Марк 15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэ Хьисэ зэрырашар ( Маттэ 27:1-2 , 11-14 ; Лука 23:1-5 ; Иуан 18:28-38 ) 1 Нэху зэрыщу, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей тхьэмадэхэри хэту, дин пашэшхуэхэм хасэ ящӀащ. Хьисэ япхщ, яшэри, Пилат ӀэщӀалъхьащ. 2 – Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. 3 Дин пашэшхуэхэм Хьисэ ӀэджэкӀэ ягъэкъуаншэрт. 4 Пилат аргуэру еупщӀащ Хьисэ: – Сыт зыри щӀыжумыӀэр? Къыптралъхьэр зыхуэдизыр плъагъуркъэ? 5 Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат игъэщӀэгъуащ. Хьисэ укӀ зэрытралъхьар ( Маттэ 27:15-26 ; Лука 23:13-25 ; Иуан 18:39–19:16 ) 6 Лъэхъуэщым щӀэс гуэр ӀутӀыж махуэшхуэ къэс цӀыхухэм я лъэӀукӀэ щхьэхуиту яхуиутӀыпщыжыныр Пилат и хабзэт. 7 А махуэхэм лъэхъуэщым щӀэст Вараввэ зи цӀэ лӀы гуэр, абы щӀыгъут зэрыхьзэриишхуэм цӀыху щызыукӀа и дэрэгъухэр. 8 ЦӀыхубэр кӀийуэ, Пилат елъэӀуу щӀадзащ зэрихабзэм хуэдэу къахуищӀэну. 9 Журтхэм я пащтыхьыр щхьэхуиту къыфхуэзутӀыпщыжыну фыхуей? – еупщӀащ абыхэм Пилат. 10 Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар дин пашэшхуэхэм Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ. 11 Пилат Вараввэ кърагъэутӀыпщыжын щхьэкӀэ, дин пашэшхуэхэм цӀыхухэр къызэщӀагъэплъащ. 12 – АтӀэ, журтхэм я пащтыхь жыхуэфӀэм сыт есщӀэнур? – аргуэру еупщӀащ Пилат цӀыхухэм. 13 – Жорым еӀулӀ! – къэгуоуащ ахэр. 14 – Абы сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? – еупщӀащ Пилат абыхэм. Ауэ ахэр нэхъ ину къызэрыгъэгуоуащ: – Жорым еӀулӀ! 15 Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэм я гуапэ ищӀыну хуейти, Вараввэ къахуиутӀыпщыжащ Пилат, зауэлӀхэр Хьисэ щӀопщкӀэ иригъауэри, жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ. ЗауэлӀхэр Хьисэ зэрыщыдыхьэшхар ( Маттэ 27:27-31 ; Иуан 19:2-3 ) 16 ЗауэлӀхэм Хьисэ преториекӀэ зэджэ унэшхуэм щӀашащ, адрей зауэлӀ гупышхуэри абы щызэхуашэсащ. 17 Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀагъэщ, пыжь банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж хуащӀри, Хьисэ щхьэратӀэгъащ. 18 Щхьэщэ хуащӀу щӀадзэри, жаӀащ: «Упсэу, журтхэм я пащтыхь!» 19 И щхьэм башкӀэ еуэу, еубжьытхыу, ягъэлъапӀэ хуэдэу защӀурэ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэу щӀадзащ. 20 ЩыдыхьэшхынкӀэ ирикъуа нэужь, абэ плъыжь-фӀыцӀафэр Хьисэ къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ преторием къыщӀашыжащ итӀанэ. Хьисэ жорым зэрыраӀулӀар ( Маттэ 27:32-44 ; Лука 23:26-43 ; Иуан 19:17-27 ) 21 Кириние къалэм щыщу, Симон и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Ар Александррэ Руфрэ я адэт. Ар губгъуэм къикӀыжу блэкӀ пэтрэ, хуэзэхэри, Хьисэ и жорыр ихьыну хагъэзыхьащ. 22 Голгофэ жыхуаӀэ щӀыпӀэм яшащ Хьисэ. (Голгофэм къикӀыр «Щхьэ Къупщхьэ ЩӀыпӀэ» жиӀэу аращ.) 23 Абы щынэсым, муркӀэ зэджэ мыстхъу зыхэлъ санэ Хьисэ хуашиящ, ауэ яӀихакъым. 24 Хьисэ жорым ираӀулӀащ итӀанэ. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зэхуагуэшыжащ зауэлӀхэм, щхьэж къылъысыр и Ӏыхьэу. 25 Хьисэ жорым щраӀулӀар пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дежт. 26 Хьисэ жорым щӀраӀулӀар пхъэбгъу кӀапэ гуэрым мыпхуэдэу тратхащ: «Журтхэм я пащтыхь». 27 ХъунщӀакӀуитӀ, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм щраӀулӀащ абдеж. 28 Арати, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъуащ: «Хабзэм текӀахэм халъытащ». 29 БлэкӀхэр Хьисэ хуэшхыдэрт, я щхьэхэр ягъэсысурэ жаӀэрт: – Уэра Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынур! 30 УмыкӀуэду зыкъегъэлыжи, жорым къыфӀэкӀыж уэ! 31 Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дыхьэшхыурэ жаӀащ: – НэгъуэщӀхэр мыкӀуэду къригъэлащ, ауэ езым зыкъригъэлыжыфыркъым. 32 Мэссихьу Израилым и пащтыхьыр жорым къыфӀрекӀыж. Ар тлъагъумэ, фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъунущ. И гъусэу жорхэм ираӀулӀахэри къебгырт Хьисэ. Хьисэ зэрылӀар ( Маттэ 27:45-56 ; Лука 23:44-49 ; Иуан 19:28-30 ) 33 Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху, а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ. 34 Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Элой, элой, лама савахфани? (Абы къикӀыр, «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?») 35 Ар щызэхахым, абдеж щытхэм жаӀащ: – ФедаӀуэт, Иляс бегъымбарым йоджэ ар. 36 Зыгуэр Ӏулъадэщ, щӀыфэр зэраӀуэт хъыданым серчэ быдэу зыщӀригъэфщ, баш гуэрым пилъхьэри, Хьисэ хуишиящ щӀигъэфыну. ИтӀанэ жиӀащ: – Иляс бегъымбарыр къакӀуэу къыфӀихыжмэ, девгъэплъ. 37 Макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэри, Хьисэ и псэр итащ. 38 Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу. 39 ЗауэлӀхэм я пашэу Хьисэ къыхуэзанщӀэу щытым, Хьисэ и лӀэкӀэ хъуар щилъагъум, жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр Тхьэм и Къуэу щытащ. 40 Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубзхэри щытт. Абыхэм яхэтт мыхэр: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Мэрием зи цӀэ нэгъуэщӀ зыи. Ар Екъуб нэхъыщӀэмрэ абы и къуэш Иосийрэ я анэт. 41 Хьисэ Галилей хэкум щыщыӀэм, ахэр и гъусат, дэӀэпыкъуэгъуи къыхуэхъуат. Абыхэм нэмыщӀуи, Хьисэ и гъусэу Ерусалим къэкӀуауэ, цӀыхубз Ӏэджи щызэхэтт. Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьар ( Маттэ 27:57-61 ; Лука 23:50-56 ; Иуан 19:38-42 ) 42 Щэбэтым и пэ къихуэ мэрем махуэт. Пщыхьэщхьэпэ хъуати, 43 Аримафей жылэм щыщ Исуф къэкӀуащ. А Исуфыр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщу, щӀыхь зыхуэфащэ тхьэмадэу щытащ. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэрт ар. Тегушхуэщ, Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ абы. 44 Хьисэ зэрылӀар Пилат игъэщӀэгъуащ. ЗауэлӀхэм я пашэр къриджэри, «Хьисэ зэрылӀэрэ куэд щӀа?» жиӀэри еупщӀащ. 45 ЗауэлӀхэм я пашэм Хьисэ зэрылӀар Пилат щыжриӀэм, Хьисэ и хьэдэр ихьыжыну Исуф хуит ищӀащ Пилат. 46 Исуф чэсей хужь джэбын къищэхущ, хьэдэр жорым къыкӀэрихщ, чэсей джэбыныр иришэкӀри, къыр мывэм къыхащӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьащ. Кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм мывэшхуэ ӀуигъэукӀуриежащ. 47 Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ Иосий и анэ Мэриемрэ Исуф хьэдэр зыщӀилъхьар ялъэгъуащ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden