ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ 1 Си къуэшхэ, си гур зыщӀэхъуэпсри Тхьэм сызэрелъэӀу зэпытри си лъэпкъ израил мыкӀуэду къригъэлыну арщ. 2 Ягу етауэ Тхьэм зэрыхуэлажьэмкӀэ сращыхьэтщ, ауэ зэхэщӀыкӀ яӀэу хуэлажьэркъым. 3 Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым. 4 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм и гугъапӀэр Мэссихьщ икӀи Тхьэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми щыпкъагъэ иӀэу елъытэ. Тхьэм хэти мыкӀуэду къригъэлын лъэкӀынущ 5 ЦӀыхум Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу итхащ: «Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм Торэт хабзэмкӀэ гъащӀэ иӀэнущ». 6 Ауэ цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Хэт уафэм дэкӀуеинур жыпӀэу уигукӀэ жумыӀэ». (Уафэм дэкӀуеину хэтщ жыхуиӀэщ, Мэссихьу цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур къришэхын щхьэкӀэ). 7 Е «Хэт щӀыкъатиблкӀэ ехынур?» жумыӀэ, (Мэссихь лӀахэм къахишу, дунейм къыдришеижыну хэтщ жыхуиӀэщ). 8 Тхьэм и псалъэ тхахэм сыт яхэтыр? «Тхьэм и псалъэхэр уи благъэщ, уэ уи жьэми жьэдэлъщ, уигуми илъщ». А псалъэу фӀэщхъуныгъэм теухуаращ фэдгъащӀэр. 9 Уи жьэкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжыпӀэмэ, Тхьэм ар лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ фӀэщхъуныгъэ гурэ псэкӀэ уиӀэмэ, умыкӀуэду Тхьэм укъригъэлынущ. 10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зигурэ зи псэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум Тхьэм щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ икӀи цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжызыӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ. 11 Тхьэм и псалъэ тхахэм Мэссихь теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу: «Хэти езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым». 12 Журтымрэ алыджымра яку зэхэгъэж дэлъкъым. А зы Зиусхьэныр псоми я Зиусхьэнщ икӀи абы елъэӀу псоми фӀы къахуещӀэ. 13 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Хэт къыдэӀэпыкъуну елъэӀуми, мыкӀуэду Зиусхьэным къригъэлынущ». 14 Ауэ ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ ямыӀэмэ, дауэ зэрелъэӀунур? Абы и хъыбари зэхамыхамэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъунур? Абы и хъыбари зыми яхуимыӀуатэмэ, дауэ зэрызэхахынур? 15 Тхьэм цӀыхухэм къалэн ящимыщӀмэ, абыхэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дауэ зэрыхуаӀуэтэнур? Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «ХъыбарыфӀыр зыӀуатэ цӀыхухэм я лъакъуэхэр сыту дахащэ!» 16 Апхуэдэу щыт пэтми, хъыбарыфӀым едэӀуэн цӀыху куэдым ядакъым. Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Зиусхьэн, хъыбарыфӀу цӀыхухэм яхуэтӀуатэр хэт зи фӀэщ хъуар?» 17 Аращи, хъыбарыфӀыр щызэхахкӀэ цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ мэхъу, Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым щахуиӀуатэкӀи а хъыбарыфӀыр зэхах. 18 Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ». 19 Сэ сыщӀоупщӀэ аргуэру: израил цӀыхухэм хъыбарыфӀыр къагурымыӀуауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ къагурыӀуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и цӀэкӀэ Мусэ бегъымбарым псом япэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Зы лъэпкъ гуэрым щымыщхэм фезгъэфыгъуэнущ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ лъэпкъми фыхуэзгъэгубжьынущ». 20 Ешайа бегъымбарми Тхьэм и цӀэкӀэ, гушхуауэ, къыжиӀащ итӀанэ: «Сыкъэзымылъыхъуа цӀыхухэм сыкъагъуэтащ, къысщӀэмыупщӀахэми зезгъэлъэгъуащ». 21 Ауэ израил лъэпкъым теухуауэ мыпхуэдэу жеӀэ: «КъызэмыдаӀуэ лъэпкъ ерыщыр къызэкӀужын щхьэкӀэ, си Ӏэхэр яхуэсший зэпытащ махуэ къэс». |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden