Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Марк 7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Адэжьхэм къащӀэна хабзэхэр
( Маттэ 15:1-20 )

1 Фарисейхэри Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщхэри Хьисэ деж къыщызэхуэсащ.

2 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрхэр Ӏэ фӀейкӀэ, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ я Ӏэхэр ямытхьэщӀэу, шхэуэ ялъэгъуащ абыхэм.

3 Ар ягъэщӀэгъуащ, фарисейхэри адрей журт псори, я адэжьхэм къащӀэна хабзэмкӀэ, я Ӏэхэр ямытхьэщӀауэ шхэркъыми.

4 Бэзэрым къикӀыжмэ, замыгъэкъэбзауэ шхэркъым. А хабзэм нэмыщӀ, я адэжьхэм къащӀэна хабзэ куэд зэрахьэ абыхэм, псалъэм папщӀэ, фалъэхэр, къубгъанхэр, лэгъупхэр ятхьэщӀыныр.

5 Арати, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къеупщӀащ: – Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр, адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм темыту, Ӏэ фӀейкӀэ сыт щӀэшхэр?

6 Ешайа бегъымбарым фэ бзитӀщхьитӀхэм къыфтеухуауэ пэжыр жиӀэгъащ, – къаритащ жэуап Хьисэ. – Мыпхуэдэу итщ абы и тхылъым: «Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ пэтми, мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.

7 Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ, цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ, сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».

8 Тхьэм и унафэр къэвгъэнауэ, цӀыхухэм къащӀэна хабзэхэм фытетщ.

9 Фи адэжьхэм къащӀэна хабзэхэр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэр лъэныкъуэ ивогъэз, – къыпищащ Хьисэ.

10 – Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «Уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ», икӀи «Зи адэ е зи анэ ӀейкӀэ тепсэлъыхьыр ирелӀэ».

11 Ауэ фэ жывоӀэ: «Зыгуэрым и адэм е и анэм: Сэ тыгъэу фэ фэстын слъэкӀыну щытар иджы къурмэн сщӀынущ, жиӀэмэ, (абы къикӀыр: Тхьэм щхьэкӀэ тыгъэ сщӀынущ),

12 абы щыгъуэ а цӀыхум и адэм е и анэм зыри хуимыщӀэну хуитщ».

13 Абы фытетурэ, фи адэжьхэм я хабзэу фи къуэхэм къахуэвгъанэхэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр лъэныкъуэ ивогъэз. Апхуэдэ Ӏэджи фощӀэ фэ.

14 ЦӀыху гупышхуэр аргуэру къриджэри, Хьисэ яжриӀащ: – Фэ псори фыкъызэдаӀуэ икӀи мы жысӀэр зыгурывгъаӀуэ.

15 ЦӀыхур мыкъабзэ ищӀын зылъэкӀыр абы ишх ерыскъыракъым, атӀэ цӀыхум и гум къикӀырщ.

16 ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.

17 Хьисэ цӀыхубэм хэкӀыжу, унэм щыщӀыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а ущие хъыбарым теухуауэ къеупщӀащ.

18 – Фэри зыри къывгурымыӀуэу ара? – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхум ишх ерыскъым ар мыкъабзэ ищӀын зэрылъэмыкӀынур къывгурыӀуэркъэ?

19 ЦӀыхум ишх ерыскъыр и гум ихьэркъым, и ныбэрщ зэрыхьэр, ар пкъым къыхокӀыж итӀанэ. (А псалъэхэмкӀэ Хьисэ дэтхэнэ ерыскъыри хьэлэлу къилъытащ.)

20 – ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и гум къикӀыращ, – къыпищащ Хьисэ.

21 – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и кӀуэцӀымрэ и гумрэщ мыхэр къызэрыкӀыр: гупсысэ бзаджэхэр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыху укӀыныр,

22 нэпсеягъэр, бзаджагъэр, гъэпцӀагъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр, фыгъуэныр, цӀыхухэм яхуэпсэлъэныр, пагагъэр, делагъэр.

23 Мы бзаджагъэ псори гум и кӀуэцӀым къокӀри, цӀыхур мыкъабзэ ящӀ.


Сирофиникие хэкум щыщ цӀыхубзым иӀа фӀэщхъуныгъэр
( Маттэ 15:21-28 )

24 А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым.

25 Жин бзаджэм иӀыгъ пхъу зиӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ абы зэрыщыӀэр зэрызэхихыу къакӀуэри, абы и лъабжьэм зыщӀидзащ.

26 А цӀыхубзыр Сирофиникие хэкум щыщт, и бзэри алыджыбзэт. Ар Хьисэ къелъэӀуащ жин бзаджэр и пхъум хихужыну.

27 – Сабийхэм зегъэгъэнщӀ япэщӀыкӀэ, – жриӀащ Хьисэ а цӀыхубзым. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сабийхэм щӀакхъуэр къаӀэщӀэпхыу, хьэхэм яхуэбдзыныр къезэгъыркъым.

28 – Пэжщ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – ауэ Ӏэнэ щӀагъым щӀэс хьэхэми яшх сабийхэм къаӀэщӀэхуа щӀакхъуэ щыкъуейхэр.

29 – А псалъэр зэрыжыпӀам щхьэкӀэ жин бзаджэр уи пхъум хэкӀыжащ, – жиӀащ Хьисэ. – Уи унэ кӀуэж!

30 ЦӀыхубзыр унэм кӀуэжри, жин бзаджэр хэкӀыжауэ, и пхъур пӀэм хэлъу ирихьэлӀэжащ.


ЛӀы дэгу, бзагуэ гуэр Хьисэ зэригъэхъужар

31 Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм къикӀщ, КъалипщӀ зи цӀэ хэкум къыкӀуэцӀрыкӀри, Галилей гуэлым къекӀуэлӀэжащ абы и ужькӀэ.

32 ЛӀы дэгу, бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашэри, и Ӏэр абы трилъхьэну, Хьисэ къелъэӀуащ.

33 Хьисэ а лӀыр цӀыхухэм яхишри, я закъуэ щыхъум, и Ӏэпхъуамбэхэр лӀым и тхьэкӀумэхэм ириӀущ, убжьытхэри, лӀым и бзэгум теӀэбащ.

34 Уафэм дэплъейщ, куууэ хэщэтыкӀри, лӀым жриӀащ итӀанэ: «Еффатэ». (Еффатэм къикӀыр: «Уи тхьэкӀумэхэм зызэӀуахыжынущ».)

35 ЛӀым и тхьэкӀумэхэм зэхах хъужащ а дакъикъэ дыдэм, и бзэри къиутӀыпщыжри, къабзэу псалъэу щӀидзэжащ.

36 Хьисэ цӀыхухэм унафэ яхуищӀащ ар зыми хуамыӀуэтэжыну. Унафэ яхуищӀа пэтми, нэхъри нэхъыбэжу а хъыбарыр цӀыхухэм яхэз хъуащ.

37 Къэхъуар хуабжьу ягъэщӀэгъуауэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Псори къохъулӀэ. Дэгухэм зэхахыу егъэхъуж, бзагуэхэри къегъэпсэлъэж.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan