ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Фи къуэшыр фымыгъэкъуаншэ 1 ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэр гъусэ фщӀы, и Ӏуэху еплъыкӀэкӀэ фемыныкъуэкъуу. 2 Зы цӀыхум сыт ищӀысри ишхыну зэрыхуитымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ, ауэ фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэм хадэхэкӀхэм фӀэкӀа ишхыркъым. 3 Шхэм мышхэр зэримыпэсу хъунукъым. Мышхэми шхэр игъэкъуаншэ хъунукъым, Тхьэм а цӀыхури идащи. 4 Уэ хэт ухъуну, нэгъуэщӀ цӀыхум хуэлажьэр бгъэкъуэншэну? Ар гъуэгу пэжым тетми темытми, езым и Зиусхьэным и Ӏуэхукъэ? Ари гъуэгу пэжым тетынущ, Зиусхьэным тригъэтын лъэкӀынущи. 5 Зы цӀыхум махуэ гуэр нэхъ егъэлъапӀэ, адрей цӀыхум махуэ псори и зэхуэдэщ. Хэти и гум зэрыжиӀэм тету псэун хуейщ. 6 Махуэ гуэр зыгъэлъапӀэм Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну а махуэр егъэлъапӀэ. ЗымыгъэлъапӀэми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну апхуэдэу ещӀ. Сыт ищӀысри зышхми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну ешх, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ишхым щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. Мышхэр Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀын щхьэкӀэщ щӀэмышхэр, абыи Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. 7 Зы цӀыхуи езым и щхьэ закъуэм щхьэкӀэ псэуркъым. Абы ещхьуи, зы цӀыхуи езым и щхьэ закъуэм щхьэкӀэ лӀэркъым. 8 Дыпсэуми, Зиусхьэным дыхуопсэу, дылӀэми, Зиусхьэным дыхуолӀэ. Аращи, дыпсэуми дылӀэми, Зиусхьэным дрейщ. 9 Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ. 10 Уи къуэшыр сыт щӀэбгъэкъуаншэр? Уэ уи къуэшыр сыт щӀызумыпэсыр? Дэ псори Тхьэм и пащхьэм диувэн хуейщ, хьэкум къыттрищӀыхьыну. 11 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Сэ сыпсэущ, жеӀэ Зиусхьэным, си пащхьэм цӀыху псори лъэгуажьэмыщхьэу къиувэнущ. Дэтхэнэ зы бзэми сэ сызэры-Тхьэр къыжиӀэнущ». 12 Апхуэдэу, дэ псори Тхьэм и пащхьэм диувэнущ, щхьэж езым щхьэкӀэ жэуап иритыну. Фи къуэшым гуэныхь евмыгъащӀэ 13 Аращи, дэ зыр зым дгъэкъуэншэн хуейкъым. Зыгъэлъэпэрэпэну мывэ е гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэху гуэр фи къуэшым и гъуэгум тевмылъхьэну фи гум теубыдагъэ илъын хуейщ. 14 Зиусхьэну Хьисэ си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ шхын гуэр зэрымыхьэрэмыр сощӀэ, фӀэкӀыпӀэ имыӀэуи си фӀэщ мэхъу. Ауэ зыгуэрым хьэрэму илъытэмэ, езымкӀэ хьэрэм мэхъу. 15 Уэ шхыну пшхым щхьэкӀэ уи къуэшым и жагъуэ пщӀымэ, фӀылъагъуныгъэм тету упсэуркъым. Уэ шхыну пшхымкӀэ уи къуэшу Мэссихь зыхуэлӀар зыфӀумыгъэкӀуэд. 16 Фэ фӀыуэ флъытэр цӀыхухэм Ӏейуэ ялъытэну иремыхъу. 17 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэр зытеухуар шхэнымрэ ефэнымрэкъым, атӀэ щыпкъагъэ, гузэгъэгъуэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ гуфӀэгъуэр аращ. 18 Ахэр игу илъмэ, Мэссихь хуэлажьэ цӀыхур Тхьэм и гум ирохь, цӀыхухэми я гуапэщ ар. 19 Аращи, зэгурыӀуэныгъэ къэзыхь Ӏуэхухэми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ зэрыдгъуэт Ӏуэхухэми я ужь дивгъэт. 20 Шхыным щхьэкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур умыгъэкӀуэд. Шхын псори хьэлэлщ, ауэ уэ пшхы шхынымкӀэ зыгуэрым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэмэ, гуэныхь мэхъу. 21 Лы умышхыныр, фадэ уемыфэныр, уи къуэшым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэну ухэмытыныр, е абы гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхум ухэмытыныр фӀыщ. Апхуэдэу, уи къуэшым зыри лъэмыкӀыж зыщӀ Ӏуэхуми ухэмытыныр фӀыщ. 22 Мы Ӏуэхухэм теухуауэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэр Тхьэмрэ уэрэ фяку дэлъ ирехъу. Шхын ишхым щхьэкӀэ зызымыгъэкъуэншэжыр гъуэгу махуэ теуващ. 23 Ауэ шхын ишхыр зэрыхьэлэлымкӀэ гурыщхъуэ ищӀу шхэм фӀэщхъуныгъэ имыӀэу зэрышхэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхур егъэкъуаншэ, фӀэщхъуныгъэ димыӀэу сыт ищӀыс тщӀэми, гуэныхь мэхъури. Паул Тхьэм фӀыщӀэ зэрыхуищӀыр 24 Си хъыбарыфӀу, Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀу, цӀыхур зэзгъэдаӀуэм теухуауэ, хъыбару мыухыжын лъэхъэнэхэм щыщӀэдзауэ Тхьэм щэхуу къигъэнауэ, ауэ иджы къигъэнэхуам тету Тхьэм фигухэр игъэбыдэн лъэкӀынущ. 25 Тхьэуэ мыкӀуэдыжынум и унафэкӀэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм а хъыбарыр къагъэнэхуэурэ, ирагъэщӀащ иджы, лъэпкъ псоми ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъууэ езым едэӀуэн щхьэкӀэ. 26 АкъылыфӀагъэ зиӀэ Тхьэ закъуэм Хьисэ Мэссихь илэжьам щхьэкӀэ мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр ейщ. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden