Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Маттэ 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
( Марк 1:40-45 ; Лука 5:12-16 )

1 Ӏуащхьэм къыщехыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ куэд итт.

2 Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.

3 И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ ухъуж. Уэшын уз щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ а сыхьэтым.

4 ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.


Дзэ пашэм и унэӀутыр Хьисэ зэригъэхъужар
( Лука 7:1-10 ; Иуан 4:43-54 )

5 Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щыдыхьэм, дзэ пашэ гуэр къыбгъэдыхьэри къелъэӀуащ:

6 – Уа зи щӀыхь ин, пкъыуэ хъуауэ, гугъуехьышхуэ телъу си унэӀутыр унэм щӀэлъщ.

7 – Сэ сынэкӀуэнщи, згъэхъужынщ, – жриӀащ Хьисэ абы.

8 – Зи щӀыхь ин, си унэм уэ уныщӀыхьэну схуэфащэкъым, – къыжриӀащ дзэ пашэм, – ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ.

9 Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» си унэӀутми жесӀэмэ, ищӀэнущ.

10 Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ.

11 Ауэ сэ нывжызоӀэ, къуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи цӀыху куэд къикӀынурэ, Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я гъусэу Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щхьэж и тӀысыпӀэ щиубыдынущ.

12 Ауэ мы къэралым и цӀыхухэр кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.

13 Хьисэ дзэ пашэм жриӀащ итӀанэ: – КӀуэ, уэ уи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къыбдрехъу. Дзэ пашэм и унэӀутыр хъужащ а сыхьэт дэдэм.


Хьисэ цӀыху куэд зэригъэхъужар
( Марк 1:29-34 ; Лука 4:38-41 )

14 Хьисэ Петр и унэм щыщӀыхьэм, абы и щыкъу анэр пӀэм плъыржьэру хэлъу ирихьэлӀащ.

15 Хьисэ сымаджэм и Ӏэм еӀусэри, абы плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ. Петр и щыкъу анэр къэтэджыжри, Хьисэ хьэщӀагъэ кърихащ.

16 Пщыхьэщхьэ щыхъум, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэд Хьисэ деж къашащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм зы псалъэкӀэ яхихуащ, Хьисэ сымаджэ псори игъэхъужащ.

17 Апхуэдэу щӀэхъуар Ешайа бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Дэ ди сымэджагъэхэр тщхьэщихри, ди узхэр езым зытрилъхьащ».


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэным гугъуехьу хэлъыр
( Лука 9:57-62 )

18 ЦӀыху куэд къеувэкӀауэ щилъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ.

19 Торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжриӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уэ дэнэ укӀуэми, уи ужь сиувэнущ.

20 – Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.

21 И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ нэгъуэщӀ гуэрми Хьисэ къыжриӀащ: – Зи щӀыхь ин, сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.

22 – ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, ауэ уэ си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ.


Хьисэ борэнышхуэр зэригъэувыӀар
( Марк 4:35-41 ; Лука 8:22-25 )

23 Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьащ, и гъуэгу ирикӀуэхэри итӀысхьащ кхъуафэжьейм.

24 НапӀэзыпӀэм гуэлым борэнышхуэ къыщыхъейри, толъкъунхэр кхъуафэжьейм къиуэу щӀидзащ. Ауэ Хьисэ жейрт.

25 Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жраӀащ: – Зиусхьэн, докӀуэд, дыкъегъэл.

26 – Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.

27 – Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – жаӀащ цӀыхухэм, ягъэщӀагъуэу.


Жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхуитӀ Хьисэ зэригъэхъужар
( Марк 5:1-20 ; Лука 8:26-39 )

28 Гуэлым и адрыщӀым ит хэкуу Гергесэ къалэр зэрытым щынэсым, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхуитӀ кхъэлэгъунэхэмкӀэ къикӀри, Хьисэ къыпежьащ. АбыкӀэ зыри бламыгъэкӀыу, цӀыху Ӏэлт ахэр.

29 – Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.

30 Абыхэм япэжыжьэу, кхъуэ хъушэшхуэ щыхъуакӀуэрт.

31 Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Мы цӀыхухэм дащыхэпхукӀэ, мо кхъуэ хъушэшхуэм дыгъакӀуи, кхъуэхэм япкъхэм дахэгъэхьэ.

32 – ФыкӀуэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Ар щыжиӀэм, жин бзаджэхэр лӀыхэм яхэкӀыжри, кхъуэхэм япкъхэм хыхьащ. Кхъуэхэм япкъхэм щыхыхьэм, кхъуэ хъушэшхуэр зэрыщыту Ӏуащхьэ нэпкъым къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ.

33 Ауэ кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжщ, къалэм дэлъэдэжри, къэхъуа псори жин бзаджэм иӀыгъ лӀитӀым къащыщӀари яӀуэтэжащ.

34 Арати, къалэм дэс псори Хьисэ къыпежьащ. Хьисэ щалъагъум, я хэкур ибгынэну къелъэӀуащ ахэр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan