Марк 8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Хьисэ цӀыху миниплӀ зэригъэшхар ( Маттэ 15:32-39 ) 1 ЦӀыху куэд аргуэру къызэхуэсащ а махуэхэм. Абыхэм яшхын яӀэтэкъыми, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри, яжриӀащ: 2 Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, дзэкъэгъуэ яӀухуакъым. 3 МэжалӀэу сутӀыпщыжмэ, гъуэгум текӀуэдэнущ, жыжьэ къикӀахэри яхэтщи. 4 Абыхэм яхурикъун щӀакхъуэ мы губгъуэ нэщӀым дэнэ щыбгъуэтын? – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. 5 ЩӀакхъуэ дапщэ фиӀэр? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – ЩӀакхъуибл диӀэщ, – къыжраӀащ абыхэм. 6 Ар щыжаӀэм, Хьисэ цӀыху гупышхуэм унафэ яхуищӀащ етӀысэхыну. ЩӀакхъуиблыр къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Апхуэдэуи ящӀащ. 7 Бдзэжьей тӀэкӀуи яӀэт. Абыхэм щхьэкӀи Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ. 8 ЦӀыхухэр шхащ икӀи загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матиблым ярызу хъуащ. 9 Шхахэр цӀыху миниплӀ хуэдиз хъурт. Хьисэ цӀыхухэр иутӀыпщыжащ итӀанэ. 10 ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу кхъуафэжьейм итӀысхьэри, Далмануфэ жылэм и Ӏэхэлъахэм кӀуащ. Уафэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр къахуригъэхыну фарисейхэр Хьисэ къызэрелъэӀуар ( Маттэ 16:1-4 ; Лука 11:29-32 ) 11 Хьисэ деж къакӀуэри, къедауэу щӀадзащ фарисейхэм. Ягъэунэхун мурадкӀэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну щӀэлъэӀуащ ахэр. 12 Хьисэ хьэлъэу хэщэтыкӀри, жиӀащ: – Иджырей цӀыхухэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуей щӀэхъуар сыт? Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм иджырей цӀыхухэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къаритынукъым. 13 Ахэр къигъанэщ, кхъуафэжьейм итӀысхьэжри, Хьисэ гуэлым зэпрыкӀыжащ абы и ужькӀэ. Фарисейхэмрэ Ирод пащтыхьымрэ я пщагъэр ( Маттэ 16:5-12 ) 14 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яхурикъун щӀакхъуэ къыздащтатэкъым, ящыгъупщэри. Кхъуафэжьейм илъыр зы щӀакхъуэт, афӀэкӀа къыздащтатэкъым. 15 Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ. 16 – ЩӀакхъуэ диӀэкъыми, аращ абы апхуэдэу щӀыжиӀэр, – жаӀэурэ, тепсэлъыхьырт Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а Ӏуэхум. 17 Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ яжриӀащ: – ЩӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт? Зыри зэхэвмыщӀыкӀыу икӀи къывгурымыӀуэу ара иджыри? Апхуэдизу щхьэ фыерыщ? 18 Нэ фиӀэрэ пэт, фымылъагъуу ара? ТхьэкӀумэ фиӀэрэ пэт, зэхэвмыхыу ара? 19 ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжари? – Матэ пщыкӀутӀ, – къыжраӀащ абыхэм. 20 – ЩӀакхъуиблри цӀыху миниплӀым щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар? – Матибл, – къыжраӀащ абыхэм. 21 – Зыри къывгурымыӀуэу ара иджыри? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Вифсайдэ жылэм щыщ лӀы нэф гуэр Хьисэ зэригъэхъужар 22 Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Вифсайдэ жылэм кӀуащ абы и ужкӀэ. ЦӀыхухэм лӀы нэф гуэр къыхуашэри, абы теӀэбэну Хьисэ елъэӀуащ. 23 Хьисэ нэфым и Ӏэр иубыдри, жылэм дишащ. Нэфым и нэхэм щӀэубжьытхэщ, и Ӏэхэр трилъхьэри, абы еупщӀащ Хьисэ: – Зыгуэр плъагъурэ? 24 Нэфым и щхьэр къиӀэтри, жиӀащ: – ЦӀыхухэр зекӀуэу солъагъу. Ахэр жыгхэм ещхьщ. 25 Хьисэ и Ӏэхэр нэфым и нэхэм трилъхьащ аргуэру. Арати, лӀым и нэр къэплъэжащ, Ар хъужри, псори ӀупщӀу илъагъу хъужащ. 26 Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Жылэм удэмыхьэж икӀи зыми зыри хуумыӀуэтэж. ИтӀанэ и унэм кӀуэжыну иутӀыпщыжащ ар Хьисэ. «Уэращ Мэссихьыр», жиӀэу Петр Хьисэ зэрыжриӀар ( Маттэ 16:13-20 ; Лука 9:18-21 ) 27 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Кесарфилиппие къалэм и Ӏэхэлъахэм щыӀэ жылэхэмкӀэ яунэтӀащ. ЗдэкӀуэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – ЦӀыхухэм сэ сыхэту жаӀэрэ? 28 – ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – къыжраӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. Бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ. 29 – АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Уэращ Мэссихьыр, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. 30 Ар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ. ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ къызэрыжиӀар ( Маттэ 16:21-28 ; Лука 9:22-27 ) 31 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм мыпхуэдэу яригъащӀэу щӀидзащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀмэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ. 32 ЩӀэхъумэ лъэпкъ хэмылъу ар яхуиӀуэтащ Хьисэ. Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, абы жиӀар хуимыдэу щӀидзащ Петр. 33 Хьисэ зыкъригъэзэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яхэплъэурэ, Петр егиящ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщ. 34 Хьисэ цӀыху гупышхуэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жор кърещти, си ужь къреувэ; 35 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ сэр щхьэкӀи хъыбарыфӀым щхьэкӀи зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр къригъэлынущ. 36 Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхуэхэкӀынур сыт? 37 ЦӀыхум и псэм щхьэкӀэ уасэу итыфынур сыт? 38 Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden