Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Марк 12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЖызумгъэкӀ бзаджэхэм ятеухуа ущие хъыбарыр
( Маттэ 21:33-46 ; Лука 20:9-19 )

1 Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм епсалъэу щӀидзащ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.

2 Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къаӀихыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ абы.

3 Ауэ абыхэм унэӀутыр яубыдщ, яубэрэжьри, ӀэнэщӀу къаутӀыпщыжащ.

4 Апхуэдэу щыхъум, хадэр зейм нэгъуэщӀ унэӀут гуэр абыхэм я деж игъэкӀуащ. Абы и щхьэр мывэкӀэ къызэгуаудщ, лей кърахри кърахужьэжащ.

5 НэгъуэщӀ унэӀут гуэр игъэкӀуащ аргуэру; ар къаукӀащ; нэгъуэщӀ унэӀут куэди игъэкӀуащ; языныыкъуэхэр яубэрэжьащ, языныкъуэхэр яукӀыпащ.

6 ФӀыуэ илъагъу и къуэ закъуэрт къэнэжар. «Си къуэм пщӀэ къыхуащӀынщ», жиӀэри, ари абыхэм я деж игъэкӀуащ иужь дыдэу.

7 Ауэ жызумгъэкӀхэм жаӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».

8 Арати, ар къаубыдщ, яукӀри, жызум хадэм кърадзыжащ.

9 Жызум хадэр зейм сыт ищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Ар кӀуэнурэ, жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынущ, хадэри нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ.

10 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэм феджакъэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ.

11 Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ»?

12 Мы ущие хъыбарыр Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ езыхэм ятеухуауэ Хьисэ къызэрыжиӀар къагурыӀуати, Хьисэ яубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цӀыхубэм ящышынэрти, абы и ужь икӀри ежьэжащ.


Хьэкътын ахъшэм теухуауэ
( Маттэ 22:15-22 ; Лука 20:20-26 )

13 Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэхэмрэ Хьисэ псалъэ гуэрым траубыдэн щхьэкӀэ, фарисейхэм ящыщи Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэм ящыщи Хьисэ деж ягъэкӀуащ абы и ужькӀэ.

14 Ахэр Хьисэ деж нэсри, жраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, цӀыхухэм жаӀэм зыкӀи узэримыгъэгузавэми дыщыгъуазэщ, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи, икӀи щыпкъагъэм тету, Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ. Кесарым хьэкътын ахъшэ етт хъуну, хьэмэ мыхъуну? Еттыну хьэмэрэ едмытыну?

15 Ауэ Хьисэ ахэр зэрыфитӀнэр ищӀэрти, яжриӀащ: – Сыт сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр? Зы динар къысхуэфхьи, сывгъэлъагъу!

16 Динар къыхуахьащ абыхэм. – Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – щӀэупщӀащ Хьисэ. – Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм.

17 – Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Хьисэ хуабжьу ягъэщӀэгъуащ абыхэм.


ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунумкӀэ саддукейхэр Хьисэ къызэреупщӀар
( Маттэ 22:23-33 ; Лука 20:27-40 )

18 ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм ящыщ гуп Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:

19 – Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу къытхуитхащ: «ЛӀы гуэрым и къуэш лӀэрэ, бын имыӀэу фыз къыщӀэнмэ, и къуэшым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, а лӀым фызабэр къишэжын хуейщ».

20 Зэшибл псэуащ. Абыхэм янэхъыжьым фыз къишащ, ауэ бын къыщӀэмыну дунейм ехыжащ.

21 Абы къыкӀэлъыкӀуэм а фызыр къишэжащ. Бын къыщӀэмыну, ари дунейм ехыжащ, ещанэри апхуэдэщ.

22 Блыми а фызыр я щхьэгъусащ, ауэ бын къащӀэнакъым. Псом я ужькӀэ фызри дунейм ехыжащ.

23 ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, хэт ар иджы зи фызынур? Блыми я щхьэгъусакъэ ар?

24 – Тхьэм и псалъэ тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэракъэ фыщӀыщыуэр? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

25 – ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым, атӀэ уафэм щыӀэ мелыӀычхэм ещхьу щытынущ.

26 ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарым и тхылъым иту феджакъэ? Пыжь банэм и хъыбарыр здитым деж итщ Тхьэр Мусэ бегъымбарым къепсалъэу мыпхуэдэу къызэрыжриӀар: «Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр».

27 Абы къикӀыр Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэуэ зэрыщытырщ. Аращи, фэ икъукӀэ фыщоуэ.


Тхьэм и унафэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр
( Маттэ 22:34-40 ; Лука 10:25-28 )

28 Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрым Хьисэрэ саддукейхэмрэ зэрызэдауэр зэхихащ икӀи Хьисэ жэуап тэмэм къазэрыритар илъэгъуати, къыбгъэдыхьэри, къеупщӀащ: – Тхьэм и унафэ псоми ящыщу дэтхэнэра нэхъ ин дыдэр?

29 – Абыхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр мыращ: «ФыкъэдаӀуэ, израил цӀыхухэр, Зиусхьэну ди Тхьэращ зи закъуэу Зиусхьэныр;

30 уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу».

31 ЕтӀуанэ унафэр мыращ: «Уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу». Мы унафитӀым нэхърэ нэхъ унафэ ин щыӀэкъым.

32 – Дэгъуэщ, дин егъэджакӀуэ, – къыжриӀащ торэт егъэджакӀуэ пашэм Хьисэ, – Тхьэр зэрызакъуэр, абы фӀэкӀа Тхьэ зэрыщымыӀэр пэжу жыпӀащ.

33 Ар уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи фӀыуэ плъагъуныр, икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ плъагъуныр Тхьэм папщӀэ ягъэс къурмэныпхъэ псомри тыгъэ псомри нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъапӀэщ.

34 Торэт егъэджакӀуэ пашэм губзыгъэу жэуап къызэритар щилъагъум, Хьисэ абы жриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэным упэжыжьэкъым уэ. Абы щыщӀэдзауэ, Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым.


Даут хэт зи къуэр?
( Маттэ 22:41-46 ; Лука 20:41-44 )

35 Тхьэм и унэшхуэм здыщӀэтым, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ жиӀащ: – Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Мэссихь Даут и къуэу дауэ жаӀэнкӀэ хъуа?

36 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езы Даут и гум кърилъхьэри, мыпхуэдэу къыжригъэӀакъэ: «Тхьэуэ Зиусхьэным сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ: Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?

37 – Езы Даут Мэссихьым «Си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и Къуэу дауэ зэрубжынур? ЦӀыху куэд я гуапэу едаӀуэрт Хьисэ.


Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм я къуаншагъэр Хьисэ къызэрыщӀигъэщар
( Маттэ 23:1-36 ; Лука 20:45-47 )

38 ЦӀыхухэм Ӏуэхухэр яригъащӀэурэ, Хьисэ жиӀащ: – Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кӀыхьхэр ящыгъыу къакӀухьын я щӀасэщ. ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри,

39 синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи, гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэн щыгъуи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыдынри яфӀэфӀщ.

40 Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэр зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.


Фызабэм Тхьэм щхьэкӀэ ита ахъшэр
( Лука 21:1-4 )

41 ЦӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэхэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм хуэзанщӀэу тӀысауэ, цӀыхухэм ахъшэхэр пхъуантэхэм зэрыдалъхьэм еплъырт Хьисэ. ЦӀыху къулейхэм ахъшэ куэд далъхьэрт пхъуантэм.

42 Фызабэ тхьэмыщкӀэ гуэр къакӀуэри, гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитӀ дилъхьащ пхъуантэм. Ар зы хъурыщэ хуэдизт зэрыхъур.

43 И гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри, яжриӀащ Хьисэ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мы фызабэ тхьэмыщкӀэм и закъуэ адрей цӀыху псоми нэхърэ нэхъыбэ дилъхьащ пхъуантэм;

44 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыху псоми къелыжа ахъшэм щыщщ пхъуантэм далъхьар, фызабэм иӀэ псори дилъхьащ пхъуантэм – зэрыпсэуну иӀэ мащӀэ тӀэкӀур зэрыщыту.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan