Маттэ 18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр18-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу нэхъ ин дыдэр хэт? ( Марк 9:33-37 ; Лука 9:46-48 ) 1 И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу хэт нэхъ ин дыдэр? 2 Хьисэ сабий гуэр къриджэщ, яку дигъэувэри, 3 жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым. 4 Аращи, мы сабийм хуэдэу зи щхьэр зыгъэлъахъшэ дэтхэнэри Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ ин дыдэщ. 5 Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу. ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуэхэр ( Марк 9:42-48 ; Лука 17:1-2 ) 6 – Ауэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым и кууупӀэм хадзэрэ ирагъэтхьэлатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт. 7 ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхухэм я зэранкӀэ дунейр гъуэгу мыгъуэ теуващ. Пэжщ, апхуэдэ Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыбгъэдэкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ. 8 Уи Ӏэм е уи лъакъуэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀи, хыфӀэдзэ. Уи ӀитӀыр е уи лъакъуитӀыр уиӀэу, мыункӀыфӀыжын мафӀэм ухадзэ нэхърэ, уӀэшэу е улъашэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ. 9 Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уи нитӀыр уиӀэу, жыхьэнмэм и мафӀэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ. 10 – Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури. 11 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыху кӀуэдам лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ. Мэл кӀуэдам теухуа ущие хъыбарыр ( Лука 15:3-7 ) 12 – Фэ дауэ феплърэ? Зыгуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур Ӏуащхьэм къытринэу, кӀуэуэ, а мэл кӀуэдам лъыхъуэнукъэ? 13 Пэжыр нывжызоӀэ, а мэлыр къыщигъуэтыжкӀэ, фӀэмыкӀуэда мэл бгъущӀрэ бгъум нэхърэ а зы мэлым нэхъ щыгуфӀыкӀынущ. 14 Апхуэдэу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэр мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри кӀуэдыну хуейкъым. Гуэныхь зыщӀэ къуэшыр ( Лука 17:3 ) 15 – Уи къуэшым уэркӀэ гуэныхь къихьамэ, абы деж кӀуэи, ар зэрыгуэныхьыр фи закъуэу гурыгъаӀуэ. КъодаӀуэмэ, абы щыгъуэ уи къуэшыр къыпхуэнэжащ. 16 КъомыдаӀуэмэ, зы цӀыху е цӀыхуитӀ зыщӀыгъуи, уи къуэшым деж кӀуэ. «ЩыхьэтитӀым е щыхьэтищым жаӀэмкӀэ дэтхэнэ псалъэри гъэщыпкъа хъунущ» итӀанэ. 17 Абыхэми едэӀуэн имыдэмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм я пащхьэм илъхьэ Ӏуэхур. Члисэ зэхуэсыми едэӀуэн имыдэмэ, ар хамэ лъэпкъхэм ящыщ е хьэкътын ахъшэр хэзых гуэрхэм яхуэдэ ирехъу уэркӀэ. 18 – Пэжыр нывжызоӀэ, щӀылъэм фэ хуит щывмыщӀыр, уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм фэ хуит щыфщӀыр, уафэми хуит щыхъунущ. 19 – Иджыри нывжызоӀэ, щӀылъэм тет фщыщ цӀыхуитӀ фызэгурыӀуэрэ сыт ищӀыскӀи фелъэӀумэ, си Адэу уафэм щыӀэм ар къыфхуищӀэнущ. 20 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си цӀэкӀэ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ щызэхуэскӀэ, сэри абыхэм сахэтщи. ГущӀэгъу зыхэмылъ унэӀутым теухуа ущие хъыбарыр 21 Петр Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ: – Зиусхьэн, си къуэшым сэркӀэ гуэныхь къихьамэ, дапщэрэ хуэзгъэгъун хуей? Блэнейрэ хуэзгъэгъун хуейуэ ара? 22 – Сэ ныбжызоӀэ, блэней къудейкъым, атӀэ блыр блыщӀкӀэ гъэбэгъуауэщ. 23 – Аращи, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зэщхьыр и унэӀутхэм ятелъ щӀыхуэр илъытэну хэта пащтыхьырщ. 24 Илъытэну щыщӀидзэм, талант минипщӀ щӀыхуэу зытелъ гуэр къыхуашащ. 25 ЩӀыхуэр зэрипшыныжын зэримыӀэм къыхэкӀкӀэ, ари, абы и фызри, и бынхэри, иӀэ псори ящэу, щӀыхуэр иригъэпшыныжыну, пащтыхьым унафэ ищӀащ. 26 – Апхуэдэу щыхъум, пащтыхьым и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, унэӀутым жиӀащ: «Сыхыумыгъэзыхь. Псори уэстыжынщ». 27 Пащтыхьым а унэӀутым гущӀэгъу хуищӀщ, щӀыхуэр хуигъэгъури, иутӀыпщыжащ. 28 – А унэӀутыр щӀэкӀыжри, адрей унэӀутхэм ящыщу езым и динарищэ* щӀыхуэу зытелъым щыхуэзэм, «Си щӀыхуэр къызэтыж» жиӀэщ, къиубыдри итхьэлэу хуежьащ. 29 Адрей унэӀутым абы и пащхьэм зыщридзыхри, лъаӀуэу щӀидзащ: «Сыхыумыгъэзыхь, тӀэкӀу къыспэплъэ, уэстыжынущ». 30 – Ауэ мыдрейм ар имыдэу, кӀуэри, ар лъэхъуэщым щӀригъэдзащ, щӀыхуэр къритыжыху. 31 Адрей унэӀуту ар зылъэгъуахэм я гум икъукӀэ къеуати, пащтыхьым деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ. 32 – Пащтыхьым а унэӀутыр къригъашэри жриӀащ: «Уэ, унэӀут бзаджэ, укъызэлъэӀуати, си щӀыхуэу птелъ псори пхуэзгъэгъуащ. 33 Сэ уэ гущӀэгъу зэрыпхуэсщӀам хуэдэу, уэри адрей унэӀутым гущӀэгъу хуэпщӀын хуеякъэ?» 34 Пащтыхьыр икъукӀэ къэгубжьри, и щӀыхуэу телъ псори къритыжыху яӀыгъыну, а унэӀутыр лъэхъуэщ хъумакӀуэхэм яритащ. 35 (ИтӀанэ Исус щӀигъужащ:) – И къуэшым кърищӀар игукӀэ хуэзымыгъэгъу фщыщ дэтхэнэми сэ си Адэу уафэм щыӀэри апхуэдэущ къызэрыхущытынур. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden