Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ФӀэхъус

1 Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ.

2 А хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и бегъымбархэм я жьэкӀэ цӀыхухэр игъэгугъащ, и псалъэ тха лъапӀэхэм зэрыхэтым хуэдэу.

3 А хъыбарыфӀыр зытеухуар и Къуэращ. Ар цӀыхуу къэхъуауэ, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщащ.

4 Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар Тхьэм зэри-Къуэр лъэщыгъэкӀэ къигъэнэхуащ. Аращ Хьисэ Мэссихьу дэ ди Зиусхьэныр.

5 Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ.

6 Фэри абыхэм фащыщщ, Хьисэ Мэссихь и бынхэм ящыщ фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ.

7 Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Паул Рим къалэм кӀуэну зэрыхуеяр

8 Псом япэрауэ, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыр дунейм дэнэкӀи цӀыхухэм зэрыщаӀуатэм щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фэ псоми папщӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ,

9 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.

10 Тхьэм жиӀэмэ, фи деж икӀэм-икӀэжым сынэкӀуэну къызэхъулӀэнкӀэ солъэӀу.

11 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фигухэр зыгъэбыдэн фӀыгъуэ гуэр фэзгъэгъуэтын щхьэкӀэ, фыслъагъуну куэду сыхуейщ.

12 А зы фӀэщхъуныгъэу диӀэмкӀэ дызэрыгъэгушхуэныращ жыхуэсӀэр.

13 Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.

14 Алыджхэми, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми, зэхэщӀыкӀ зиӀэхэми зимыӀэхэми си фӀагъ езгъэкӀыну си пщэм дэлъщ.

15 Аращ фэ, Рим къалэм дэсхэми, хъыбарыфӀыр ныфхуэсӀуэтэну куэду сыщӀыхуеяр.


ХъыбарыфӀым и лъэкӀыныгъэр

16 Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым сытеукӀытыхьыркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр аращ Тхьэм и лъэкӀыныгъэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къезыгъэлыр – япэщӀыкӀэ журтыр, итӀанэ мыжуртыр.

17 Тхьэм цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэ гъуэгур хъыбарыфӀым къегъэнахуэ. Япэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэсыху а Ӏуэхугъуэр зэщӀа зэрыхъур фӀэщхъуныгъэм и гъуэгукӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ».


Тхьэм дежкӀэ цӀыху псоми къуаншагъэ яӀэщ

18 Тхьэм и фӀэлӀыкӀ цӀыхухэм я гум зэримылъым икӀи я бзаджагъэ псоми щхьэкӀэ, уафэм къех и губжьыр Тхьэм къегъэнахуэ, я бзаджагъэкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэр ягъэпщкӀуну и ужь итщи.

19 Тхьэм теухуауэ цӀыхухэм ящӀэфынур абыхэмкӀэ нахуэщ, Тхьэм ар къахуигъэнэхуащ.

20 Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ езым и хьэл-щэну ямылъагъуфым Тхьэм къигъэщӀахэмкӀэ цӀыхухэм нахуэу гу лъатэн ялъокӀ. Езым и хьэл-щэн ямылъагъуфу жыхуэсӀэр и лъэкӀыныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынур аращ, езыр Тхьэуэ зэрыщытри аращ. Аращи, цӀыхухэм зызэрагъэхеин зыри щыӀэкъым.

21 Тхьэр ящӀэу щыт пэтми, Тхьэм хуэфащэ лъытэныгъэри щӀыхьышхуэри хуащӀакъым. Ауэ я гупсысэхэр пщӀэншэ хъуащ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ ягухэри кӀыфӀу къэнащ.

22 АкъылыфӀагъэ яӀэ къафӀэщӀыжурэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу къыщӀэкӀащ.

23 ЦӀыхухэм щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэуэ мыкӀуэдыжынур ямыгъэлъапӀэу щытащ. Тхьэм хуагъадэу, езыхэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэ нэпцӀхэр Тхьэм и пӀэкӀэ ягъэлъэпӀащ цӀыхухэм. А тхьэ нэпцӀхэр къуалэбзухэм, лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэхэм, ныбэгукӀэ къэзыпщхьхэм яхуэдэу щытащ.

24 Аращи, абыхэм ягухэр Ӏуэху мыхъунхэм ящӀэхъуэпсу, япкъхэмкӀэ мыхъун зращӀэжыну, фӀеигъэм хэту Тхьэм ахэр къигъэнащ.

25 Тхьэм и щыпкъагъэм и пӀэ пцӀыр ирагъэуващ. ЩыӀэ псори къэзыгъэщӀа Тхьэр ямыгъэлъапӀэу икӀи абы хуэмылажьэу, Тхьэм къигъэщӀахэр ягъэлъэпӀащ икӀи абыхэм яхуэлэжьащ. Езы Тхьэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр ейщ. Ӏэмин.

26 Аращи, ягухэр зыщӀэхъуэпс мыхъун Ӏуэхухэм яхэтыну Тхьэм ахэр къигъэнащ. Я цӀыхубзхэри хабзэм текӀри, зым адрейм мыхъун ирищӀащ.

27 ЦӀыхухъухэри хабзэм текӀри, я фызхэм екӀуэлӀэныр щагъэтри, зы лӀыр адрей лӀым щӀэхъуэпс хъуащ. Апхуэдэу цӀыхухъухэми мыхъун зэращӀэжри, япкъхэмкӀэ Ӏуэху фейм хуэфащэр ягъуэтыжащ.

28 Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.

29 Мыщыпкъагъэ псори, зинэ псори, гъэпцӀагъэ псори, нэпсеягъэ псори, бзаджагъэ псори ягухэм ярыз хъуащ. Фыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, зэщыхьэныр, пцӀы упсыныр, лъагъу мыхъуныр я гум илъ зэпытщ.

30 Ахэр бзэгузехьэщ, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятопсэлъыхь, Тхьэр жагъуэу ялъагъу, цӀыхухэм ягу зрагъабгъэ, зыщотхъуж, загъэпагэ, бзаджагъэхэр къагупсыс икӀи я адэ-анэхэм яхуэӀурыщӀэркъым.

31 ЗэхэщӀыкӀ яӀэкъым, я псалъэхэр ягъэзащӀэркъым, гухуабагъи яӀэкъым, зэкӀужыныгъэри гущӀэгъуныгъэри зищӀысри ящӀэркъым.

32 А цӀыхухэр Тхьэм и хьэкум захуэм – апхуэдэ Ӏуэхухэр зыщӀэхэм укӀ зэрахуэфащэм – щыгъуазэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, езыхэм апхуэдэ Ӏуэхухэр зэращӀэм и мызакъуэу, а Ӏуэхухэр зылэжьхэр ягъэзахуэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan