Маттэ 22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр22-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ХьэгъуэлӀыгъуэм теухуа ущие хъыбарыр ( Лука 14:15-24 ) 1 Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ: 2 – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Пащтыхь гуэрым и къуэм къригъашэри, хьэгъуэлӀыгъуэ хуищӀащ. 3 Къеблэгъэнухэм я деж пащтыхьым и унэӀутхэр игъэкӀуащ, ауэ абыхэм къэкӀуэн ядакъым. 4 – Пащтыхьым нэгъуэщӀ унэӀутхэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: «Фыкъеблагъэ зыжесӀахэм яжефӀэ: Ӏэнэр хьэзырщ, выхэри, хьэгъуэлӀыгъуэм хуэзгъэшха нышхэри фӀезгъэгъэжащ, псори хьэзырщ, хьэгъуэлӀыгъуэм фыкъеблагъэ». 5 – Ауэ абыхэм унэӀутхэм нэмыплъ къратри, зыр и хьэсэм кӀуащ, адрейр и сату и ужь ихьэжащ. 6 Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ. 7 Пащтыхьым ар щызэхихым, къэгубжьщ, и дзэр игъакӀуэщ, а лӀыукӀхэр зэтрыригъэукӀэри, я къалэри мафӀэкӀэ иригъэгъэсащ. 8 – Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ итӀанэ: «ХьэгъуэлӀыгъуэр хьэзыр хъуакӀэщ, ауэ къезгъэблэгъахэм ар яхуэфащэтэкъым. 9 Аращи, гъуэгу зэхэкӀыпӀэхэм фыкӀуи, хэт вгъуэтми, хьэгъуэлӀыгъуэм къевгъэблагъэ». 10 УнэӀутхэр гъуэгухэм техьэри, ягъуэта псори, цӀыхуфӀхэри цӀыху бзаджэхэри, кърагъэблэгъащ; хьэгъуэлӀыгъуэм къекӀуэлӀар унэм щӀэз хъуащ. 11 – ХьэщӀэхэр зригъэлъагъуну къыщыщӀыхьэм, хьэгъуэ-лӀыгъуэм хуэфащэ щыгъын щымыгъыу лӀы гуэр илъэгъуащ пащтыхьым. 12 Щилъагъум, пащтыхьыр а лӀым еупщӀащ: «Си ныбжьэгъу, мыпхуэдэу фейцейуэ ухуэпауэ, дауэ укъеблэгъа?» Ауэ адрейм зыри жиӀакъым. 13 – Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ: «А лӀым и Ӏэхэри и лъакъуэхэри фыпхи, кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хэвдзэ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ». 14 – Къеблэгъар куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. Хьэкътын ахъшэм теухуауэ ( Марк 12:13-17 ; Лука 20:20-26 ) 15 Фарисейхэр кӀуэри, Хьисэ псалъэ гуэрым зэрытраубыдэн щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжащ абы щыгъуэ. 16 Арати, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж ягъэкӀуащ, Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэр я гъусэу. Абыхэм жаӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, щыпкъагъэм тету Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм зэребгъащӀэм дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм жаӀэм зыкӀи уигъэгузавэркъым, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи. 17 Аращи, къыджеӀэ: Дауэ уеплърэ? Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну? 18 Абыхэм я бзаджагъэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – Сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр сыт фэ, бзитӀщхьитӀхэ? 19 Хьэкътын ахъшэр* сывгъэлъагъу. Динар ахъшэ Хьисэ къыхуахьащ абыхэм. 20 – Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – щӀэупщӀащ Хьисэ. 21 – Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ. 22 Ар щызэхахым, абыхэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Хьисэ къагъанэри, ежьэжащ. ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунумкӀэ Хьисэ къызэреупщӀар ( Марк 12:18-27 ; Лука 20:27-40 ) 23 ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм ящыщ зы гуп къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ а махуэ дыдэм: 24 – Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «ЛӀы гуэр бын имыӀэу лӀэмэ, а лӀым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, и къуэшым фызабэр къишэжын хуейщ». 25 Дэ зэкъуэшибл къытхэтт. Нэхъыжьым къишауэ, дунейм ехыжащ. Бын иӀэтэкъыми, абы и фызыр и къуэшым къыхуэнащ. 26 Адрейхэми – етӀуанэми, ещанэми, ебланэм нэсыху – ар къащыщӀащ. 27 А псом я ужькӀэ фызри дунейм ехыжащ. 28 Аращи, лӀахэр къыщытэджыжкӀэ, мы зэшиблым ящыщу хэт ар зи фызынур? Ар зэшыблыми я щхьэгъусакъэ? 29 – Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ. 30 ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым, атӀэ уафэм щыӀэ мелыӀычхэм ещхьу щытынущ. 31 Ауэ лӀахэр къэтэджыжыныр пэж, жыфӀэу фыщӀэупщӀэмэ, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм феджакъэ: 32 «Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр»? Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэу зэрыщытырщ абы къикӀыр. 33 ЦӀыху гупышхуэхэм ар щызэхахым, Хьисэ яригъэщӀа Ӏуэхухэр ягъэщӀэгъуащ. Тхьэм и унафэхэм щыщу нэхъ ин дыдэр ( Марк 12:28-34 ; Лука 10:25-28 ) 34 Хьисэ саддукейхэм жаӀэнур ямыщӀэжу къызэригъэнар фарисейхэм щызэхахым, зэхуэсащ. 35 Абыхэм ящыщ торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр Хьисэ, игъэунэхун щхьэкӀэ, къеупщӀащ: 36 – Дин егъэджакӀуэ, Тхьэм и унафэхэм щыщу дэтхэнэра нэхъ ин дыдэр? 37 – «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу», – жриӀащ Хьисэ. 38 – Аращ я нэхъ ин дыдэу япэрей унафэр. 39 ЕтӀуанэ унафэри апхуэдэщ: «Уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу». 40 Мы унафитӀым къызэщӀаубыдэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит псори, адрей бегъымбархэми жаӀа псори. Мэссихьыр хэт зи къуэр? ( Марк 12:35-37 ; Лука 20:41-44 ) 41 Фарисейхэр къызэхуэса нэужь, Хьисэ абыхэм еупщӀащ: 42 – Мэссихь теухуауэ сыт жыфӀэн? Хэт ар зи къуэр? – Даут и къуэщ ар, – жаӀащ абыхэм. 43 – Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут и гум кърилъхьэу, Мэссихь теухуауэ «Си Зиусхьэн» жиӀэурэ къызэрыжригъэӀар дауэ къызэрыбгурыӀуэнур? – яжриӀащ Хьисэ. – Даут мыпхуэдэу жиӀакъэ: 44 «Тхьэуэ Зиусхьэным сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ: Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»? 45 – Езы Даут Мэссихьым «Сэ си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и къуэу дауэ зэрубжынур? 46 Хьисэ зы псалъэ къыпидзыжын зыми лъэкӀакъым. Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым а махуэм щыщӀэдзауэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden