Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Маттэ 16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну фарисейхэр Хьисэ зэрелъэӀуар
( Марк 8:11-13 ; Лука 11:29-32 )

1 Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, ягъэунэхун мурадкӀэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну елъэӀуащ.

2 Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Пщыхьэщхьэм мыпхуэдэу жывоӀэ: «Уафэ нэзыр пшэплъщи, пщэдей уэфӀ хъунущ».

3 Пщэдджыжьым мыпхуэдэу жывоӀэ: «Уафэм пшэр тезщ икӀи пшэплъщ. Нобэ уэлбанэ хъунущ». Уафэм и теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, ауэ мы зэманым и нэщэнэхэм къарыкӀыр къывгурыӀуэн флъэкӀыркъым.

4 Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм къаритынукъым. Ар жиӀэщ, абыхэм яхэкӀри, Хьисэ ежьэжащ.


Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэр
( Марк 8:14-21 )

5 Гуэлым щызэпрыкӀыжым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм щӀа-кхъуэ къыздащтэну ящыгъупщат.

6 Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ.

7 – ЩӀакхъуэ диӀэкъыми, аращ абы апхуэдэу щӀыжиӀэр, – тепсэлъыхьырт и гъуэгу ирикӀуэхэр а Ӏуэхум.

8 Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – ФӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэ, щӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт?

9 КъывгурымыӀуэу ара иджыри? ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар?

10 Хьэмэрэ щӀакхъуиблыр цӀыху миниплӀым щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар?

11 «Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ», щыжысӀэм, щӀакхъуэракъым сэ жыхуэсӀар, ар щхьэ къывгурымыӀуэрэ?

12 Хьисэ жыхуиӀар щӀакхъуэ пщагъэр артэкъым, атӀэ фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ цӀыхухэм ирагъащӀэу щыта Ӏуэхурт. Абы зыщахъумэн зэрыхуейр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къагурыӀуащ абы щыгъуэ.


«Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жиӀэу Петр Хьисэ зэрыжриӀар
( Марк 8:27-30 ; Лука 9:18-21 )

13 Кесарфилиппие къалэм и Ӏэхэлъахэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, цӀыхухэм сыхэту жаӀэрэ?

14 – ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – жаӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. У-Иеремие бегъымбару е бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.

15 – АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.

16 – Уэращ Мэссихьу гъащӀэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэр, – жиӀащ Симон Петр.

17 – Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.

18 Сэ ныбжызоӀэ, уэ у-Петрщ, уэ мывэм ухуэдэщ, сэ си члисэр уэ птесщӀыхьынущ икӀи лӀэныгъэм и къарухэр а члисэм пэлъэщынукъым.

19 Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и ӀункӀыбзэхэр уэстынущ; щӀылъэм сыт уэ хуит щумыщӀыр уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм сыт уэ хуит щыпщӀыр уафэми хуит щыхъунущ.

20 Ар зэры-Мэссихьыр зыми жрамыӀэну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ быдэ яхуищӀащ абы щыгъуэ.


Езыр зэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ къызэрыжиӀар
( Марк 8:31–9:1 ; Лука 9:22-27 )

21 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.

22 Апхуэдэу щыжиӀэм, Петр Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, жиӀар хуимыдэу щӀидзащ: – Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ. Ар къыпщыщӀ хъунукъым.

23 Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщи.

24 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр кърещти, си ужь къреувэ.

25 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ сэр щхьэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къелынущ.

26 Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхухэкӀынур сыт? Хьэмэрэ зы цӀыхум и псэм щхьэкӀэ уасэу итыфынур сыт?

27 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.

28 Пэжыр нывжызоӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и Тепщэныгъэшхуэр иӀэу къакӀуэу ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan