Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Маттэ 14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр зэрыпаупщӀар
( Марк 6:14-29 ; Лука 9:7-9 )

1 Пщы Ирод, Хьисэ и хъыбарыр зэхихати,

2 и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм яжриӀащ а махуэхэм: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ телъыджэхэр щӀилэжьыр.

3-4 Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат. Абы ар къызэришэжам щхьэкӀэ, Иуан Ирод жриӀэрт: «Уи къуэшым и фыз къэпшэжыныр хабзэм къезэгъыркъым». Иродиадэ и лъэӀукӀэ Ирод и зауэлӀхэм Иуан яригъэубыдщ, Ӏэхъулъэхъу ярыригъалъхьэри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ абы и ужькӀэ.

5 Ирод Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт, абыхэм Иуан бегъымбару ялъытэрти.

6 Ирод къыщалъхуа махуэр щагъэлъапӀэм, Иродиадэ и пхъур зэхуэсахэм я пащхьэм къыщыфащ икӀи ар пщы Ирод игу ирихьащ.

7 Ирод хъыджэбзыр игу ирихьати, абы тхьэ хуиӀуащ: – Сыт ухуейми, уэстынщ.

8 И анэм игъэӀущати, хъыджэбзым жиӀащ: – УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр лагъэм илъу къызэт.

9 Пащтыхьым ар щызэхихым, хуабжьу гущӀыхьэ щыхъуащ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, хъыджэбзыр зыхуейр иратыну унафэ ищӀри,

10 Иуан и щхьэр лъэхъуэщым щыпиупщӀыну зауэлӀ гуэр игъэкӀуащ.

11 Иуан и щхьэр лагъэм илъу къахьри, хъыджэбзым иратащ, абы ар и анэм хуихьащ.

12 Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр къакӀуэщ, Иуан и хьэдэр лъэхъуэщым къыщӀахыжри щӀалъхьэжащ итӀанэ. ЩӀалъхьэжа нэужь, кӀуэри къэхъуар Хьисэ хуаӀуэтэжащ.


Хьисэ цӀыху минитху зэригъэшхар
( Марк 6:30-44 ; Лука 9:10-17 ; Иуан 6:1-14 )

13 А хъыбарыр щызэхихым, цӀыхухэм яхэкӀри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ и закъуэу кхъуафэжьейкӀэ иунэтӀащ Хьисэ. Ар щызэхахым, цӀыху гупышхуэ къалэхэм къыдэкӀри, Хьисэ лъэсу кӀэлъыкӀуащ.

14 Хьисэ кхъуэфэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, игу ящӀэгъури, сымаджэу яхэтыр игъэхъужащ.

15 Пщыхьэщхьэр къыщысым, и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр пхыдзащ, махуэри хэкӀуэтакӀэщ. Жылэхэм кӀуэуэ гъуэмылэ къыщащэхун щхьэкӀэ, цӀыхухэр утӀыпщ.

16 – Ахэр щӀэкӀуэн щыӀэкъым. Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

17 – Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀа диӀэкъым, – къыжраӀащ адрейхэм.

18 – Ахэр сэ къысхуэфхьыт, – жиӀащ Хьисэ.

19 Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм яжриӀащ удзыпцӀэм хэтӀысхьэну. ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ; абыхэм цӀыху гупышхуэхэм хуагуэшащ.

20 Арати, псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярызу хъуащ.

21 ЦӀыхубзхэмрэ сабийхэмрэ нэмыщӀ, шхахэр цӀыху минитху хуэдиз хъурт.


Хьисэ псы гущӀыӀум тету зэрыкӀуар
( Марк 6:45-52 ; Иуан 6:16-21 )

22 Хьисэ цӀыху гупышхуэхэр иригъэжьэжыху зыпимыгъаплъэу, и гъуэгу ирикӀуэхэр кхъуафэжьейм иригъэтӀысхьащ итӀанэ, гуэлым зэпрыкӀын щхьэкӀэ.

23 ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Тхьэм елъэӀуну Ӏуащхьэм и закъуэ дэкӀуеящ. Пщыхьэщхьэр щыхъуам, ар и закъуэу абдеж къытенащ.

24 Плъэмэ, кхъуафэжьейр гуэлым и кум нэсат, ауэ жьы къепщэрти, толъкъунхэр къыжьэхэуэурэ, кхъуафэжьейр зэхэзедзэ хъуащ.

25 Джэд Ӏуэгъуэм деж Хьисэ, псы щӀыӀум тету, кхъуафэжьейм исхэм я лъэныкъуэкӀэ кӀуащ.

26 Псы гущӀыӀум тету Хьисэ къакӀуэу щалъагъум, и гъуэгу ирикӀуэхэм ар хьэдэджадэу къафӀэщӀри, хуабжьу шынауэ зэрыгъэкӀиящ.

27 Хьисэ абыхэм къажриӀащ а сыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!

28 – Зиусхьэн, ар уэрауэ щытмэ, псы гущӀыӀум сытету, уи деж сынэкӀуэну унафэ щӀы, – жриӀащ Петр Хьисэ.

29 – КъакӀуэ! – жиӀащ Хьисэ. Петр кхъуафэжьейм къикӀри, псы гущӀыӀум тету, Хьисэ деж кӀуэну ежьащ.

30 Ауэ жьышхуэр къыщыкъуэум, гузавэри, къэшынащ. Псым щӀилъафэ щыхъум, къэгуоуащ: – Зиусхьэн, сыкъегъэл.

31 Петр ар щыжиӀэм, Хьисэ и Ӏэр хуишийщ, ар иубыдри жриӀащ: – Уэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэ, дзыхь щхьэ къысхуумыщӀырэ?

32 Арати, кхъуафэжьейм исхэм тӀури яхэтӀысхьэжащ, жьапщэри увыӀэжащ.

33 ЩыувыӀэжым, кхъуафэжьейм исхэр лъэгуажьэмыщхьэу Хьисэ и пащхьэм итӀысхьэри, жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ Тхьэм ури-Къуэщ.


Геннисарет хэкум Хьисэ сымаджэхэр зэрыщигъэхъужар
( Марк 6:53-56 )

34 Гуэлым зэпрыкӀри, Геннисарет нэсащ.

35 А щӀыпӀэм щыпсэухэм Хьисэ къыщацӀыхужым, а хэкум дэнэкӀи ис цӀыхухэм хъыбар ирагъащӀэри, сымаджэу ис псори абы къыхуашащ.

36 НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъын кӀапэм иригъэӀусэну лъаӀуэрт сымаджэхэр, щыгъын кӀапэм еӀуса псори узыншэ хъужырт.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan