ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Мэссихь ди псэм щыщу дызэрыпсэун хуейр 1 Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр. 2 Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ. 3 Тхьэм и нэфӀыр сэ къызэрысщыхуам щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэми жызоӀэ: зыкъыфӀэмыщӀыж икӀи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фӀэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщӀыкӀ уиӀэу зэплъыж. 4 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр куэдщ, ауэ а псоми ялэжь Ӏуэхухэр зыкъым. 5 Апхуэдэу, дэри куэд дыхъуми, Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, зыпкъ закъуэ дохъу, дэтхэнэ зыри адрейхэм ящыщщ. 6 Тхьэм и нэфӀыр хэти къызэрыщыхуам тещӀыхьауэ лъэкӀыныгъэ зэхуэмыдэхэр диӀэщ. Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым и гум кърилъхьэурэ, ахэр къыжиӀэну лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум фӀэщхъуныгъэу иӀэм тещӀыхьауэ Тхьэм и псалъэхэр къыжреӀэ. 7 И фӀагъ цӀыхухэм яригъэкӀыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум и фӀагъ абыхэм ярырегъэкӀ. ЦӀыхухэм Ӏуэхухэр яригъэщӀэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум абыхэм ярырегъащӀэ. 8 ЦӀыхухэр игъэгушхуэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, ирегъэгушхуэ. ИӀэр цӀыхухэм ядигуэшыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, и гуапэу ядрегуэш. УнафэщӀу лэжьэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, унафэщӀу ирелажьэ жану. ЦӀыхухэм гущӀэгъу яхуищӀыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, псэ хьэлэлкӀэ гущӀэгъу яхурещӀ. ФӀылъагъуныгъэр 9 Фи фӀылъагъуныгъэр пэж ирехъу. Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зыфщӀ, фӀыгъуэм и ужь фит. 10 Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ. 11 Жыджэрагъышхуэ зыхэвгъэлъ зэпыт, Зиусхьэным фыхуэлэжьэным гурэ псэкӀэ зефт. 12 Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхугъуэхэм фащыгуфӀыкӀ. Гугъуехь фрихьэлӀэмэ, зыхуэвгъэщэч. Тхьэм фелъэӀу зэпыт. 13 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр зыгуэр хуэныкъуэмэ, фадэӀэпыкъу. ХьэщӀэр зэрывгъэлъэпӀэным фыхущӀэкъу. 14 Гугъуехь фэзыгъэшэчхэм Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу. Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу, ахъумэ фемыбг. 15 ГуфӀэхэм фадэгуфӀэ, гъыхэми фадэгъ. 16 Фи акъыл зэтрехуэ. Фымыпагэ, цӀыху цӀыкӀухэми ныбжьэгъу захуэфщӀ. ЗыкъыффӀэмыщӀыж. 17 Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпэмыувыж. ЦӀыху псоми фӀыуэ ялъытэр зэрыфщӀэным и ужь фит. 18 Ӏэмал иӀэмэ, фи Ӏэм къикӀым хуэдизкӀэ цӀыху псоми фазэрыгурыӀуэным фыхущӀэкъу. 19 ФӀыуэ слъагъухэ, зыгуэрым бзаджагъэ къывищӀэмэ, бзаджагъэ евмыщӀэж, ауэ Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным жиӀар и псалъэ тхахэм яхэтщ: «ЦӀыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ, абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ». 20 Аращи, «Уи бийр мэжалӀэмэ, гъашхэ, псы хуэлӀэмэ, псы егъафэ; апхуэдэу пщӀымэ, фӀамыщӀ плъахэр бийм и щхьэм теплъхьэнущ». 21 Бзаджагъэр зытумыгъакӀуэу, фӀы щӀэнымкӀэ бзаджагъэм текӀуэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden