгъэкъуаншэмэ, зызэрыбгъэхеижын зыри щыӀэкъым. Адрейр зэрыбгъэкъуаншэмкӀэ уэ зыбогъэкъуэншэж, адрейр зэрыбгъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уэри уолэжьри. 2 Апхуэдэ Ӏуэху зылэжьхэм Тхьэм щыпкъагъэм тету хьэкум зэратрищӀыхьынур дощӀэ. 3 Ауэ а Ӏуэхухэр зылэжьхэр уэ бгъэкъуаншэу щыт пэтми, итӀани абыхэм ящӀам хуэдэ уэри пщӀэмэ, Тхьэм хьэкум къыптримыщӀыхьыну уи гугъэрэ? 4 Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ? 5 Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ. 6 Тхьэм хэти и Ӏуэхухэм яхуэфащэр иритынущ. 7 ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ. 8 Ауэ цӀыху ерыщу, щыпкъагъэм хуэмыӀурыщӀэу, бзаджагъэм хуэӀурыщӀэхэм Тхьэм и губжьышхуэр къалъигъэӀэсынущ. 9 Тхьэм бзаджагъэ зыщӀэ дэтхэнэми гузэвэгъуэрэ гухэщӀрэ къылъигъэӀэсынущ, япэщӀыкӀэ журтым, итӀанэ мыжуртым. 10 Ауэ Тхьэм фӀы зыщӀэ дэтхэнэми щӀыхьи, лъытэныгъи, гузэгъэгъуи къылъигъэӀэсынущ, япэщӀыкӀэ журтым, итӀанэ мыжуртым. 11 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр цӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу щытщ. 12 Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэ зимыӀэу, гуэныхь зыщӀа цӀыху псоми, Торэт хабзэр ямыӀауэ щыт пэтми, кӀуэдыжынущ ахэр. Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэту, гуэныхь зыщӀа цӀыху псори Торэт хабзэм тету Тхьэм игъэкъуэншэнущ. 13 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэхэзыххэр аракъым Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр, Торэт хабзэр зыгъэзащӀэхэращ. 14 Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Торэт хабзэр зимыӀэхэм гурыӀуэныгъэу яхэлъымкӀэ Торэт хабзэр щагъэзащӀэкӀэ, Торэт хабзэр яхэмылъ пэтми, хабзэр зыхуэдэр зэращӀэр къагъэлъагъуэ, 15 Торэт хабзэм и унафэхэр я гум итхауэ зэрилъыр а цӀыхухэм наӀуэ ящӀри. Апхуэдэу зэрыщытым ягухэр щыхьэт хуохъу, а цӀыхухэм я гупсысэхэмкӀи зэ загъэкъуаншэ, зэ загъэхей. 16 А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ. Журтхэмрэ Торэт хабзэмрэ 17 «Сэ сыжуртщ», жыбоӀэ. Торэт хабзэм ущогугъ, икӀи «Тхьэр сощӀэ», жыпӀэурэ узыщотхъуж. 18 Торэт хабзэм итхэр зэрыуагъэщӀам щхьэкӀэ Тхьэр зыхуейр уощӀэ, фӀыр зыхуэдэри зэхэпщӀыкӀын плъэкӀынущ. 19 ЩӀэныгъэ псори щыпкъагъэ псори зэрыт Торэт хабзэр уи Ӏэм ӀэщӀэлъу, нэфхэм урагъуазэу, кӀыфӀыгъэм хэтхэми уранэхуу зыболъытэж. 20 ЩӀэныгъэ зимыӀэхэр зыгъэӀущынур уэрауэ, ныбжьыщӀэми Ӏуэхухэр езыгъэщӀэнур уэрауэ уигугъэжщ. 21 НэгъуэщӀ цӀыхухэм Ӏуэхухэр ябогъащӀэ, ауэ уэ уи щхьэм ебгъэщӀэжрэ? 22 ЦӀыхухэм мыдыгъуэну яжыбоӀэ, уэ уи щхьэкӀэ удыгъуэрэ? «Зинэ умыщӀэ», цӀыхухэм яжыбоӀэ, уэ уи щхьэкӀэ зинэ пщӀэрэ? Тхьэ нэпцӀхэм я сурэтхэр зупэсыркъым, ауэ тхьэ нэпцӀхэм я сурэтхэр зыщӀэт унэхэр уэ уи щхьэкӀэ пхъунщӀэркъэ? 23 Торэт хабзэр зэрыуиӀэм щхьэкӀэ узыщотхъуж, ауэ Торэт хабзэм итхэм узэрытекӀымкӀэ Тхьэр бгъэпудрэ? 24 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Фэ фи лажьэкӀэ хамэ лъэпкъхэм щыщхэм Тхьэм и цӀэр ягъэулъий». 25 Сунэт уащӀауэ ущытыным пщӀэ иӀэщ, Торэт хабзэм итхэр щыбгъэзащӀэкӀэ. Ауэ Торэт хабзэм итхэм уатекӀмэ, сунэт уащӀа пэтми, сунэт ямыщӀам ухуэдэщ. 26 Сунэт ямыщӀа цӀыхум Торэт хабзэм и унафэхэр игъэзащӀэмэ, сунэт ямыщӀа пэтми, Тхьэм ар сунэт ящӀа цӀыхум хуэдэу ибжынукъэ? 27 Абы щыгъуэ сунэт ямыщӀа цӀыхуу Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм уэ, сунэт ящӀар, уигъэкъуэншэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэу тхар уэ уи Ӏэм ӀэщӀэлъ икӀи сунэт уащӀа пэтми, Торэт хабзэм итхэм уатокӀри. 28 И теплъэкӀэ журтым хуэдэракъым журт пэжу щытыр, сунэту пкъым къыхэщу ящӀри аракъым сунэт пэжу щытыр. 29 Журт пэжу щытыр зигукӀэ журту щытыр арщ. Сунэт пэжу щытыр сунэту гум илъыр арщ. Ар къызыхэкӀыр тхар аракъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. Апхуэдэ цӀыхум и щӀыхьыр цӀыхум деж къикӀыркъым, атӀэ Тхьэм дежщ къыздикӀыр. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden