Маттэ 19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр19-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Фыз игъэкӀыжыным теухуауэ ( Марк 10:1-12 ) 1 А псалъэхэр жиӀа нэужь, Галилей хэкум икӀри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ. 2 Абы и ужь иту цӀыху куэд кӀэлъыкӀуащ икӀи абыхэм яхэт сымаджэхэр а хэкум щигъэхъужащ. 3 Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ: – ЛӀым и фызыр сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкӀэ иригъэкӀыж хъуну? 4 – Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщӀам щӀэдзапӀэм деж цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту феджакъэ? – жэуап итыжащ Хьисэ. 5 – «Абы къыхэкӀкӀэ, лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу, тӀури зыпкъ хъунущ», жиӀэу Тхьэм зэрыжиӀам феджакъэ? 6 Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым. Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым. 7 – АтӀэ, «ЛӀым зэрыригъэкӀыж тхылъ фызым иритмэ, фызыр иригъэкӀыж хъунущ» жиӀэу, Мусэ бегъымбарым сыт унафэ щӀищӀар? – къыжраӀащ фарисейхэм Хьисэ. 8 – Фэ фи ерыщыгъэм къыхэкӀкӀэ, фи фызхэр ивгъэкӀыжыну Мусэ бегъымбарым хуит фищӀащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ахъумэ нэхъапӀэм апхуэдэу щытакъым. 9 Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз зинэ имыщӀауэ ар изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу. 10 – ЛӀымрэ фызымрэ зэрызэхущытыр апхуэдэмэ, абы щыгъуэ къыумышэххэныр нэхъыфӀщ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. 11 – Сэ жысӀар хэти ищтэн лъэкӀынукъым, – яжриӀащ Хьисэ. – Ар зыщтэн зылъэкӀыр Тхьэм лъэкӀыныгъэ зрита къудейрщ; 12 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къашэни дэкӀуэни ялъэмыкӀыну я анэхэм къызэралъхум щхьэкӀэ, языныкъуэ цӀыхухэм къашэнукъым икӀи дэкӀуэнукъым. ЦӀыхухэм языныкъуэхэри яугуэщхъуащи, ар яхузэфӀэкӀынукъым. Языныкъуэхэми, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтын щхьэкӀэ, къашэнуи дэкӀуэнуи ядэркъым. Ар зыщтэн зылъэкӀынум ирещтэ. Хьисэрэ сабийхэмрэ ( Марк 10:13-16 ; Лука 18:15-17 ) 13 ЦӀыхухэм сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, и Ӏэхэр ятрилъхьэну икӀи Тхьэм яхуелъэӀуну. Ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар цӀыхухэм хуадэртэкъым. 14 Хьисэ жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи. 15 Хьисэ и Ӏэхэр абыхэм ятрилъхьащ итӀанэ. А щӀыпӀэм икӀыжащ Хьисэ абы и ужькӀэ. ЩӀалэ бейр ( Марк 10:17-31 ; Лука 18:18-30 ) 16 Хьисэ къыбгъэдыхьэри, щӀалэ гуэр къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ згъуэтын щхьэкӀэ, сыт фӀыуэ сщӀэн хуейр? 17 – ФӀымкӀэ щхьэ укъызэупщӀрэ? – жриӀащ Хьисэ а щӀалэм. – Тхьэм фӀэкӀа фӀы щыӀэкъым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыну ухуеймэ, Тхьэм и унафэхэр гъэзащӀэ. 18 – А унафэхэр сыт хуэдэ? – къеупщӀащ щӀалэр Хьисэ. – «ЦӀыху умыукӀ, зинэ умыщӀэ, умыдыгъуэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, 19 уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ, уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», – жиӀащ Хьисэ. 20 – Си щӀалэгъуэм щыщӀэдзауэ а псори согъэзащӀэ, – къыжриӀащ щӀалэм Хьисэ. – Сыт иджыри си щыщӀагъэр? 21 – Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ. 22 Ар щызэхихым, игу ныкъуэу, щӀалэр ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти. 23 – Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр бейм дежкӀэ гугъущ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. 24 – Иджыри нывжызоӀэ, бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ. 25 Хьисэ жиӀар и гъуэгу ирикӀуэхэм щызэхахым, ар икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, къеупщӀащ: – Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт? 26 Абыхэм еплъри, Хьисэ яжриӀащ: – ЦӀыхухэм езыхэм мыкӀуэду зыкърагъэлын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым. 27 – Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уи ужь дыкъиуващ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Абы щхьэкӀэ дэ ӀыхьэфӀу къэдгъуэтынур сыт? 28 – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ахърэтым щӀыхьышхуэ щиӀэу и тахътэм щытетӀысхьэкӀэ, фэ, си ужь къиувахэр, тахътэ пщыкӀутӀым фытетӀысхьэнурэ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум* ятефщӀыхьынущ. 29 ИкӀи е и унэхэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэ, е и анэ, е и бынхэр, е и щӀапӀэр сэр щхьэкӀэ къэзыбгына дэтхэнэми хуэдищэ игъуэтыжынущ икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀу къылъысынущ. 30 Ауэ я пэ итхэм ящыщ куэд я ужь къинэнущ, я ужь итхэри япэ ищынущ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden