Маттэ 1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ къызыхэкӀа лъэпкъыр ( Лука 3:23-38 ) 1 Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр. 2 Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуалъхуащ; Исхьэкъ Екъуб къыхуалъхуащ; абы Иудэрэ и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ; 3 Иудэ Фаресрэ Зарэрэ къыхуалъхуащ; а тӀум я анэм и цӀэр Тамэрэщ; Фарес Есром къыхуалъхуащ; Есром Арам къыхуалъхуащ; 4 Арам Аминадав къыхуалъхуащ; Аминадав Наасон къыхуалъхуащ; Наасон Салмон къыхуалъхуащ; 5 Салмон Вооз къыхуалъхуащ; Вооз и анэм и цӀэр Рахавщ; Вооз Овид къыхуалъхуащ; Овид и анэм и цӀэр Рутщ; Овид Иессе къыхуалъхуащ; 6 Иессе Даут пащтыхьыр къыхуалъхуащ. Даут пащтыхьым Сэлмэн къыхуалъхуащ; Сэлмэн и анэр Урие зи цӀэм и фызу щытащ. 7 Сэлмэн Ровоам къыхуалъхуащ; Ровоам Авие къыхуалъхуащ; Авие Асэ къыхуалъхуащ; 8 Асэ Иосафат къыхуалъхуащ; Иосафат Иорам къыхуалъхуащ; Иорам Озие къыхуалъхуащ; 9 Озие Иоафам къыхуалъхуащ; Иоафам Ахаз къыхуалъхуащ; Ахаз Езекие къыхуалъхуащ; 10 Езекие Манассие къыхуалъхуащ; Манассие Амон къыхуалъхуащ; Амон Иосие къыхуалъхуащ; 11 Иосие Иоаким къыхуалъхуащ. Израил цӀыхухэр Бабилэн къалэшхуэм залымыгъэкӀэ щагъэӀэпхъуа лъэхьэнэм Иоаким Иехониерэ Иехоние и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ. 12 Израил цӀыхухэр Бабилэн ягъэӀэпхъуа нэужь, Иехоние Салафиил къыхуалъхуащ; Салафиил Зоровавел къыхуалъхуащ; 13 Зоровавел Авиуд къыхуалъхуащ; Авиуд Елиаким къыхуалъхуащ; Елиаким Азор къыхуалъхуащ; 14 Азор Садок къыхуалъхуащ; Садок Ахим къыхуалъхуащ; Ахим Елиуд къыхуалъхуащ; 15 Елиуд Елеазар къыхуалъхуащ; Елеазар Матфан къыхуалъхуащ; Матфан Екъуб къыхуалъхуащ; 16 Екъуб Исуф къыхуалъхуащ. Ар МэссихькӀэ* зэджэ Хьисэ къэзылъхуа Мэрием и щхьэгъусэщ. 17 Аращи, Ибрэхьим бегъымбарым деж къыщыщӀэдзауэ Даут пащтыхьым деж къэсыху щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу; Даут пащтыхьым деж къыщыщӀэдзауэ израил цӀыхухэр Бабилэн къалэшхуэм залымыгъэкӀэ щагъэӀэпхъуам нэс щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу; израил цӀыхухэр Бабилэн щагъэӀэпхъуам къыщыщӀэдзауэ Мэссихь деж къэсыху щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу. Хьисэ къызэралъхуар ( Лука 2:1-7 ) 18 Хьисэ Мэссихь къызэралъхуар мыпхуэдэущ: Исуф Хьисэ и анэ Мэрием къишэну къыхихат, ауэ ахэр зэрымышэ щӀыкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и ӀэмыркӀэ Мэрием уэндэгъуу къыщӀэкӀащ. 19 Мэрием илӀ Исуф щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхути, Мэрием и напэр цӀыхухэм я пащхьэм щытримыхын щхьэкӀэ, ар щэхуу иригъэкӀыжын мурад ищӀащ. 20 Исуф а Ӏуэхум пыхьауэ, Зиусхьэным и мелыӀычыр абы пщӀыхьэпӀэу къыхуэкӀуащ. – Даут и къуэ Исуф, – къыжиӀащ абы, – Мэрием къэпшэну умышынэ; абы къилъхуну сабийр къызыхэкӀыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. 21 Мэрием къуэ къыхуэхъунущ икӀи абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ,* абы и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ, мыкӀуэду къригъэлынущи. 22 А псор апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным бегъымбарым игу кърилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: 23 «Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр». 24 Исуф къэушри, Зиусхьэным и мелыӀычым къызэрыжриӀам тету зекӀуащ икӀи Мэрием къишащ. 25 Ауэ ар къишэн ипэ, Мэрием и япэ къуэр къилъхуащ. Исуф абы цӀэуэ фӀищар Хьисэщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden