Маттэ 21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр21-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Хьисэ Ерусалим зэрыдыхьар ( Марк 11:1-11 ; Лука 19:28-38 ; Иуан 12:12-19 ) 1 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес Виффагие жылэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщаш, 2 мыпхуэдэу яжриӀэри: – Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу зы шыдыбз, и шыд шыщӀэр щӀыгъуу, епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, си деж къафшэ. 3 Зыгуэрым зыгуэр къывжиӀэмэ, «Зиусхьэныр мыбыхэм хуейщ» жефӀи, шыдхэр къэфшэну хуит фищӀынущ асыхьэтым. 4 Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: 5 «Сион къалэу пхъум хуэдэм жефӀэ: Мис, гущабагъэ иӀэу, шыдым тесу уи пащтыхьыр къыпхуокӀуэ; ар зытесыр шыдыбзым и шыд шыщӀэрщ». 6 И гъуэгу ирикӀуэхэр кӀуэри, Хьисэ зэражриӀам тету ящӀащ. 7 Шыдыбзымрэ шыд шыщӀэмрэ къашэри, я щыгъынхэр абыхэм тралъхьащ, щыгъынхэм я щӀыӀум Хьисэ тетӀысхьащ. 8 ЦӀыху гупышхуэм я щыгъынхэр гъуэгум хутраубгъуэрт абы, нэгъуэщӀхэми жыгхэм къудамэ къыпаупщӀурэ гъуэгум хутралъхьэрт. 9 ЦӀыху гупышхуэу Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: – Хьусаннэ Даут и Къуэм деж! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ! 10 Хьисэ Ерусалим щыдыхьэм, къалэ псор къызэщӀэхъеяуэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Хэт мыр? 11 – Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм. Хьисэ сатуущӀэхэр Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщӀихуар ( Марк 11:15-19 ; Лука 19:45-48 ; Иуан 2:13-22 ) 12 Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, абы щӀэт сатуущӀэхэри щэхуакӀуэхэри псори къыщӀихуу щӀидзащ абы и ужькӀэ; ахъшэ зыхъуэжхэм я Ӏэнэхэмрэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм я шэнтхэмрэ щхьэпридзащ. 13 Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ», ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фощӀ. 14 Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, нэфхэмрэ лъашэхэмрэ къакӀуэри, абдежым щигъэхъужащ. 15 Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ* Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъум, сабийхэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, «Хьусаннэ Даут и Къуэм деж!» жаӀэу къызэрыджар щызэхахым, ямыдэу 16 Хьисэ къыжраӀащ: – Абыхэм жаӀэр зэхэпхрэ? – Зэхызох, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ феджакъэ Даут Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжриӀам: «Сабийхэмрэ сабий быдзафэхэмрэ я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ»? 17 Хьисэ абыхэм яхэкӀщ, къалэм дэкӀщ, Вифание жылэм кӀуэри, жэщыр абы щрихащ. Хьисэ ахъуо жыгым зэребгар ( Марк 11:12-14 , 20-24 ) 18 Нэху щауэ, Ерусалим къыздэкӀуэжым, Хьисэ къэмэжэлӀащ. 19 Гъуэгубгъум зы ахъуо жыг щилъагъури, абы бгъэдыхьащ, ауэ тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым; жыгым мыпхуэдэу жриӀащ: – ИгъащӀэкӀэ зыри уэ къыппымыкӀэжын ирехъу! Ар зэрыжиӀэу, ахъуо жыгыр гъуащ. 20 Ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Ахъуо жыгыр дауэ апхуэдэу псынщӀэу гъужынкӀэ хъуа? 21 – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – фи гум шэч къивмыгъэхьэу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, ахъуо жыгым есщӀам хуэдэ къудейкъым фщӀэн флъэкӀынур, мы Ӏуащхьэми «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жефӀэмэ, зыхидзынущ. 22 ФӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, сыткӀэ фелъэӀуми, Тхьэм ар къыфхуищӀэнущ. Хьисэ и тепщэныгъэр журт пашэхэр къезытамкӀэ къызэреупщӀар ( Марк 11:27-33 ; Лука 20:1-8 ) 23 Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. ЯригъащӀэ щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэ къыбгъэдыхьэри къыжраӀащ: – Мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхар? Ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытар? 24 – Сэри фэ зы Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ сынывэупщӀынущ, – яжриӀащ Хьисэ. – Жэуап къызэфтыжмэ, сэри нывжесӀэнщ мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар. 25 ЦӀыхухэр иумэхъын щхьэкӀэ, Иуан хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра? – «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, езым къыджиӀэнщ: «НтӀэ, Иуан жиӀар сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм. 26 – «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыхухэм дащышынэн хуейщ, цӀыху псоми Иуан бегъымбару ялъытэри. 27 Арати: – ТщӀэркъым, – къыжраӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, сэри нывжесӀэнукъым мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Хьисэ жиӀащ итӀанэ: КъуитӀым ятеухуа ущие хъыбарыр 28 – Фэ дауэ феплърэ? ЛӀы гуэрым къуитӀ иӀэт. А лӀыр и зы къуэм бгъэдыхьэри, жриӀащ: «Си щӀалэ, кӀуэи, нобэ си жызум хадэм щылажьэ». 29 – Абы жэуап къритащ: «СыкӀуэнукъым», арщхьэкӀэ иужьым щӀегъуэжри, кӀуащ. 30 – Адэр адрей и къуэми бгъэдыхьэри, ар дыдэр жриӀащ. ЩӀалэм жиӀащ: «СыкӀуэнщ, ди адэ», ауэ кӀуакъым. 31 – Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар? – Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм. 32 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыпкъагъэм и гъуэгу фытригъэхьэн щхьэкӀэщ Иуан къыщӀэкӀуар, ауэ фэ абы дзыхь хуэфщӀакъым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ Иуан жиӀар я фӀэщ хъуащ. Ар я фӀэщ зэрыхъуар флъэгъуа пэтми, фэ фыщӀегъуэжакъым икӀи Иуан дзыхь хуэфщӀакъым. ЖызумгъэкӀ бзаджэхэм ятеухуа ущие хъыбарыр ( Марк 12:1-12 ; Лука 20:9-19 ) 33 – НэгъуэщӀ ущие хъыбари фыкъедаӀуэ. Унэр зей гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Хадэр мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр. 34 Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къыӀахыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀутхэр игъэкӀуащ абы. 35 – ЖызумгъэкӀхэм унэӀутхэр яубыдри, зыр яубэрэжьащ, адрейр яукӀащ, ещанэри яукӀащ, мывэкӀэ еуэурэ. 36 Хадэр зейм унэӀутхэр игъэкӀуащ аргуэру, япэу игъэкӀуахэм нэхърэ нэхъыбэжу, ауэ абыхэми ар дыдэр къращӀащ. 37 ИкӀэм-икӀэжым «Си къуэм пщӀэ къыхуащӀынщ», жиӀэри, и къуэр абыхэм я деж игъэкӀуащ хадэр зейм. 38 – ЖызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зым адрейм жриӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ». 39 Арати, ар яубыдщ, жызум хадэм ирашыжри яукӀащ. 40 – АтӀэ, жызум хадэр зейр къакӀуэмэ, а жызумгъэкӀхэм сыт ярищӀэнур? – щӀэупщӀащ Хьисэ. 41 – Абы а бзаджащӀэхэр кӀуэдыкӀейуэ игъэкӀуэдынурэ, жызум пычыжыгъуэр къыщыскӀэ, и жызум Ӏыхьэр къезытыжыну нэгъуэщӀ жызумгъэкӀхэм хадэр яӀэщӀилъхьэнущ, – къыжраӀащ абыхэм Хьисэ. УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр 42 Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ». 43 – Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ. 44 Мы мывэм къытехуэр зэпкъриудынущ, езыр зытехуэр ипӀытӀынущ. 45 Мы ущие хъыбархэр дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ щызэхахым, а хъыбархэр езыхэм зэратеухуар къагурыӀуати, 46 Хьисэ яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхубэм ящышынащ, абыхэм ар бегъымбару ялъытэрти. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden