Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ФӀэхъус

1 Ди шыпхъуу Фэбэ зи цӀэу, Кенхрей къалэм и члисэ зэхуэсым дэӀэпыкъуэгъу хуэхъум, фи пащхьэм сыщыщытхъуну сыхуейщ.

2 Зиусхьэныр абы и псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрырагъэблэгъэн хуейм хуэдэу евгъэблагъи, зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэдым, сэри сахэту, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар.

3 Прискиллэрэ Акилэрэ, Хьисэ Мэссихь си гъусэу хуэлажьэхэм, фӀэхъус схуефхыж.

4 Абыхэм си псэр мыкӀуэду кърагъэлын щхьэкӀэ, езыхэм я псэхэм щысхьыжакъым. Абыхэм фӀыщӀэ яхуэзыщӀыр си закъуэкъым, хамэ лъэпкъхэм я члисэ зэхуэс псоми фӀыщӀэ щыхуащӀ. Я унэм щызэӀущӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм фӀэхъус схуефхыж.

5 ФӀыуэ слъагъу Епенет фӀэхъус схуефхыж. Ахаие хэкум МэссихькӀэ псом япэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар аращ.

6 Мэриему куэд тхуэзылэжьам фӀэхъус схуефхыж.

7 Си унэкъуэщу Андроникрэ Юнийрэ, лъэхъуэщым къыздыщӀэсу щытахэм, фӀэхъус схуефхыж. Ахэр апостол цӀэрыӀуэхэм ящыщщ. Си япэ абыхэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.

8 Мэссихь зи псэм щыщу, фӀыуэ слъагъу Амплий фӀэхъус схуефхыж.

9 Ди гъусэу Мэссихь хуэлэжьа Урбанрэ фӀыуэ слъагъу Стахийрэ фӀэхъус схуефхыж.

10 Мэссихь зи псэм щыщу, зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа Апеллэс фӀэхъус схуефхыж. Аристобул и унагъуэм исхэм фӀэхъус схуефхыж.

11 Си унэкъуэщ Иродион фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэныр зи псэм щыщу, Наркисс и унагъуэм исхэм фӀэхъус схуефхыж.

12 Зиусхьэным фӀыуэ хуэлажьэ цӀыхубзу Трифенэрэ Трифосэрэ фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэным фӀыуэ хуэлэжьа, фӀыуэ тлъагъу цӀыхубзу Персидэ фӀэхъус схуефхыж.

13 Зиусхьэным къыхиха Руфэрэ абы и анэу си анэм хуэдэу хъуамрэ фӀэхъус схуефхыж.

14 Асинкрит, Флегон, Ерм, Патров, Ермий, сыми абыхэм я гъусэу адрей къуэшхэми фӀэхъус схуефхыж.

15 Филолог, цӀыхубзу Юлие, Нирей, абы и шыпхъу Олимпан сыми, абыхэм я гъусэу Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус схуефхыж.

16 ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфххэ. Мэссихь и члисэ зэхуэс псоми фӀэхъус къывахыж.


Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр

17 Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.

18 Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.

19 ХъыбарыфӀым фызэредаӀуэм и гугъу цӀыху псоми зэхахащ. Сэ сыфщогуфӀыкӀ, ауэ фӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀынуи, бзаджагъэ лъэпкъ фи щхьэм къимыхьэнуи сыхуейщ.

20 Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.

21 Си лэжьэгъу Тимофей, си унэкъуэщу Луций, Иасон, Сосипатер сымэ фӀэхъус къывахыж.

22 Тертийуэ Паул мы тхылъыр зригъэтхыр сэращ. Зиусхьэныр си псэм щыщу фӀэхъус фызох.

23 Гайуэ, сэ, Паул, си бысымми, члисэ зэхуэсым зэкӀэ ди бысымми фӀэхъус къывехыж. Къалэм и ахъшэр зи ӀэмыщӀэ илъ Ерастрэ ди къуэш Квартрэ фӀэхъус къывахыж.

24 Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan