Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Маттэ 27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


27-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэ Хьисэ зэрырашар
( Марк 15:1-5 ; Лука 23:1-5 ; Иуан 18:28-38 )

1 Нэху зэрыщу дин пашэшхуэ псори цӀыхухэм я нэхъыжьхэри зэчэнджэщыжри, Хьисэ укӀ тралъхьэну мурад ящӀащ.

2 Хьисэ япхри, Понтий Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀалъхьащ.


Иудэ зэрылӀар
( Апостол. 1:18-19 )

3 Хьисэ абыхэм езыгъэубыда Иудэ, Хьисэ укӀ тралъхьэу щилъагъум, щӀегъуэжщ, ирата дыжьын ахъшэ щэщӀыр дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ яхуихьыжри,

4 яжриӀащ: – Лъы хейр зэрыфэзгъэубыдамкӀэ гуэныхь сщӀащ. – Абы дэ ди Ӏуэху хэлъкъым, уэращ зи Ӏуэху хэлъыр, – къыжраӀащ абыхэм.

5 Ар щызэхихым, Иудэ, дыжьын ахъшэхэр Тхьэм и унэшхуэм щыхыфӀипхъэри, къыщӀэкӀыжащ. ИтӀанэ кӀуэри зитхьэлэжащ.

6 Дыжьын ахъшэхэр къащыпыжри, дин пашэшхуэхэм жаӀащ: – Мыхэр Тхьэм щхьэкӀэ ахъшэр зыдэлъ пхъуантэм дэплъхьэ хъунукъым, мыхэр лъы уасэщи.

7 Зэчэнджэщыжа нэужь, хамэхэр щыщӀалъхьэжын папщӀэ, кхъуэщыныщӀэм и хьэсэр а ахъшэмкӀэ къащэхуну зэгурыӀуащ.

8 Абы къыхэкӀкӀэ а хьэсэм «Лъы уасэ ХьэсэкӀэ» йоджэ нобэр къыздэсым.

9 Иеремие бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъуащ: «Щхьэ уасэу Израил цӀыхухэм абы щхьэкӀэ ягъэува дыжьын ахъшэ щэщӀыр къащтэри,

10 абыхэмкӀэ кхъуэщыныщӀэм и хьэсэр къащэхуащ, Зиусхьэным унафэ къызэрысхуищӀам тету».


Пилат Ӏэтащхьэр Хьисэ зэреупщӀар
( Марк 15:2-5 ; Лука 23:3-5 ; Иуан 18:33-38 )

11 Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэм иуващ Хьисэ. – Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ.

12 Ауэ дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ Хьисэ щагъэкъуаншэм, абы зыри жиӀакъым.

13 Пилат Хьисэ къеупщӀащ: – Къыптралъхьэр зыхуэдизыр зэхэпхыркъэ?

14 Хьисэ зы псалъи жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат Ӏэтащхьэм хуабжьу игъэщӀэгъуащ.


Хьисэ укӀ зэрытралъхьар
( Марк 15:6-15 ; Лука 23:13-25 ; Иуан 18:39–19:16 )

15 Лъэхъущым щӀэс гуэр утӀыж махуэшхуэ къэс цӀыхухэм я лъэӀукӀэ щхьэхуиту яхуиутӀыпщыжыныр Пилат Ӏэтащхьэм и хабзэт.

16 Вараввэ и цӀэу зы цӀэрыӀуэ гуэр лъэхъуэщым щӀэст а махуэхэм.

17 Арати, цӀыхухэр къыщызэхуэсым, Пилат абыхэм еупщӀащ: – Хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? Вараввэ, хьэмэрэ МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ?

18 Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ.

19 Тахътэм здисым, Пилат и фызым лӀыкӀуэ къыхуищӀри къыжрыригъэӀащ: – Щыпкъагъэ зигу илъ а цӀыхум мыхъун гуэр иумыщӀэ. Ныжэбэ пщӀыхьэпӀэ Ӏей слъагъури, а лӀым щхьэкӀэ гугъу сехьащ.

20 Пилат Вараввэ кърагъэутӀыпщыжыну икӀи Хьисэ ирагъэгъэкӀуэдыну дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ цӀыху гупышхуэм жраӀащ.

21 – Мы тӀум хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? – Пилат Ӏэтащхьэр аргуэру цӀыхухэм еупщӀащ. – Вараввэщ, – жаӀащ абыхэм.

22 – МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ сыт есщӀэнур? – щӀэупщӀащ Пилат. – Жорым еӀулӀ, – жаӀащ псоми.

23 – Абы сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? – щӀэупщӀащ Пилат. Ауэ ахэр нэхъ ину къызэрыгъэкӀиящ: – Жорым еӀулӀ!

24 Пилат, зыри хищӀыхьыжын хузэфӀэмыкӀэу, цӀыхухэм нэхъ зэрызехьэ зэрыхъуар щилъагъум, псы къищтэщ, и Ӏэхэр цӀыхухэм я пащхьэм щитхьэщӀри жиӀащ: – Мы лӀыуэ щыпкъагъэ зигу илъым и лъыр сэ къыстехуэркъым. Абы и лъыр фэращ зытехуэр.

25 – Абы и лъыр дэри ди бынхэми къыттрырехуэ! – жаӀащ цӀыху псоми.

26 Пилат Вараввэ къахуиутӀыпщыжащ, зауэлӀхэр щӀопщкӀэ иригъауэри, Хьисэ жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ.


ЗауэлӀхэр Хьисэ зэрыщыдыхьэшхар
( Марк 15:16-20 ; Иуан 19:2-3 )

27 Арати, Пилат Ӏэтащхьэм и зауэлӀхэм Хьисэ преторие зи цӀэ унэшхуэм щӀашащ, адрей къэна зауэлӀ гупышхуэри Хьисэ ихъуреягъкӀэ щызэхуашэсащ.

28 ЗауэлӀхэм Хьисэ и щыгъынхэр къыщахри, плъыжь-фӀыцӀафэу абэ кӀыхь щатӀэгъащ итӀанэ.

29 Пыжь банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж хуащӀщ, абы щхьэратӀагъэри, и Ӏэ ижьми баш цӀыкӀу ӀэщӀалъхьащ. Абы и ужькӀэ, Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щетӀысэхри, щыдыхьэшхыурэ, «Упсэу, журтхэм я пащтыхь!» жаӀэурэ щӀэнэкӀащ.

30 Еубжьытххэрт, баш къащтэурэ и щхьэм еуэрт.

31 Ахэр Хьисэ щыдыхьэшха нэужь, абэ кӀыхьыр къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀыну преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.


Хьисэ жорым зэрыраӀулӀар
( Марк 15:21-32 ; Лука 23:26-43 ; Иуан 19:17-27 )

32 Къалэм къыщыдэкӀым, Симон и цӀэу Кириние къалэм щыщ лӀы гуэрым хуэзащ. Щыхуэзэм, Хьисэ и жорыр ихьыну Симон хагъэзыхьащ.

33 Голгофэ жыхуаӀэ щӀыпӀэм нэсащ (Голгофэм къикӀыр «Щхьэ къупщхьэ щӀыпӀэ» жиӀэу аращ).

34 Абы щынэсым, серчэрэ зэзыпс дыджрэ зэхэщӀауэ къратащ ирагъэфэну. Хьисэ хэӀуба фӀэкӀ, ар ирифын идакъым.

35 Хьисэ жорым ираӀулӀащ итӀанэ. Пхъэидзэ ящӀурэ, и щыгъынхэр зэхуагуэшыжащ заулӀхэм.

36 ИкӀи къетӀысэкӀащ, Хьисэ яхъумэн щхьэкӀэ.

37 Жорым щӀраӀулӀар Хьисэ и щхьэкӀэ жорым пхъэбгъу кӀапэ гуэрым тетхауэ траӀулӀащ: «Мыр журтхэм я пащтыхь Хьисэ арщ».

38 ХъунщӀакӀуитӀ, зыр и ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм щраӀулӀащ абдеж.

39 ЦӀыху блэкӀхэр Хьисэ хуэшхыдэрт, я щхьэхэр ягъэсысурэ,

40 мыпхуэдэу жаӀэрт: – Уэ, Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынум, умыкӀуэду зыкъегъэлыж! Уэ Тхьэм ури-Къуэу щытмэ, жорым къыфӀэкӀыж.

41 Дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми, нэхъыжьхэми Хьисэ щыдыхьэшхыурэ, жаӀащ:

42 – НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ, ауэ езым зыкъригъэлыфыркъым. Ар Израил и пащтыхьыр, пэжмэ, жорым къыфӀрекӀыжи, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъунущ.

43 Езыр Тхьэм щогугъ, Тхьэр абы къыхуейуэ щытмэ, мыкӀуэду кърырегъэл, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» жиӀэгъащи.

44 Хьисэ и гъусэу жорхэм ираӀулӀа хъунщӀакӀуэхэри къебгырт абы.


Хьисэ зэрылӀар
( Марк 15:33-41 ; Лука 23:44-49 ; Иуан 19:28-30 )

45 Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.

46 Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Или, или, ламэ савахфани? (Абы къикӀыр «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)

47 Ар щызэхахым абдеж щытхэм, жаӀащ: – Иляс бегъымбарым йоджэ ар.

48 Абыхэм ящыщ гуэр бгъэдэлъадэри, щӀыфэр зэраӀуэт хъыданыр къищтащ асыхьэтым. Хъыданым серчэр фӀыуэ зыщӀригъэфри, башым фӀэлъу Хьисэ хуишиящ щӀигъэфыну.

49 – Зэ, Иляс бегъымбарыр къакӀуэу, мыкӀуэду къригъэлынумэ, девгъэплъ, – жаӀащ адрейхэм.

50 Макъ хэӀэтыкӀакӀэ аргуэру джэри, Хьисэ и псэр итащ.

51 Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу. ЩӀыри къэхъеящ. Мывэхэри зэгуэудащ.

52 Кхъэлэгъунэхэр къызэӀуха хъури, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу лӀауэ щытахэм ящыщ куэд къэтэджыжащ.

53 Ахэр кхъэлэгъунэхэм къыщӀэкӀыжащ икӀи Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, къалэ лъапӀэу Ерусалим дыхьэри, цӀыху куэдым зыкърагъэлъэгъуащ.

54 Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.

55 Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубз куэд щытт. Ахэр Хьисэ дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуурэ, и гъусэу Галилейм къикӀыгъащ.

56 Абыхэм яхэтт: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Зеведей и къуэхэм я анэ, нэгъуэщӀ Мэрием. Ар Екъубрэ Иосийрэ я анэт.


Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьар
( Марк 15:42-47 ; Лука 23:50-56 ; Иуан 19:38-42 )

57 Пщыхьэщхьэр къыщысым, Исуф и цӀэу Аримафей жылэм щыщ зы лӀы бей къэкӀуащ. Ари Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу щытащ.

58 Ар Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ. Хьэдэр Исуф иратыжыну Пилат унафэ ищӀащ.

59 Исуф хьэдэр къищтэщ, чэсей хужь джэбын къабзэ иришэкӀри,

60 къыр мывэм езым щхьэкӀэ къыхригъэщӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьэжащ. Исуф кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм мывэшхуэ ӀуигъэкӀуриери ӀукӀыжащ.

61 Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм хуэзанщӀэу щыст.


Кхъэлэгъунэм и хъумакӀуэр

62 Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ Пилат Ӏэтащхьэм деж щызэхуэсащ етӀуанэ махуэу мэрем махуэм къыкӀэлъыкӀуэм.

63 – Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.

64 – Аращи, ещанэ махуэм нэсыху кхъэлэгъунэр хуэсакъыурэ яхъумэну унафэ щӀы. Армыхъумэ, и гъуэгу ирикӀуэхэр къэкӀуэнурэ, и хьэдэр ядыгъужынущ икӀи цӀыхухэм жраӀэнущ: «Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ». А иужьрей пцӀыр япэрей пцӀыхэм нэхърэ нэхъ Ӏей хъунущ.

65 – ХъумакӀуэхэр фызот. ФыкӀуи, кхъэлэгъунэр зэрыфлъэкӀым хуэдэу фхъумэ, – яжриӀащ Пилат.

66 Ахэр кӀуэри, кхъэлэгъунэм хъумакӀуэхэр бгъэдагъэуващ, мывэми мыхъур традзащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan