Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Марк 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
( Маттэ 9:1-8 ; Лука 5:17-26 )

1 Махуэ заул дэкӀауэ, Хьисэ Капернаум къалэм къыщигъэзэжым, ар унэм къызэрыкӀуэжар цӀыхухэм зэхахащ.

2 Щызэхахым, апхуэдизкӀэ цӀыху куэд къызэхуэсати, бжэӀупэм увыпӀэ имыӀэж хъуащ икӀи Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэу щӀидзащ Хьисэ.

3 Абы ирихьэлӀэу, цӀыху зыбжанэ къэкӀуащ; абыхэм ящыщ цӀыхуиплӀым пкъыуэ хъуа лӀы гуэр къахьырт.

4 ЦӀыхухэр апхуэдизкӀэ Ӏувти, сымаджэр Хьисэ бгъэдахьэн яхузэфӀэкӀакъым. Апхуэдэу щыхъум, унащхьэм драхьейщ, Хьисэ здэщыӀэм деж унащхьэм щыщ трахри, сымаджэр алэрыбгъум телъу ирагъэлэлэхащ.

5 Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Си щӀалэ, уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.

6 Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуп абдежым щысти, ягукӀэ жаӀащ:

7 Мы лӀым апхуэдэу щӀыжиӀэр сыт? Абы Тхьэр игъэпцӀыркъэ? Тхьэм фӀэкӀ, гуэныхьхэр хэт игъэгъун зылъэкӀынур?

8 Абыхэм я гум илъыр асыхьэтым игукӀэ ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт апхуэдэ фигукӀэ щӀыжыфӀэр фэ?

9 Сытыра нэхъ тыншыр: пкъыуэ хъуа лӀым, «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жепӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, ежьэж» жепӀэныра?

10 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэщ, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым зыхуигъазэри, жриӀащ:

11 – Сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.

12 ЛӀыр асыхьэтым къэтэджщ, и алэрыбгъур асыхьэтым къищтэжри, цӀыху псоми ялъагъуу, унэм щӀэкӀыжащ. Ар псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэу, икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу, жаӀащ: – Мыпхуэдэ Ӏуэху зэи тлъэгъуакъым дэ!


И гъуэгу ирикӀуэну, Хьисэ Левий къызэрыхуриджар
( Маттэ 9:9-13 ; Лука 5:27-32 )

13 Хьисэ Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏухьэжащ аргуэру. ЦӀыху гупышхуэ къэкӀуащ, Тхьэм и псалъэхэр абыхэм яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.

14 ИтӀанэ адэкӀэ кӀуэурэ, Алфей и къуэ Левий хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу илъагъури жриӀащ: – Си ужь къиувэ. Левий къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.

15 ИтӀанэ Хьисэ Левий и унэм здыщӀэсым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьыщӀэхэмрэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ и ужь иту къэкӀуахэр цӀыху куэд хъурти, аращ.

16 Фарисейхэм ящыщ торэт егъэджэкӀуэ пащэхэм Хьисэ хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьыщӀэхэмрэ ядэшхэу щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьщӀэхэмрэ сыт ар щӀадешхэр?

17 Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ. Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.


НэщӀым теухуауэ журт пашэхэр Хьисэ къызэреупщӀар
( Маттэ 9:14-17 ; Лука 5:33-39 )

18 УмэхъакӀуэ Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ фарисейхэмрэ нэщӀ ист. ЦӀыху зыкъом къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэмрэ нэщӀ исщ, уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэ мынэщӀрэ?

19 – Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм нэщӀын ялъэкӀыну? Хьэуэ, щауэр я гъусэху, абыхэм нэщӀын ялъэкӀынукъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

20 – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ. Мис, а махуэм нэщӀ исынущ ахэр.

21 – ЩэкӀыщӀэм щыщ щыдэжын зыми щыгъыныжьым щидэжыркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, щэкӀыщӀэм щыщ щыдэжыным щыгъыныжьыр зэфӀитхъынурэ, гъуанэр нэхъ ин хъунущ.

22 ФадэщӀэр зыми фэнд тӀорысэхэм иригъахъуркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, фэндхэр зэгуитхъынурэ, фадэр къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдыжынущ. ФадэщӀэр фэндыщӀэхэм ирагъахъуэн хуейщ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм гуэдз щхьэмыжхэр щэбэт махуэм къызэрыпачар
( Маттэ 12:1-8 ; Лука 6:1-5 )

23 Хьисэ гуэдз хьэсэхэм хэтурэ кӀуэрт щэбэт махуэ гуэрым. И гъуэгу ирикӀуэхэр хьасэм здитым, гуэдз щхьэмыжхэр къыпачу щӀадзащ.

24 Фарисейхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Еплъыт, щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур мыбыхэм щхьэ ящӀэрэ?

25 – Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжэлӀауэ гугъу ехь щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ.

26 – Авиафар зи цӀэ дин пашэшхуэм и зэманым Даут Тхьэм и унэм щӀыхьэри, Тхьэм и пащхьэм цӀыхухэм иралъхьа щӀакхъуэр ишхащ. ХабзэмкӀэ дин пашэхэм фӀэкӀ нэгъуэщӀ гуэрым а щӀакхъуэр ишх мыхъуну щытащ, ауэ Даут ишхащ, и гъусэхэми яригъэшхащ.

27 Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм щэбэт махуэр цӀыхум щхьэкӀэ игъэуващ, цӀыхур щэбэт махуэм щхьэкӀэкъым къыщӀигъэщӀар.

28 Аращи, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щэбэт махуэм и зиусхьэнщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan