Маттэ 28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр28-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар ( Марк 16:1-8 ; Лука 24:1-12 ; Иуан 20:1-10 ) 1 Щэбэтыр блэкӀауэ, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, нэху щыщым, Магдалэ щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм еплъыну кӀуащ. 2 НапӀэзыпӀэм щӀыр ин дыдэу хъеящ, Зиусхьэным и мелыӀыч уафэм къехри, кхъэлэгъунэм бгъэдыхьэщ, мывэшхуэр Ӏуигъэ-кӀуриикӀри, абы тетӀысхьати. 3 Абы и теплъэр уафэхъуэпскӀым хуэдэт, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэт. 4 ХъумакӀуэхэр апхуэдизкӀэ абы щышынати, кӀэзызу щытащ, я фэр шэхум хуэдэу пыкӀауэ. 5 – Фымышынэ! – яжриӀащ мелыӀычым цӀыхубзхэм. – Жорым ираӀулӀа Хьисэ фызэрылъыхъуэр сощӀэ. 6 Ар мыбдежым щыӀэжкъым. ЗэрыжиӀам хуэдэу, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фыбгъэдыхьи, Зиусхьэныр здэщылъа щӀыпӀэм феплъ. 7 ИтӀанэ псынщӀэу фыкӀуи, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжефӀэ: «Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. Абдеж ар щыфлъагъунущ». Аращ, хъыбарыр сэ вжесӀащ. 8 Арати, цӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм бгъэдэкӀыжри, шына-гъуэмрэ гуфӀэгъуэшхуэмрэ зэщӀащтауэ, хъыбарыр хуаӀуэтэжыну, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щӀэпхъуащ. 9 И гъуэгу ирикӀуэхэм хъыбарыр хуаӀуэтэжыну а цӀыхубзхэр здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм напӀэзыпӀэкӀэ къахуэзэри, къажриӀащ: – Фыпсэу! Ахэр Хьисэ бгъэдэлъадэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, и лъакъуэхэр яубыдащ. Хьисэ къажриӀащ: 10 – Фымышынэ. ФыкӀуи, си къуэшхэм Галилейм кӀуэну яжефӀэ. Абдеж сыщалъагъунущ. Дин пашэшхуэхэм хъумакӀуэхэр ӀулъхьэкӀэ къызэращэхуар 11 ЦӀыхубзхэр щыкӀуэм, хъумакӀуэхэм ящыщ гуэрхэр Ерусалим къалэм дыхьэщ, дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ. 12 Дин пашэшхуэхэр, нэхъыжьхэр я гъусэу, зэхуэсри зэчэнджэщыжащ. ХъумакӀуэхэм ахъшэ куэд иратри, 13 абыхэм жраӀащ: – «Жэщым дэ дыщыжейм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къакӀуэри, и хьэдэр ядыгъужащ», жыфӀэн хуейщ. 14 А хъыбарыр Ӏэтащхьэм щызэхихкӀэ, дэ дгъэсабырынщ, фэри зыри къывжи-мыӀэну тщӀынщ. 15 ХъумакӀуэхэм ахъшэр ящтэри, къызэрыжраӀам хуэдэу ящӀащ. А хъыбарыр журтхэм иджыри къэс яхэлъщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ялэжьын хуей Ӏуэхуу я пщэ дилъхьар ( Марк 16:14-18 ; Лука 24:36-49 ; Иуан 20:19-23 ; Апостол. 1:6-8 ) 16 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр абы и ужькӀэ Галилейм кӀуэри, езым жыхуиӀэгъа Ӏуащхьэм дэкӀащ. 17 Хьисэ щалъагъум, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ; ауэ ар зи фӀэщ мыхъу гуэрхэр абыхэм яхэтт. 18 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ. 19 Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи, 20 унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden