ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тепщэныгъэ зиӀэхэм фахуэӀурыщӀэ 1 Тепщэныгъэ зиӀэхэм яхуэӀурыщӀэу щрет хэти. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм имыухамэ, зыми тепщэныгъэ иӀэ хъунукъым. Тепщэныгъэ зиӀэу щыӀэхэр зыгъэувар Тхьэрщ. 2 Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм япэув цӀыхур Тхьэм игъэува цӀыхухэращ зыпэувыр. Апхуэдэу зыщӀэхэм къуаншагъэ зылъагъэсыж. 3 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀыгъуэ зыщӀэхэр тепщэныгъэ зиӀэхэм ящышынэнкъым, бзаджагъэ зыщӀэхэрщ абыхэм ящышынэн хуейр. Тепщэныгъэ зиӀэхэм уащымышынэну ухуей? ФӀыгъуэ лэжь, ахэр къыпщытхъужынущ. 4 И фӀагъ къыуигъэкӀыну, тепщэныгъэ зиӀэр Тхьэм и лӀыщӀэщ. Ауэ бзаджагъэ пщӀэмэ, абы ущышынэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тепщэныгъэ зиӀэм джатэр пщӀэншэу иӀыгъкъым. БзаджащӀэхэм яхуэфащэ гугъуехьыр ятрилъхьэну, ар Тхьэм хуолажьэ. 5 Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм уахуэӀурыщӀэн щӀыхуейр къыпхуэфащэ гугъуехьыр Тхьэм къыптрилъхьэнкӀэ узэрыщышынэ къудейр аракъым, атӀэ уахуэӀурыщӀэну зэрытэрэзыр уигукӀэ зэрыпщӀэри абы хэтщ. 6 Аращ хьэкътын ахъшэр абыхэм щӀефтыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тепщэныгъэ зиӀэхэм а Ӏуэхур щагъэзащӀэкӀэ, Тхьэм хуолажьэ. 7 Аращи, цӀыху псоми яхуэфащэр ефтыж. ЦӀыхухэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ар ефтыж; хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ари ефтыж; гъэлъэпӀэныгъэрамэ, вгъэлъапӀэ; лъытэныгъэрамэ, лъытэныгъэ яхуэфщӀ. Зэш хуэдэ фӀыуэ фызэрылъагъу 8 ФӀыуэ фызэрылъагъуным и щӀыхуэм нэмыщӀ, зым и щӀыхуи зытевмыгъэлъ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гъунэгъур фӀыуэ зылъагъум Торэт хабзэр егъэзащӀэ. 9 «Зинэ умыщӀэ», «ЦӀыху умыукӀ», «Умыдыгъуэ», «НэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы тумылъхьэ», «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ» унафэхэмрэ адрей унафэ псомрэ къызэщӀэзубыдэр мыращ: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу». 10 Зи гъунэгъур фӀыуэ зылъагъум и ягъэ иригъэкӀыркъым. Аращи, фӀылъагъуныгъэ уиӀэмэ, Торэт хабзэр бгъэзащӀэу арщ. Мэссихь дунейм къыщытехьэжыну махуэр къэблэгъащ 11 Аращи, апхуэдэу фыпсэу. Зэманыр здынэсар фощӀэ, фыкъыщыушын хуей сыхьэтыр къэблэгъащ. ФӀэщхъуныгъэ диӀэ щыхъуа махуэм нэхърэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкъыщригъэлыну махуэр иджы нэхъ ди гъунэгъу хъуащ. 12 Жэщыр хэкӀуэтащ, махуэр къэблэгъащ. КӀыфӀыгъэм и Ӏуэху бзаджэхэр лъэныкъуэ едвгъэгъэз, нэхум и Ӏэщэхэр къэдвгъащтэ. 13 Махуэм и нэхум хэт цӀыхухэм яхуэдэу, хабзэм тету дывгъэпсэу; щхьэрутӀыпщу фэ ешхэн-ефэным зыдедвмыгъэхьэх, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэм, зэщыхьэным, фыгъуэным дыхэвмыгъэт. 14 Ауэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фи фащэ ирехъу, фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми фахуэмыӀурыщӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden