Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Маттэ 26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


26-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яукӀыну мурад зэращӀар
( Марк 14:1-2 ; Лука 22:1-2 ; Иуан 11:45-53 )

1 А псалъэ псори къиӀуэта нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:

2 – ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуитӀ зэриӀэр фощӀэ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.

3 Дин пашэшхуэхэр,* торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, цӀыхухэм я нэхъыжьхэр абы щыгъуэ къыщызэхуэсащ Кайафэ дин пашэшхуэм и унэшхуэм.

4 Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яубыдыну икӀи яукӀыну мурад ящӀащ абыхэм.

5 – Ауэ, цӀыхухэм зыкъамыӀэтын щхьэкӀэ, ар махуэшхуэм трыремыхуэ, – жаӀащ абыхэм.


ЦӀыхубз гуэрым дагъэ лъапӀэр Хьисэ Вифание жылэм къызэрыщыщихуар.
( Марк 14:3-9 ; Иуан 12:1-8 )

6 Хьисэ Вифание жылэм дыхьауэ, уэшын уз зэфыкӀ Симон и унэм щӀэст.

7 Хьисэ абы здыщӀэсым, цӀыхубз гуэр унэм къыщӀыхьащ. Алавастэр зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ зы барщыбэ иӀыгът абы. А барщыбэм мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэ итт. Хьисэ, Ӏэнэм здыпэрысым, цӀыхубзыр къыбгъэдыхьэри, абы и щхьэм дагъэр трикӀащ.

8 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щалъагъум, ар ягу иримыхьу, жаӀащ: – Мы дагъэ лъапӀэр пщӀэншэу щӀигъэкӀуэдар сыт?

9 Ар лъапӀэу ящатэмэ, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм хуагуэш хъунут.

10 Абы гу лъитэри, Хьисэ яжриӀащ: – ЦӀыхубзыр сыт щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы.

11 ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым.

12 А цӀыхубзым мы дагъэ лъапӀэр си пкъым къызэрытрикӀамкӀэ сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзырауэ арщ.

13 Пэжыр нывжызоӀэ, дуней псом хъыбарыфӀыр дэнэ щыщызэлъагъэщӀыскӀи, мы цӀыхубзым ищӀар яӀуэтэнущ, а цӀыхубзыр цӀыхухэм ягу фӀыкӀэ къагъэкӀыжын щхьэкӀэ.


Иудэ зи цӀэм Хьисэ дин пашэшхуэхэм яригъэубыдыну зэрагурыӀуар
( Марк 14:10-11 ; Лука 22:3-6 )

14 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ ИскариоткӀэ зэджэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри,

15 жиӀащ: – Хьисэ фэзгъэубыдмэ, сыт къызэфтын? Абыхэм дыжьын ахъшэ щэщӀ къратыну къагъэгугъащ.

16 Абы щегъэжьауэ, Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ, игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ Иудэ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ зэрадэшхар
( Марк 14:12-21 ; Лука 22:7-14 , 21-23 ; Иуан 13:21-30 )

17 ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм* я япэ махуэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, абы къеупщӀащ: – ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ щыпшхын щхьэкӀэ, дэнэ щыдгъэхьэзырыну ухуей?

18 – Къалэм фыдыхьэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ хэсха лӀы гуэрым деж фыкӀуи, жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм жеӀэ: Сэ си уахътыр къэблэгъащ. Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ уи унэм щытшхынущ».

19 Хьисэ зэражриӀам хуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящӀри, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр ягъэхьэзыращ.

20 Пщыхьэщхьэр къыщысым, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.

21 Ахэр здэшхэм, Хьисэ жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ фэ фщыщ гуэрым.

22 Ахэр икъукӀэ къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэурэ къеупщӀу щӀадзащ: – Зиусхьэн, сэрмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?

23 – Си гъусэу мы лагъэм зи ӀэкӀэ щӀакхъуэр хэзыгъэпщӀарщ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – жэуап итыжащ Хьисэ.

24 – Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.

25 Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэт Иудэ жиӀащ: – Равви, сэрмырауэ пӀэрэ жыхуэпӀэр? – Уэращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жриӀащ абы Хьисэ.


Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэр
( Марк 14:22-26 ; Лука 22:15-20 ; 1 Кор. 11:23-25 )

26 Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ, зэгуищӀыкӀщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.

27 Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, щаритым, яжриӀащ итӀанэ: – Фэ псори мыбы итым щыщ фефэ.

28 Мы санэр – Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэ си лъыращ. ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэурэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ, я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкӀэ.

29 Сэ нывжызоӀэ фэ, иджы къыщыщӀэдзауэ си Адэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сывдефэнущ.

30 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ итӀанэ.


«Сэ сыкъыумыцӀыхуу жыпӀэнущ», жиӀэу Хьисэ Петр зэрыжриӀар
( Марк 14:27-31 ; Лука 22:31-34 ; Иуан 13:36-38 )

31 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ абы щыгъуэ: – Фэ псоми си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ ныжэбэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм абы теухуауэ жиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ мэлыхъуэр сукӀынущ, мэл хъушэри зэбгрыкӀыжынущ».

32 Ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжа нэужь, фэ фяпэ къихуэу Галилей хэкум сыкӀуэнущ.

33 – Утыкум псоми укъранэми, сэ зэикӀ укъизнэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ.

34 – Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.

35 – Уэ сыуигъусэу сылӀэн хуей хъуми, узмыцӀыхуу жысӀэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀы псоми жаӀащ ар дыдэр.


Хьисэ Гефсимание жыг хадэм Тхьэм зэрыщелъэӀуар
( Марк 14:32-42 ; Лука 22:39-46 )

36 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Гефсимание зи цӀэ жыг хадэм кӀуащ абы и ужькӀэ. – Мыбдеж фыщыс, сэ модэ сыкӀуэу, Тхьэм селъэӀуху, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.

37 Хьисэ Петррэ Зеведей и къуитӀымрэ здишэу кӀуа нэужь, нэщхъейуэ, гузавэу щӀидзащ.

38 Абыхэм яжриӀащ: – СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ. Фымыжейуэ, фысакъыу мыбы си гъусэу фыщыӀэ.

39 Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.

40 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым я деж къыщигъэзэжым, ахэр Ӏурихауэ ярихьэлӀэжащ. – Зы сыхьэт закъуэкӀэ фызигъусэу, фымыжейуэ, фысакъын фхузэфӀэкӀакъым, аракъэ? – жриӀащ Хьисэ Петр.

41 – Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.

42 Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.

43 Хьисэ къыщигъэзэжым, а цӀыхуищыр Ӏурихауэ кърихьэлӀэжащ, я нэхэр щӀилъэфауэ.

44 Ахэр аргуэру къигъанэри, ӀукӀыжащ, а псалъэ дыдэхэмкӀэ Тхьэм ещанэу елъэӀуащ.

45 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж къигъэзэжри, яжриӀащ: – Зывгъэпсэхуу фыжейрэ иджыри? Мис, пӀалъэр къэблэгъащ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ.

46 Фытэдж! ФынакӀуэ, абыхэм сезыгъэубыдынур къэблэгъащ.


Хьисэ зэраубыдар
( Марк 14:43-50 ; Лука 22:47-53 ; Иуан 18:3-12 )

47 Хьисэ и псалъэр имыухауэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэу Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэтыр къэкӀуащ. Джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ яӀыгъыу, цӀыху гупышхуэ щӀыгъут абы. Дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэщ ахэр къэзыгъэкӀуар.

48 – Сэ ба зыхуэсщӀынуращ жыхуэсӀэр. Ар къэвубыд, – жиӀэри Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэр и гъусэхэм яжриӀат Иудэ.

49 Иудэ зэрынэсу, бгъэдыхьэри: – ФӀэхъус апщи, Равви,* – жиӀэри, Хьисэ ба хуищӀащ.

50 – Ныбжьэгъу, укъыщӀэкӀуар сыт? – жриӀащ абы Хьисэ. Адрейхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ яубыдащ.

51 Хьисэ и гъусэхэм ящыщ зым и джатэр кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ лъэныкъуэр къыпигъэхуащ.

52 Хьисэ абы жриӀащ: – Уэ уи джатэр дохъутэм илъхьэж, джатэ къэзыщтэ псори джатэм ихьыжынущ.

53 Хьэмэрэ си Адэм семылъэӀуфын уи гугъэ? СелъэӀумэ, мелыӀыч дзэ пщыкӀутӀым нэхърэ нэхъыбэ къысхуигъэкӀуэнущ асыхьэту.

54 Ауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр дауэ пэж зэрыхъунур? Тхьэм и псалъэу тхахэм хэткъэ мыпхуэдэу зэрыхъун хуейр?

55 Хьисэ а цӀыху гупышхуэм яжриӀащ асыхьэтым: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? Тхьэм и унэшхуэм махуэ къэс сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэрт, арщхьэкӀэ сывубыдакъым.

56 Ауэ мы псори къыщӀэхъуар бегъымбархэм ятхар пэж хъун щхьэкӀэщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абы щӀыгъуэ.


Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Хьисэ зэрырашар
( Марк 14:53-65 ; Лука 22:54-55 , 66-71 ; Иуан 18:13-14 , 19-24 )

57 Яубыда нэужь, Кайафэ зи цӀэ дин пашэшхуэм деж яшащ Хьисэ. Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ щызэхуэсащ абы деж.

58 Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс, кӀэлъыкӀуащ. ПщӀантӀэм дыхьэри, хъумакӀуэхэм яхэтӀысхьащ ар итӀанэ, Хьисэ и Ӏуэху зэрыхъунум еплъыну.

59 Дин пашэшхуэми, нэхъыжьхэми, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей пашэ псоми Хьисэ укӀ тралъхьэн щхьэкӀэ, щыхьэт нэпцӀ ягъэувыну къалъыхъуэрт.

60 Щыхьэт нэпцӀ куэд къэтэджри, Хьисэ Ӏэджэ тралъхьа пэтми, зыхуейр ягъуэтакъым. ИкӀэм-икӀэжым щыхьэт нэпцӀитӀ къэтэджри,

61 мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэгъащ: «Тхьэм мы и унэшхуэр зэхэскъутэнурэ, махуищкӀэ ар зэтезгъэувэжын слъэкӀынущ».

62 Дин пашэшхуэр къэтэджащ итӀанэ. – Мы лӀыхэм уэ къыптралъхьэр сыт? Сыт зыри щӀыжумыӀэр? – къыжриӀащ абы Хьисэ.

63 Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. – СынолъэӀу, гъащӀэр зи ӀэрыкӀ Тхьэм и цӀэкӀэ къыджеӀэ, уэра Мэссихьу Тхьэм и Къуэр? – къеупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.

64 – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.

65 Дин пашэшхуэм и щыгъынхэр зэфӀитхъащ абдежым. – Тхьэр игъэпцӀащ, – жиӀащ абы. – Сыт нэгъуэщӀ щыхьэт дыщӀыхуеижыр? Мис, Тхьэр зэригъэпцӀар зэхэфхащ.

66 Дауэ феплърэ? – УкӀ хуэфащэщ! – жэуап къатыжащ адрейхэм.

67 Хьисэ и напэм щӀэубжьытхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ ахэр. НэгъуэщӀхэри енэпэфауэурэ, мыпхуэдэу жаӀащ:

68 – Мэссихь, убегъымбармэ, уэ къоуар хэтми къыджеӀэт.


Петр Хьисэ имыцӀыхуу зэрыжиӀар
( Марк 14:66-72 ; Лука 22:54-62 ; Иуан 18:15-18 , 25-27 )

69 Петр пщӀантӀэм дэст абы щыгъуэ. Зы унэӀут хъыджэбз, абы къыбгъэдыхьэри, къыжриӀащ: – Галилей щыщ Хьисэ уригъусэу щытащ уэри.

70 – Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сщӀэркъым, – щыжиӀащ Петр псоми я пащхьэ.

71 Петр куэбжэмкӀэ иунэтӀащ итӀанэ. НэгъуэщӀ унэӀут хъыджэбз гуэрми ар къилъагъури, абдеж щытхэм яжриӀащ: – Мы лӀыри Назарет щыщ Хьисэм и гъусэу щытащ.

72 Аргуэру, «Ар сцӀыхуркъым» жиӀэри, Петр тхьэ иӀуащ.

73 ТӀэкӀу дэкӀа нэужь, абдежым щытхэр къыбгъэдыхьэри, Петр къыжраӀащ: – Пэж дыдэу, уэри абыхэм уащыщщ, уи псэлъэкӀэм ар нахуэ къещӀри.

74 – Тхьэр согъэпцӀ, жысӀэр мыпэжмэ, а лӀыр сцӀыхуркъым, – жиӀэри, тхьэ иӀуэу щӀидзащ Петр. Абы ирихьэлӀэу адакъэ Ӏуащ.

75 Хьисэ къыжриӀэгъауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ Петр.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan