ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ 1 Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ. Паул ягуригъаӀуэ иужьрей Ӏуэхухэр 2 Зиусхьэныр я псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Еводие Синтихие цӀыхубзхэм зы гупсысэкӀэ яӀэ хъуну солъэӀу. 3 Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ. 4 Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ. 5 Фи гущабагъэр цӀыху псоми нахуэ яхурехъу. Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэблэгъащ. 6 Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ. 7 Тхьэм къыбгъэдэкӀ гузэгъэгъуэу цӀыхухэм къагурыӀуэфынум нэхърэ куэдкӀэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, къихъумэнущ итӀанэ. 8 ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс. 9 Ӏуэхуу сэ фэзгъэщӀахэри, къыфхуэзгъэнахэри, сэ къыжысӀэу зэхэфхахэри, сэ сщӀэуэ флъэгъуахэри вгъэзащӀэ. Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэр сыт щыгъуи фи гъусэнущ итӀанэ. Кърата тыгъэм щхьэкӀэ Паул фӀыщӀэ зэрахуищӀыр 10 Сэ аргуэру фыкъызэрызэгугъуар Зиусхьэныр си псэм щыщу, куэду си гуапэ хъуащ. Нэхъапэми фыкъызэгугъурт, ауэ фыкъыздэӀэпыкъуну Ӏэмал вгъуэтакъым. 11 Сызыхуэныкъуэ гуэр щыӀэу аракъым ар щӀыжысӀэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыт къысщыщӀми, сигу сыарызыуэ зезгъэсащ. 12 ТхьэмыщкӀагъэм сыхэтынри, беягъэм сыхэтынри зыхуэдэр сощӀэ. ЗызгъэнщӀами, сымэжалӀэми, сыбейми, сытхьэмыщкӀэми, сыт къысщыщӀми, дапщэщи сыарэзыуэ зезгъэсащ. 13 ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ. 14 Апхуэдэу щыт пэтми, сызыхэт гузэвэгъуэмкӀэ гъусэ фыкъызэрысхуэхъуар фӀыуэ фщӀащ. 15 Фэ, Филиппи къалэм дэсхэм, зэрыфщӀэщи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн щӀэздзауэ Македоние хэкум сыкъыщикӀым, дэӀэпыкъуэгъу хъунымрэ дэӀэпыкъуэгъум пэкӀуэр игъуэтыжынымрэ я ӀуэхукӀэ фэр фӀэкӀа члисэ зэхуэсхэм ящыщ зыри гъусэ къысхуэхъуакъым. 16 Фессалоникэ къалэм сыщыщыӀам, сызыхуэныкъуэр зыкъомрэ фи лӀыкӀуэхэм къысхуевгъэхьащ. 17 Ар щӀыжысӀэр фи тыгъэм сыщӀэхъуэпсу аракъым, фи тыгъэм къыпэкӀуэу фӀы зэрывгъуэтынур арщ. 18 Фи тыгъэ псори къысӀэщӀыхьащ, схурикъури къызэлыжащ. Епафродит къысхуевгъэхьа тыгъэхэр къысӀэщӀыхьащи, сызыхуэныкъуэ щыӀэкъым. Ахэр Тхьэм ищтэ къурмэныпхъэу и гум ирихьу, мэ ӀэфӀ къызыпихым хуэдэщ. 19 Мэссихь Хьисэ фи гум хэлъщи, щӀыхьышхуэ зиӀэ и къулеигъэшхуэм хуэфащэу си Тхьэм фызыхуэныкъуэ псори къывитынущ. 20 МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэрщ. Ӏэмин. Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр 21 Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм фӀэхъус схуефхыж. Си гъусэ къуэшхэм фӀэхъус къывахыж. 22 Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус къывахыж, псом хуэмыдэу кесарым и унэшхуэм щыщхэм. 23 Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фи гум къыфщрехуэ. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden