ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Ди щхьэракъым ди фӀагъ зэдгъэкӀын хуейр, атӀэ ди гъунэгъуращ 1 Дэ, фӀэщхъуныгъэшхуэ зиӀэхэр, ди фӀагъым и ужь димыту, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я хьэлъэхэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ. 2 Дэ тщыщу хэти и гъунэгъум фӀы хуищӀэурэ, арэзы ищӀын хуейщ, гурэ псэкӀи нэхъ лъэкӀыныгъэ иригъэгъуэтын хуейщ. 3 Мэссихьи езым и фӀагъ зригъэкӀыжакъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, си Тхьэм, къыпхущӀэджащ, ауэ жаӀахэр сэ къыстехуащ». 4 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт псори щӀатхар щыпкъагъэр дагъэщӀэн щхьэкӀэщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм шыӀэныгъэрэ гушхуэныгъэрэ диӀэ ягъэхъуурэ, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дыщагъэгугъ. 5 Теубыдагъэрэ гушхуэныгъэрэ къыдэзыт Тхьэм, зы гупсысэкӀэ фиӀэу, Мэссихь Хьисэ и гъуэгу фрикӀуэу фрегъэпсэу. 6 Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм зыгурэ зы псэкӀэ фи жьэм къыжьэдэкӀыурэ щӀыхьышхуэ хуэфщӀынущ. 7 Аращи, фэ Мэссихь фызэридам хуэдэу, фэри зым зыр вдэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ. 8 Сэ жызоӀэ, и фӀагъ журтхэм яригъэкӀын щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь къэкӀуащ. И фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар ди адэшхуэхэр Тхьэм къызэригъэгугъэгъа Ӏуэхухэр Хьисэ, пэжу къыщӀигъэкӀыжэурэ Тхьэм и щыпкъагъэр ригъэлъагъун щхьэкӀэщ. 9 Абы нэмыщӀуи, Хьисэ и фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар хамэ лъэпкъхэм Тхьэм и гущӀэгъум папщӀэ щӀыхь хуаригъэщӀын щхьэкӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Абы щхьэкӀэ, уэ, си Зиусхьэн, хамэ лъэпкъхэм сахэту уи щӀыхьыр сӀэтынущ, щӀыхь уэрэдхэри уи цӀэкӀэ къыжысӀэнущ». 10 Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэуи хэтщ: «Фэ, хамэ лъэпкъхэр, Тхьэм и лъэпкъым фригъусэу фыгуфӀэ». 11 Мыпхуэдэуи Тхьэм и псалъэхэм яхэтщ: «Фэ, хамэ лъэпкъ псоми, Зиусхьэным и щӀыхьыр фӀэт, фэ, лъэпкъ псоми, и щӀыхьыр фӀэт». 12 Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Иессе къытехъукӀыну бын лъапӀэр къэкӀуэнурэ, хамэ лъэпкъхэм Ӏэтащхьэ яхуэхъунущ. Хамэ лъэпкъхэр абы щыгугъыурэ пэплъэнущ». 13 ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфӀэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкӀэ. Паул гушхуэныгъэ хэлъу тхэ зэрыхъуар 14 Си къуэшхэ, фи гум фӀыгъуэшхуэ зэрилъымкӀи, щӀэныгъэшхуэ зэрывиӀэмкӀи, зым адрейм Ӏуэхухэр иригъэщӀэн зэрыфлъэкӀымкӀи дзыхь фхузощӀ. 15 Апхуэдэу щытми, мы Ӏуэхухэр фи гум къэзгъэкӀыжыну щӀыпӀэ-щӀыпӀэкӀэрэ сытегушхуауэ ныфхузотх, хэчыхьауэ. Сытегушхуауэ щӀэстхыр хамэ лъэпкъхэм я деж Хьисэ Мэссихь сыщыхуэлэжьэну Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ сыкъызэригъэувар арщ. 16 Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ. 17 Хьисэ Мэссихь си псэм щыщу, Тхьэм хуэсщӀа Ӏуэхум сыщогуфӀыкӀ. 18-19 Си псалъэхэмкӀи, злэжьа ӀуэхухэмкӀи, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хамэ лъэпкъхэр Тхьэм езгъэдэӀуэну Мэссихь сигъэщӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыну сытегушхуэркъым. Ерусалим къыщыщӀэдзауэ Иллирик хэкум нэсыху, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм нэсауэ ялъэзгъэӀэсащ. 20 НэгъуэщӀ цӀыху гуэрым игъэтӀылъа лъабжьэм си Ӏуэхур тезмыщӀыхьу, Мэссихь и цӀэр щызэхамыха щӀыпӀэхэм хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щалъэзгъэӀэсыну сыт щыгъуи и ужь ситщ. 21 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Езым и хъыбар зи деж нэмысахэм езыр ялъагъунущ, и хъыбар зэхэзымыхахэми зэхащӀыкӀынущ». Паул Рим къалэм кӀуэн зэримурадар 22 Аращ, фи деж сынэкӀуэну и ужь куэдрэ сита пэтми, къыщӀызэмыхъулӀар. 23 Ауэ иджы мы лъэныкъуэм сэркӀэ Ӏуэху щымыӀэжу, илъэс куэд хъуауэ фи деж сынэкӀуэну сызэрыхуеям къыхэкӀкӀэ, 24 Испание къэралым сыщыкӀуэкӀэ, фи деж сыныдыхьэнущ. Гъуэгу сынытехьэмэ, сыныфхыхьэу фыслъагъуну икӀи фи ныбжьэгъугъэм си гур игъэзагъэу гъуэгупщӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъуну сыфщогугъ. 25 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу зэрахуэхъун ахъшэр яхуэсхьу Ерусалим сыкӀуэну сигу илъщ. 26 Македоние, Ахаие хэкухэм щыпсэууэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ящыщ тхьэмыщкӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ, ахъшэ зэхадзэну я гуапэу мурад ящӀащ. 27 ДэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну я гуапэу мурад ящӀащ, ядэӀэпыкъунуи я пщэм дэлъщ. Тхьэм журтхэр зэригъэгугъа ӀыхьэфӀым щыщ хамэ лъэпкъхэми яӀэ хъуащ. Аращи, хамэ лъэпкъхэми мы дунейм и мылъку ӀыхьэфӀу яӀэмкӀэ я фӀагъ журтхэм ирагъэкӀын хуейщ. 28 А Ӏуэхур згъэзащӀэу, ахъшэ зэхадзар Ерусалим дэсхэм яӀэщӀэслъхьа нэужь, фи деж сыныдыхьэнурэ, итӀанэ Испанием сыкӀуэнущ. 29 Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм сыщӀыгъуу сынызэрыкӀуэнур сощӀэ. 30 Си къуэшхэ, мыбыкӀэ сыныволъэӀу: ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ фӀылъагъуныгъэм щхьэкӀи, гъусэ фыкъысхуэхъуи, Тхьэм фи фӀэщу фысхуелъэӀу. 31 Иудей хэкум ису фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм Тхьэм сащихъумэнуи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм дэӀэпыкъуэгъу зэрахуэхъун ахъшэу яхуэсхьынур гуапэ ящыхъунуи Тхьэм фелъэӀу. 32 Абы щыгъуэ, Тхьэм жиӀэмэ, фи деж гуфӀэгъуэкӀэ сынэкӀуэнщи, сывигъусэу зызгъэпсэхужынщ. 33 Гузэгъэгъуэр къыдэзыт Тхьэр фрегъусэ. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden