Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Марк 10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Фыз игъэкӀыжыным теухуауэ
( Маттэ 19:1-12 )

1 А лъэныкъуэм икӀыжри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ. ЦӀыху гупышхуэхэр абы и деж къыщызэхуэсащ аргуэру икӀи, зэрихабзэу, Хьисэ абыхэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.

2 Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ: – ЛӀым и фызыр хабзэкӀэ иригъэкӀыж хъуну?

3 Мусэ бегъымбарым сыт унафэу къыфхуищӀар? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.

4 ЛӀы гуэрым и фызыр зэрыригъэкӀыж тхылъ итхмэ, фызыр иригъэкӀыжыну Мусэ бегъымбарым хуит ищӀащ, – жаӀащ абыхэм.

5 Мусэ бегъымбарым а унафэр къыфхуитхащ фызэрыерыщым щхьэкӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

6 – ЩӀэдзапӀэм деж Тхьэм дунейр щиухуэм, цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ».

7 «Абы къыхэкӀкӀэ, лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу

8 тӀури зыпкъ хъунущ». Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым.

9 Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.

10 Унэм здыщӀэсым, и гъуэгу ирикӀуэхэр а ӀуэхумкӀэ аргуэру къеупщӀащ Хьисэ.

11 Хьисэ яжриӀащ: – Зи фыз изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми япэрей фызымкӀэ зинэ ищӀауэ мэхъу.

12 Фызри и лӀым бгъэдэкӀыжу нэгъуэщӀ лӀым дэкӀуэжмэ, абыи зинэ ищӀауэ мэхъу.


Хьисэрэ сабийхэмрэ
( Маттэ 19:13-15 ; Лука 18:15-17 )

13 ЦӀыхухэм я сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт трагъэӀэбэну, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ. Ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар цӀыхухэм хуадакъым.

14 Ар щилъагъум, губгъэн хэлъу, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.

15 Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.

16 Сабийхэм ӀэплӀэ ярищэкӀым, и Ӏэхэр ятрилъхьэурэ, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну елъэӀурт Хьисэ.


ЛӀы бейр
( Маттэ 19:16-30 ; Лука 18:18-30 )

17 Хьисэ гъуэгум щытехьэжым, лӀы гуэр къыбгъэдэлъадэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?

18 – ФӀыкӀэ сыт укъыщӀызэджэр? – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – Тхьэм фӀэкӀа, зыри фӀы щыӀэкъым.

19 Тхьэм и унафэхэр уощӀэ: «ЦӀыху умыукӀ, зинэ умыщӀэ, умыдыгъуэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, цӀыхухэм яӀэр гъэпцӀагъэкӀэ къатумых, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ».

20 – Дин егъэджакӀуэ, – къыжриӀащ а лӀым Хьисэ, – а псори си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ согъэзащӀэ.

21 Ар щыжиӀэм, Хьисэ а лӀым еплъщ, игу ирихьри, жриӀащ: – Зыщ уи щыщӀагъэр. КӀуэ, уиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Жорыр къащтэ, къакӀуи, си ужь къиувэ итӀанэ.

22 Хьисэ ар щыжиӀэм, лӀым и нэгур къызэхэуэри, игу хэщӀауэ ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.

23 Хьисэ зиплъыхьри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – Мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ!

24 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр щызэхахым, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. Ауэ Хьисэ аргуэру яжриӀащ: – Си ныбжьэгъухэ, мылъкум щыгугъхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр куэду гугъущ!

25 Бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.

26 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ари икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэупщӀыжащ: – Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт?

27 Абыхэм еплъри, Хьисэ жиӀащ: – ЦӀыхухэм езыхэм мыкӀуэду зыкърагъэлын яхузэфӀэкӀыркъым, ар зыхузэфӀэкӀыр Тхьэращ; Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъыми.

28 – Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уэ уи ужь дыкъиуващ, – жриӀащ Петр Хьисэ.

29-30 – Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – сэр щхьэкӀи хъыбырыфӀым щхьэкӀи е и унэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэр, е и анэр, е и фызыр, е и бынхэр, е и щӀапӀэри къэзыбгына дэтхэнэми иджы мы дунейм унэхэри, къуэшхэри, шыпхъухэри, анэхэри, бынхэри, щӀыгухэри хуэдищэу щигъуэтыжынущ икӀи а цӀыхум гугъуехь куэд ирагъэшэчынущ. Ахърэтми мыкӀуэдыжын гъащӀэ щиӀэ хъунущ.

31 Ауэ япэ итхэм ящыщ куэд я ужь къинэнущ, я ужь итхэри япэ ищынущ.


ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ ещанэу къызэрыжиӀар
( Маттэ 20:17-19 ; Лука 18:31-34 )

32 ЕрусалимкӀэ дэкӀуейуэ, гъуэгу щытетым, и гъуэгу ирикӀуэхэм я пэ иту кӀуэрт Хьисэ. ЯгъэщӀагъуэу, ягури къигузэвэкӀыу ахэр абы и ужь итт. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ аргуэру Ӏуишри, езым къыщыщӀынур яжриӀэу щӀидзащ.

33 – Мис, дэ ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей иджы, – жиӀащ абы. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ щаӀэщӀыхьэнущ абы. Абыхэм укӀ къытралъхьэнущ икӀи хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ ар.

34 Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къеубжьытхынущ, щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ. ЯукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.


Екъубрэ Иуанрэ Хьисэ зэрелъэӀуа Ӏуэхугъуэр
( Маттэ 20:20-28 )

35 Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дэ дызэрынолъэӀунур къытхуэпщӀэну дыхуейщ.

36 – Сыт фхуэсщӀэну фызыхуейр? – щӀэупщӀащ Хьисэ.

37 – Уи щӀыхьышхуэр къыщыскӀэ, зыр уи ижьырабгъумкӀэ, адрейр уи сэмэгурабгъумкӀэ дытӀысыну хуит дыщӀ, – къыжраӀащ абыхэм.

38 – Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – яжриӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, хьэмэ цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну?

39 – ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ.

40 Ауэ си ижьырабгъумкӀэ е си сэмэгурабгъумкӀэ фытӀысыну хуит фысщӀын слъэкӀынукъым. А тӀысыпӀэхэр Тхьэм зыхуигъэхьэзыра цӀыхухэм яйщ.

41 Адрей цӀыхуипщӀу Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щызэхахым, Екъубрэ Иуанрэ хуэгубжьащ.

42 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджащ итӀанэ. – Фэ фощӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – мы дунейм тепщэкӀэ щызэджэжхэр цӀыхухэм я пщэм зэрыдэсыр, пашэхэми цӀыхухэм тепщэныгъэ зэрыхуаӀэри фощӀэ.

43 Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фяку дэлъын хуейр. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.

44 Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар псоми пщылӀ яхурехъу.

45 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.


Вартимей зи цӀэ нэфыр Хьисэ зэригъэхъужар
( Маттэ 20:29-34 ; Лука 18:35-43 )

46 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерихон къалэм кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ абыхэм я гъусэу къалэм щыдэкӀыжым Тимей и къуэ Вартимей зи цӀэ нэф гуэр факъырэӀус щӀэлъэӀуу гъуэгу напцӀэм тест.

47 Назарет щыщ Хьисэ зэрыблэкӀыр щызэхихым, ар макъышхуэкӀэ къэджащ: – Даут и Къуэ Хьисэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!

48 ЦӀыху куэдым ямыдэу, «Щыгъэт!» жраӀащ, арщхьэкӀэ ар нэхъ макъышхуэкӀэ къэджащ аргуэру: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!

49 Хьисэ къэувыӀэри, жиӀащ: – Моуэ къысхуевджэт ар. – Умыдзыхэ, къэтэдж, езыр къоджэ, – жаӀэри нэфыр къраджащ.

50 Нэфым и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщидзщ, къыщылъэтри, Хьисэ къыбгъэдыхьащ.

51 – Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым. – Равви, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – къыжриӀащ нэфым.

52 – КӀуэж, – жриӀащ Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Нэфым и нэхэр асыхьэтым къэплъэжри, Хьисэ и ужь иту гъуэгум техьащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
Lean sinn:



Sanasan