Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Маттэ 17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


17-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ и теплъэм зэрызихъуэжар
( Марк 9:2-13 ; Лука 9:28-36 )

1 Махуих дэкӀа нэужь, Хьисэ Петри, Екъуби, абы и къуэш Иуани зыщӀигъури, абыхэм я закъуэ бгы лъагэ дишащ.

2 Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.

3 Плъэмэ, бегъымбархэу Мусэрэ Илясрэ Хьисэ къепсалъэу къахуэлъэгъуащ абы и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым.

4 – Зиусхьэн, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Уэ ухуеймэ, мыбдежым шэтырищ щызгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ.

5 Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.

6 Ар щызэхахым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр хуабжьу къэшынэри, щӀым бгъэгукӀэ зытрадзащ.

7 Хьисэ абыхэм къабгъэдыхьэри, ӀэпэкӀэ еӀусэурэ жиӀащ: – Фыкъэтэдж, фымышынэ.

8 Къыщыдэплъейм, Хьисэ фӀэкӀа зыри ялъагъужакъым.

9 Бгым къыщехыжым, абыхэм унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, флъэгъуар зыми хуэвмыӀуэтэж.

10 И гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищыр Хьисэ къеупщӀащ: – НтӀэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм «Иляс бегъымбарыр къэкӀуэн хуейщ япэщӀыкӀэ» щӀыжаӀэр сыт?

11 – Пэжщ, Иляс къакӀуэу Ӏуэху псори захуагъэм тету зэтригъэувэжын хуейщ, – яжриӀащ Хьисэ.

12 – Ауэ сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, ауэ ар къацӀыхужакъым, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяри иращӀащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэми гугъуехь ирагъэшэчынущ абыхэм.

13 Хьисэ жыхуиӀар умэхъакӀуэ Иуаныр зэрыарар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къагурыӀуащ абдежым.


Жин бзаджэм иӀыгъ щӀалэ гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
( Марк 9:14-29 ; Лука 9:37-43а )

14 Абы и ужькӀэ, Хьисэрэ и гъусищымрэ цӀыху гупышхуэм я деж къыщагъэзэжым, лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри,

15 жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, си къуэм гущӀэгъу къыхуэщӀ. МазэщӀэр къыщыунэхукӀэ, хьэзабышхуэ телъщ абы. МафӀэми псыми куэд дыдэри хохуэ.

16 Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэм къахуэсшат ар, арщхьэкӀэ ягъэхъужын яхузэфӀэкӀакъым.

17 – Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу къуаншагъэ зылэжь иджырей цӀыхухэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.

18 Къыщыхуашэм, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жиныр щӀалэм хэкӀыжащ. ЩӀалэри асыхьэтым хъужащ.

19 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ я закъуэу къыщынэм, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ итӀанэ: – Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?

20 – Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.

21 – Апхуэдэ жин лӀэужьыгъуэр Тхьэм узэрелъэӀумрэ узэрынэщӀымрэ фӀэкӀа, нэгъуэщӀкӀэ цӀыхум хэпхуфынукъым, – щӀигъужащ Хьисэ.


ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ етӀуанэу къызэрыжиӀар
( Марк 9:30-32 ; Лука 9:43-45 )

22 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Галилей хэкум щыщызэхуэ-сыжам щыгъуэ, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ,

23 абыхэм ар яукӀынущ, ауэ ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм. Хьисэ ар щажриӀэм, абыхэм зэхахар хуабжьу гущӀыхьэ ящыхъуащ.


Хьисэрэ Петррэ Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ хьэкътын ахъшэр зэратар

24 Капернаум къалэм къыщыкӀуам щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ хьэкътын ахъшэу дидрахм зи цӀэр хэзыххэр Петр деж къакӀуэри, жаӀащ: – Хьэкътын ахъшэу дидрахмыр фи дин егъэджакӀуэм Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ итрэ?

25 – Ет, – жиӀащ Петр. Петр унэм щыщӀыхьэм, езым жимыӀэӀа щӀыкӀэ, Хьисэ абы къеупщӀащ итӀанэ: – Уэ дауэ уеплърэ, Симон? Дунейм тет пащтыхьхэм хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкъымрэ цӀыхухэм тралъхьэ хьэкъымрэ хэт къызыӀахыр? Езыхэм я къуэхэра, е нэгъуэщӀ цӀыхухэра?

26 – НэгъуэщӀ цӀыхухэращ, – къритыжащ жэуап Петр. – Аращи, я къуэхэм хьэкъ тралъхьэркъым, пэжкъэ? – жриӀащ Хьисэ абы.

27 – Ауэ мы цӀыхухэм гукъанэ къытхуамыщӀын щхьэкӀэ, гуэлым кӀуэ, бдзэжьей къунтх хэдзи, япэ къэбубыд бдзэжьейр къапщтэрэ и жьэр зэтепхмэ, дыжьын ахъшэ къыжьэдэпхынущ. Ар къащти, хьэкътыну уэрэ сэрэ щхьэкӀэ абыхэм ет.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan