Лукас 9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ И гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр Тхьэм хуэлэжьэну Хьисэ зэрыригъэжьар ( Маттэ 10:5-15 ; Марк 6:7-13 ) 1 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр зэхуишэсри, цӀыхухэм жин бзаджэхэр хахужыну, я узыфэхэри ягъэхъужыну къарурэ тепщэныгъэрэ яритащ. 2 ЦӀыхухэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ирагъэдэӀуэну, сымаджэхэр ягъэхъужыну иригъэжьащ. 3 Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – Гъуэгу фыщытехьэкӀэ, зыри здэвмыщтэ, баши, хъуржыни, щӀакхъуи, ахъши здэвмыщтэ. Джанэ тӀурытӀ зыщывмытӀагъэ. 4 Унэ гуэрым хьэщӀэу феблэгъамэ, а щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, а унэм фис. 5 ЦӀыхухэм фрамыгъэблагъэмэ, я къалэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэу ящӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэщэщыж. 6 Арати, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэри, жылагъуэхэр къызэхакӀухьурэ, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэу, сымаджэхэр дэнэкӀи щагъэхъужу щӀадзащ. Пщы Ирод зэрыгузэвар ( Маттэ 14:1-12 ; Марк 6:14-29 ) 7 Пщы Ирод, Хьисэ илэжьа псом я хъыбар щызэхихым, гузэващ, ар зыхуихьынур имыщӀэу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыгуэрхэм жаӀэрт: – Иуан бегъымбарыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. 8 НэгъуэщӀ гуэрхэми мыпхуэдэу жаӀэрт: – Иляс бегъымбарыр къэхутащ. – Пасэрей бегъымбархэм ящыщ гуэр къэтэджыжащ, – жаӀэрт адрейхэми. 9 Ауэ Ирод жиӀащ: – Иуан и щхьэр пезгъэупщӀащ. Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыпхуэдэ Ӏуэхухэр зыхужаӀэ лӀыр хэт? Ар жиӀэри, Хьисэ зригъэлъагъуным хущӀэкъу хъуащ итӀанэ. Хьисэ цӀыху минитху зэригъэшхар ( Маттэ 14:13-21 ; Марк 6:30-44 ; Иуан 6:1-14 ) 10 Хьисэ деж къыщагъэзэжым, апостолхэм ялэжьа Ӏуэхухэр абы хуаӀуэтэжащ. Хьисэ цӀыхухэм яхэкӀщ, апостолхэр зыщӀигъури, ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэм кӀуащ итӀанэ я закъуэу. 11 АрщхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэм ар къыщащӀэм, Хьисэ кӀэлъыкӀуащ. Хьисэ абыхэм дахэкӀэ къапежьащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуауэ епсэлъащ, игъэхъужын хуейхэри игъэхъужащ. 12 Махуэр хэкӀуатэу щӀидзащ. И гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Къуажэ-жылэ гъунэгъухэм кӀуэуэ, жэщыр щрахынрэ гъуэмылэрэ къагъуэтыну цӀыхухэр утӀыпщыж; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы щӀыпӀэр пхыдзащ. 13 – Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀа диӀэкъым, – жаӀащ абыхэм, – дыщимыӀэкӀэ мы цӀыху псоми шхын къахуэтщэхун щхьэкӀэ, дежьэн? 14 Ахэр лӀы минитху хуэдиз хъурт. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – ЦӀыхухэр щэ ныкъуэ-щэ ныкъуэурэ гупу вгъэтӀыс. 15 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм апхуэдэу ящӀри, цӀыху псори ирагъэтӀысэхащ. 16 ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, абыхэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ Хьисэ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ. 17 ЦӀыху псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ. «Уэращ Тхьэм и Мэссихьыр», жиӀэу Петр Хьисэ зэрыжриӀар ( Маттэ 16:13-19 ; Марк 8:27-29 ) 18 Махуэ гуэрым, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым щыӀэу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу Тхьэм елъэӀуа нэужь, абыхэм еупщӀащ: – ЦӀыхубэм сэ сыхэту жаӀэрэ? 19 – Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ. 20 – АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Уэращ Тхьэм и Мэссихьыр, – къыжриӀащ Петр. Езыр зэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ зэрыжиӀар ( Маттэ 16:20-28 ; Марк 8:31–9:1 ) 21 Езыр зэры-Мэссихьыр зыми хуамыӀуэтэну Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ. 22 – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ, – жиӀащ абы. – Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ ещанэ махуэм ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ. 23 – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр махуэ къэс кърещти, си ужь къреувэ, – яжриӀащ Хьисэ а псоми. 24 – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэ-дынущ, ауэ сэр щхьэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ. 25 Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, е и псэм зэран хуэхъужмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхухэкӀынур сыт? 26 Сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. Си Адэмрэ абы и мелыӀыч лъапӀэхэмрэ я щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ сытеукӀытыхьыжынущ абы. 27 Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм. Хьисэ и теплъэм зэрызихъуэжар ( Маттэ 17:1-8 ; Марк 9:2-8 ) 28 А псалъэхэр жиӀа нэужь, махуий дэкӀауэ, Петр, Иуан, Екъуб сымэ зыщӀигъури, Тхьэм елъэӀуну Хьисэ бгым дэкӀащ. 29 Тхьэм зделъэӀум, Хьисэ и нэкӀум и теплъэм зихъуэжащ, и щыгъынхэри хужьыбзэу лыд хъуащ. 30 Плъэмэ, цӀыхуитӀ щытт Хьисэ къепсалъэу. Ахэр Мусэ бегъымбарымрэ Иляс бегъымбарымрэт. 31 Ахэр, нэху гъэщӀэгъуэнышхуэм къыхэлыдыкӀыу къэунэхуауэ, Хьисэ Ерусалим дунейм зэрыщехыжын хуейм тепсэлъыхьырт. 32 Петррэ адрей и гъусэхэмрэ жеят, ауэ къэушыжа нэужь, Хьисэ нэху гъэщӀэгъуэнышхуэм хэту, адрей цӀыхуитӀыр къыбгъэдэту ялъэгъуащ. 33 А цӀыхуитӀыр Хьисэ щыбгъэдэкӀыжым, Петр Хьисэ къыжриӀащ: – Гъуазэ, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ. Шэтырищ щыдгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ. Петр жиӀэр имыщӀэжу апхуэдэу къипсэлъащ. 34 Петр ар щыжиӀэм, пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ. Пшэр къащыщхьэщыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр шынащ. 35 А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ. 36 А макъыр къэӀуа нэужь, Хьисэ и закъуэу къэнащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ялъэгъуар а махуэхэм зыми хуамыӀуатэу ябзыщӀащ. Жин бзаджэм иӀыгъ щӀалэ гуэр Хьисэ зэригъэхъужар ( Маттэ 17:14-18 ; Марк 9:14-27 ) 37 ЕтӀуанэ махуэм, ахэр Ӏуащхьэм къыщехыжым, цӀыху гупышхуэ Хьисэ къыпежьащ. 38 А цӀыху гупышхуэм лӀы гуэр къахэгуоукӀащ асыхьэтым: – Дин егъэджакӀуэ, си къуэм укъысхуеплъыну сынолъэӀу, а къуэ закъуэрщ сиӀэр. 39 ЩӀалэр жин бзаджэм зэщӀеубыдэри, асыхьэтым къыхегъэкӀиикӀ. ЩӀалэм и жьэм тхъурымбэр къыжьэдэхуу, ар жин бзаджэм къегъэкӀэзыз, гугъу дыдэ иримыгъэхьауэ хэкӀыжыркъым. 40 Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуат ар хахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым. 41 – Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу, иджырей цӀыху къуаншэхэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын икӀи фысшэчын хуей? Къашэ мыдэ уи щӀалэр. 42 ЩӀалэр къыщыхуашэм, жин бзаджэм щӀым зыхригъадзэри, ар къигъэкӀэзызащ. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жин бзаджэм егийщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ. 43 ЦӀыху псоми Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэр хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыху псоми Хьисэ илэжь псори ягъэщӀагъуэ щыхъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: ЦӀыхухэм зэраӀэщӀыхьэнур Хьисэ етӀуанэу къызэрыжиӀар ( Маттэ 17:22-23 ; Марк 9:30-32 ) 44 – Мы псалъэхэр фигу ивгъэлъ: ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнущ. 45 Ауэ а псалъэхэм къикӀыр къагурыӀуакъым. КъагурыӀуэн ялъэмыкӀыну абыхэм ящыбзыщӀат а псалъэр икӀи абыхэм теухуауэ Хьисэ еупщӀын шынэрт. Нэхъ ин дыдэр хэт? ( Маттэ 18:1-5 ; Марк 9:33-37 ) 46 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зэныкъуэкъу щӀадзащ: «Дэ тщыщу хэт нэхъ ин дыдэр?» жаӀэурэ. 47 Хьисэ абыхэм я гурылъыр къищӀэщ, сабий гуэр къищтэщ, ибгъукӀэ игъэуври яжриӀащ: 48 – Мы сабийр сэ си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщу нэхъ цӀыкӀуращ нэхъ ин дыдэр. Къыфпэмыувыр фи гъусэщ ( Марк 9:38-40 ) 49 – Гъуазэ, лӀы гуэрым жин бзаджэхэр уэ уи цӀэкӀэ цӀыхухэм яхихуу тлъэгъуащ, – жиӀащ Иуан. – Ар дэ зэрытщымыщым щхьэкӀэ, дгъэувыӀэну дыхэтащ. 50 – ФымыгъэувыӀэ ар, – къыжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыфпэмыувыр фи гъусэщ. Самарие хэкум щыщ жылэ гуэрым дэсхэм Хьисэ ирагъэблэгъэн зэрамыдар 51 Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижыну махуэр къыщыблагъэм, Хьисэ Ерусалим кӀуэну мурад ищӀащ. 52 ЛӀыкӀуэхэр игъэкӀуащ япэ щӀыкӀэ. Ахэр кӀуэри, Самарие хэкум щыщу жылэ гуэрым дыхьащ, Хьисэ хэщӀапӀэ щыхуагъэхьэзырын щхьэкӀэ. 53 Ауэ Хьисэ Ерусалим зэрыкӀуэм щхьэкӀэ, а жылэм дэс цӀыхухэм ар ирагъэблэгъэн ядакъым. 54 Ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Екъубрэ Иуанрэ жаӀащ: – Зиусхьэн, уафэм мафӀэ къехыу мы цӀыхухэр исыну жытӀэн? 55 Абыхэм захуигъазэри, ар яхуимыдэу, Хьисэ яжриӀащ: – Хьэуэ, ар хъунукъым; 56 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэр игъэкӀуэдыну аракъым, атӀэ мыкӀуэду къригъэлыну аращ. НэгъуэщӀ жылэ гуэрым кӀуащ итӀанэ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэным гугъуехьу хэлъыр ( Маттэ 8:19-22 ) 57 Ахэр гъуэгум здытетым, Хьисэ зэгуэрым къыжриӀащ: – Уэ дэнэ укӀуэми, уи ужь сиувэнущ. 58 – Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ. 59 – Си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ нэгъуэщӀ гуэрым. – Зиусхьэн, – жиӀащ адрейм, – сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ. 60 – ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, – жриӀащ абы Хьисэ, – ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр егъэдаӀуэ. 61 – Сэ уи ужь сиувэнущ, Зиусхьэн, – жиӀащ нэгъуэщӀ гуэрми, – ауэ си бынхэм я Ӏэр субыдыжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ. 62 – ПхъэӀэщэкӀыр зубыдауэ щӀыбагъымкӀэ зэплъэкӀыжыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм хуэлэжьэну хуэфащэкъым, – жриӀащ Хьисэ абы. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden