Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Марк 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
( Маттэ 8:28-34 ; Лука 8:26-39 )

1 Галилей гуэлым и адрыщӀым щыӀэ хэкуу Гадарэ къалэм зэрытым нэсащ итӀанэ.

2 Хьисэ кхъуафэжьейм къызэрикӀыу, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр кхъэлэгъунэхэм я лъэныкъуэкӀэ къикӀри, къыпежьащ.

3 А лӀыр кхъэлэгъунэхэм хэст. Ар гъущӀ ӀэхъулъэхъукӀэ зыми ипхын лъэкӀыртэкъым.

4 Абы Ӏэхъурэ лъэхъурэ куэдрэ иралъхьат, ауэ Ӏэхъур зэпичырт, лъэхъури зэпиудырт. Арати, а лӀыр игъэувыӀэн зыми хузэфӀэкӀыртэкъым.

5 Жэщми махуэми кхъэлэгъунэхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ зэпымыууэ къызэхикӀухь зэпытт абы, мывэкӀэ зэуэжырт кӀийурэ.

6 Хьисэ жыжьэу щилъагъум, жэри абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ а лӀыр.

7 МакъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Тхьэ нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ сыт уи Ӏуэхуу къысхэлъыр? Тхьэм и цӀэкӀэ сынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!

8 А лӀым апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ ар зыӀыгъ жин бзаджэм «Уэ, жин бзаджэ, мы лӀым хэкӀыж!» жриӀати, аращ.

9 Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым. – Си цӀэр дзэщ, – жэуап итыжащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ куэд дохъу.

10 А хэкум иримыхуну, жин бзаджэхэр хуабжьу къелъэӀуащ Хьисэ.

11 А щӀыпӀэ дыдэм кхъуэ хъушэшхуэ Ӏуащхьэ джабэм щыхъуакӀуэрт.

12 Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Кхъуэхэм я деж дыгъакӀуи, абыхэм я пкъыхэм дахыгъыхьэ.

13 Хьисэ ахэр хуит ищӀащ. Жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъыхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ. Хъушэр кхъуэ минитӀ хуэдиз хъурт.

14 Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэми щаӀуэтэжащ, къэхъуар зрагъэлъагъуну цӀыхухэр къэкӀуащ.

15 Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ абдежым щысу ялъэгъуащ. Ар щалъагъум, къэшынащ.

16 Арати, къэхъуар зылъэгъуа цӀыхухэм жин бзаджэхэм яӀыгъа лӀымрэ кхъуэхэмрэ къехъулӀар адрей цӀыхухэм хуаӀуэтэжащ.

17 ЦӀыхухэм ар щызэхахым, я хэкур ибгынэну Хьисэ къелъэӀуащ.

18 Хьисэ кхъуафэжьейм щитӀысхьэжым, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр абы къелъэӀуащ: – Уи гъусэу сыздэшэ.

19 – Уэ уи бынхэм я деж уи унэ кӀуэжи, Зиусхьэным фӀыгъуэшхуэ къызэрыуигъэуэлӀамрэ гущӀэгъу къызэрыпхуищӀамрэ яжеӀэ, – жиӀащ Хьисэ, ар хуимыдэу.

20 Арати, лӀыр ежьэри, Хьисэ къыхуищӀа фӀыгъуэр КъалипщӀ хэкум щиӀуэтэжу щӀидзащ икӀи зэхахар псоми ягъэщӀэгъуащ.


Иаир ипхъу лӀар къызэригъэтэджыжар; И щыгъыным къеӀуса цӀыхубзыр Хьисэ зэригъэхъужар
( Маттэ 9:18-26 ; Лука 8:40-56 )

21 Хьисэ Галилей гуэлым кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀыжа нэужь, цӀыху гупышхуэ абы деж къыщызэхуэсащ. Хьисэ псы Ӏуфэм здыӀутым,

22 Иаир зи цӀэ синэгуэгу пашэ гуэр къэкӀуащ. Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри,

23 быдэу къелъэӀуащ ар: – Сипхъу цӀыкӀур малӀэри телъщ. Къэхъужын икӀи псэууэ къелын щхьэкӀэ, накӀуи, уи Ӏэхэр телъхьэ!

24 Арати, Хьисэ абы и гъусэу кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ къыеувэкӀыурэ, Хьисэ щӀыгъуу кӀуэрт.

25 Абыхэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы куэдрэ щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт.

26 Ӏэзэ куэди еплъащ, гугъуи куэдрэ ирагъэхьащ. ЦӀыхубзым иӀэ псори Ӏэзэхэм ятригъэкӀуэдащ, ауэ нэхъыкӀэ хъуа мыхъумэ, нэхъыфӀ хъуакъым.

27 Абы Хьисэ и хъыбар зэхихати, цӀыхухэм яхэту, Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыбгъэдыхьэри, и щыгъыным къеӀусащ;

28 игукӀэ мыпхуэдэу жиӀэри: «НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъыным сеӀусэмэ, сыхъужынущ!»

29 Хьисэ зэреӀусэу, цӀыхубзым лъы щӀэкӀыныр увыӀащ икӀи зэрыхъужар езым и ӀэпкълъэпкъымкӀэ зыхищӀащ.

30 Къару зэрыхэкӀар Хьисэ игукӀэ занщӀэу зыхищӀащ. ЦӀыху гупышхуэм здахэтым, зыкъригъэзэкӀри яжриӀащ: – Хэт си щыгъыным къеӀусар?

31 – ЦӀыхухэр къызэрыптезэрыгуар плъагъу пэтрэ, «Хэт къызэӀусар?» жыпӀэу сыт ущӀыщӀэупщӀэр? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм.

32 Хьисэ къеусар зрилъагъун щхьэкӀэ, зиплъыхьырт.

33 ЦӀыхубзым къыщыщӀар ищӀэжырти, къэщтарэ кӀэзызу къыбгъэдыхьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, пэжыгъэ псори хуиӀуэтэжащ.

34 – Си хъыджэбз! – жриӀащ абы Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, уи узыфэр Тхьэм пщхьэщихауэ узыншэу упсэу!

35 Хьисэ здэпсалъэм, лӀы гуп синэгуэгу пашэм и унэм къыщӀэкӀауэ къакӀуэрти, Иаир къыжраӀащ: – Уи пхъур дунейм ехыжащ. Дин егъэджакӀуэр сыт щхьэкӀэ гугъу ебгъэхьыжрэ?

36 Абыхэм жаӀар зэрызэхихыу, Хьисэ синэгуэгу пашэм жриӀащ: – Умышынэ, фӀэщхъуныгъэ зигъыӀэ къудей.

37 Петр, Екъуб, абы и къуэш Иуан сымэ фӀэкӀа зыри зыщӀимыгъуу, Хьисэ гъуэгу техьащ.

38 Синэгуэгу пашэм и унэм щынэсым, цӀыхухэр зэрызехьэу, хьэдагъэ ящӀу, пыхьэу илъэгъуащ Хьисэ.

39 Унэм щыщӀыхьэм, яжриӀащ: – ФыщӀызэрызехьэр, хьэдагъэ щӀэфщӀыр сыт? Хъыджэбз цӀыкӀур лӀакъым, ар мэжей.

40 Ар щыжиӀэм, Хьисэ къыщыдыхьэшхащ. Ауэ унэм псори къыщӀигъэкӀщ, хъыджэбз цӀыкӀум и адэ-анэри езым и гъусищри зыщӀигъури, хъыджэбзыр зыщӀэлъ пэшым щӀыхьащ Хьисэ.

41 Хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жриӀащ: – Талифэ кум! (Абы къикӀыр: «Си хъыджэбз, сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ!»)

42 Ар зэрыжиӀэу, хъыджэбз цӀыкӀур къызэфӀэувэри, къикӀухьу щӀидзащ. Хъыджэбз цӀыкӀур илъэс пщыкӀутӀым итт. Ар щалъагъум, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ.

43 Ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну, Хьисэ унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм. ИтӀанэ яжриӀащ хъыджэбз цӀыкӀур ягъэшхэну.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan