ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм израил лъэпкъым гущӀэгъу зэрыхуищӀыр 1 Аращи, сыщӀоупщӀэ: Тхьэр езым и лъэпкъым хуэмеиж хъуа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэри израил лъэпкъым сыщыщщ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм сащыщщ, Биниамин и унагъуэ лъэпкъым сыщыщщ. 2 Тхьэр езым къыхиха лъэпкъым хуэмеиж хъуакъым. Тхьэм и псалъэ тхахэм, Иляс бегъымбарым и хъыбар зэрытым деж, жиӀэр фщӀэркъэ? Иляс бегъымбарыр израил цӀыхухэм ятеухуауэ Тхьэм и пащхьэм мыпхуэдэу жиӀэурэ щытхьэусыхащ: 3 «Зиусхьэн, уи бегъымбархэр яукӀащ, уи къурмэнщӀыпӀэхэри зэхакъутащ. Сэ си закъуэу сыкъэнащ, си псэми къощэ». 4 Тхьэм Иляс сыт къыжриӀэжар? «Тхьэ нэпцӀ Ваал и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щымытӀысауэ цӀыху минибл къызыхуэзгъэнащ». 5 Иджыпстуи апхуэдэщ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ езым къыхихауэ, цӀыху мащӀэ тӀэкӀу къэнауэ щыӀэщ. 6 Тхьэм ахэр къыщӀыхихар и нэфӀ абыхэм къызэращыхуар арщ. Абыхэм ялэжьа ӀуэхуфӀхэм я дэлъ абы хэлъкъым. Апхуэдэу щымытмэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэфӀ щыхуэныгъэ хъунтэкъым. 7 Сыт-тӀэ? Израил лъэпкъым къалъыхъуар ягъуэтакъым, ауэ Тхьэм къыхиха цӀыху гупым ягъуэтащ. Къэнахэри ерыщ екӀуащ. 8 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Тхьэм ахэр гулъытэншэ ищӀащ. Я нэхэми ямылъагъуу, я тхьэкӀумэхэми зэхамыхыу ищӀащ, нобэрей махуэм къэсыху». 9 Даут пащтыхьым жиӀащ: «Абыхэм я ефэ-ешхэшхуэр лъахъи, хъыи, ахэр зыгъэлъэпэрэпэн мыви яхурехъу. Яхуэфащэр Тхьэм ярырегъэпшыныж. 10 Абыхэм ямылъагъуфыну я нэхэр Тхьэм ирегъэункӀыфӀ, тхышэ ирещӀ игъащӀэкӀэ». Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлыр 11 Аращи, сыщӀоупщӀэ: журтхэр щылъэпэрапэм джэлэпа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ журтхэр гъуэгу захуэм зэрытекӀам щхьэкӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэр мыкӀуэду къелыну Тхьэм гъуэгу яритащ, журтхэр абыхэм яригъэфыгъуэн щхьэкӀэ. 12 Журтхэр гъуэгу захуэм зэрытекӀам щхьэкӀэ дунейм тет нэгъуэщӀ цӀыхухэм фӀыгъуэ куэд къаӀэрыхьэщ икӀи журтхэм я Ӏуэхур къазэремыхъулӀам щхьэкӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм фӀыгъуэ куэд яӀэ хъуащ. Аращи, мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну журтхэм я бжыгъэр щрикъукӀэ, сыту фӀыгъуэшхуэ къыхэкӀыну абы! 13 Иджы фэ, хамэ лъэпкъхэм, вжызоӀэ: Фэ, хамэ лъэпкъхэм, фи апостол сызэрыхъуам щхьэкӀэ си Ӏуэхур согъэлъапӀэ. 14 Си Ӏуэхур щӀэзгъэлъапӀэр си лъэпкъым щыщхэр фэ хамэ лъэпкъхэм къывэзгъэфыгъуэну икӀи абыхэм ящыщ зы гуп мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну арщ. 15 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм журтхэр имыдэ щыхъум, дунейм тет нэгъуэщӀ цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ. Тхьэм журтхэр аргуэру щызришэлӀэжкӀэ, дауэ зэрыхъунур? Ар лӀахэр къызэрытэджыжынум хуэдэнущ. 16 ХупцӀынэм и япэ Ӏыхьэр Тхьэм иратмэ, хупцӀынэ псори Тхьэм ейщ. Жыгым и лъабжьэр Тхьэм еймэ, жыг къудамэхэри Тхьэм ейщ. 17 Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэхэм ящыщ гуэрхэр Тхьэм къыпищӀыкӀри, уэ, губгъуэм ит зейтун жыг къудамэм хуэдэр, адрей къудамэхэм я пӀэм удигъэкӀащ. Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэ къэнахэм уращӀыгъуу а жыгым и лъабжьэми ипсми я фӀагъ къыуагъэкӀ. 18 Аращи, Тхьэм а жыгым къыпищӀыкӀа къудамэхэм я пащхьэм деж ущызыщымытхъуж. Узыщытхъужмэ, мыр зыщыумыгъэгъупщэ: Уэ уи фӀагъ лъабжьэм ебгъэкӀыркъым, атӀэ лъабжьэм и фӀагъ уэ къыуегъэкӀ. 19 Уэ къызжепӀэнкӀи хъунщ: «Жыгым сэ сыдигъэкӀэну а къудамэхэр Тхьэм жыгым къыпищӀыкӀащ». 20 Пэжщ, абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм ахэр жыгым къыпищӀыкӀащ, ауэ уэ фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ уи пӀэм укъонэ. Аращи, зумыгъэпагэ, шынагъи зигъэӀэ. 21 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хадэм ит жыгым и къудамэхэм Тхьэр щащымысхькӀэ, уэ къыпщысхьыну? 22 Мыращ Тхьэм и фӀыгъуэмрэ и пхъашагъэмрэ: и гъуэгу текӀахэм яхуэпхъашэщ, ауэ уэ Тхьэм и фӀыгъуэм зыхыумыгъэнмэ, и фӀыгъуэр къыплъигъэсынущ. Апхуэдэу мыхъумэ, уэри а жыгым укъыпищӀыкӀынущ. 23 Журтхэми я фӀэщмыхъуныгъэр зыханэжмэ, Тхьэм ахэри жыгым дигъэкӀэжынущ, Тхьэм ахэр жыгым дигъэкӀэжын лъэкӀынущи. 24 Фэ (хамэ лъэпкъхэр) губгъуэм ит зейтун жыгым Тхьэм фыкъыпищӀыкӀри, хадэм ит зейтун жыгым фыдигъэкӀащ. Абы щыгъуэ хадэм ит зейтун жыгым и къудамэхэр (журтхэр аращ), езыхэм я жыгым дигъэкӀэжыныр Тхьэм дежкӀэ нэхъ гугъу? Тхьэм израил лъэпкъым езым деж къызэрыригъэгъэзэжыр 25 Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм. 26 Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ израил лъэпкъ псори мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур Сион къалэм къыдэкӀынущ. Ар къыщыкӀуэжкӀэ, Бзаджагъэр Екъуб и лъэпкъым хигъэкӀуэдыкӀыжынущ». 27 (ИтӀанэ Тхьэм жиӀащ:) «Мы зэгурыӀуэныгъэращ сэрэ абыхэмрэ дяку дэслъхьэнур, я гуэныхьхэр щащхьэхысхыжкӀэ». 28 Журтхэм хъыбарыфӀыр* зэрамыдам щхьэкӀэ фэ фи фӀагъ а Ӏуэхум къыхэкӀыу, Тхьэм и бий хъуащ ахэр. Ауэ Тхьэм журтхэр къызэрыхихам щхьэкӀэ фӀыуэ елъагъу, я адэшхуэхэм я хьэтыркӀэ. 29 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыхухэм тыгъэхэр щариткӀэ, и бын хъунуи къыщыхуриджэкӀэ, апхуэдэу зэрищӀам хущӀегъуэжыркъым. 30 Фэ (хамэ лъэпкъхэр) Тхьэм федаӀуэу щытакъым, ауэ израил лъэпкъыр Тхьэм зэремыдэӀуам щхьэкӀэ Тхьэм гущӀэгъу къыфхуищӀащ иджы. 31 Журтхэр иджыри Тхьэм едаӀуэркъым, фэ къыфхуищӀа гущӀэгъум хуэдэ Тхьэм абыхэми къахуищӀын щхьэкӀэ. 32 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыху псори емыдаӀуэу къигъэнащ, абыхэм псоми гущӀэгъу къахуищӀын щхьэкӀэ. 33 Сыту ин Тхьэм и фӀыгъуэшхуэр, и акъылъыфӀагъэшхуэр, и щӀэныгъэшхуэр! И гухэлъышхуэхэр зэхихун зыми лъэкӀынукъым. И Ӏуэхухэми я ужь ихьэн зыми лъэкӀынукъым. 34 «Хэт Зиусхьэным и гум илъыр зыщӀэр? Хэт абы чэнджэщэгъу хуэхъуар? 35 Хэт Тхьэм зыгуэркӀэ етар, Тхьэм абы тыгъэ къритыжыну?» 36 Ӏуэху псори Тхьэм и Ӏэм къикӀащ. И лъэкӀыныгъэкӀэ икӀи и щӀыхьышхуэм щхьэкӀэ Ӏуэху псори къэхъуащ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр Тхьэм ейщ. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden