Лукас 7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Дзэ пашэм и унэӀутыр Хьисэ зэригъэхъужар ( Маттэ 8:5-13 ; Иуан 4:43-54 ) 1 А псалъэ псоми цӀыхухэр иригъэдэӀуа нэужь, Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ. 2 Дзэ пашэ гуэрым фӀыуэ илъагъу унэӀут иӀэт. А унэӀутыр лӀэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэт. 3 Дзэ пашэм, Хьисэ и хъыбарыр щызэхихым, ар къакӀуэу и унэӀутыр игъэхъужыну журтхэм я нэхъыжьхэм ящыщ гуэрхэр лъэӀуакӀуэ игъэкӀуащ. 4 Хьисэ деж къакӀуэри, хуабжьу къелъэӀуащ ахэр: – Уэ ар абы хуэпщӀэну хуэфащэщ, 5 абы ди лъэпкъыр фӀыуэ елъагъу, ди синэгуэгури тхуиухуащи. 6 Абыхэм я гъусэу кӀуащ Хьисэ. Дзэ пашэм и унэм пэгъунэгъу щыхъум, абы и ныбжьэгъухэр къыпригъажьэри, Хьисэ къажрыригъэӀащ: – Зи щӀыхь ин, гугъу зумыгъэхь, си унэм уэ уныщӀыхьэну сэ схуэфащэкъым. 7 Ар зэрысхуэмыфащэм щхьэкӀэ, уи деж си щхьэкӀэ сынэкӀуэнуи сытегушхуакъым. Ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ. 8 Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» жесӀэмэ, си унэӀутми ищӀэнущ. 9 Ар щызэхихым, а лӀыр игъэщӀэгъуащ Хьисэ икӀи и ужь ит цӀыху гупышхуэм захуригъэзэкӀри яжриӀащ: – Сэ нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху гуэри Израил къэралым изгъуэтакъым. 10 Унэм ягъэзэжри, унэӀутыр хъужауэ ирихьэлӀэжащ лӀыкӀуэхэр. Наин къалэм щыщ фызабэм и щӀалэ лӀар Хьисэ къызэригъэтэджыжар 11 Хьисэ Наин къалэм кӀуэну ежьащ абы и ужькӀэ. И гъуэгу ирикӀуэхэри цӀыху гупышхуи и гъусэт абы. 12 Куэбжэм щынэсым, хьэдэ къыдахыу ӀущӀащ. Ар фызабэ гуэрым и къуэ закъуэрт. А къалэм щыщ цӀыху куэд и гъусэт фызабэм. 13 Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ! 14 Пхъэмбейм бгъэдыхьэри, абы теӀэбащ итӀанэ. Хьэдэр зыхьхэр къэувыӀащ. Хьисэ жиӀащ: – Си щӀалэ, уэ бжызоӀэ, къызэфӀэувэ. 15 ЩӀалэ лӀар къэтэджыжри, псалъэу щӀидзащ, Хьисэи ар и анэм иритыжащ. 16 ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ. 17 Аращи, Хьисэ ищӀам и хъыбарыр Иудей хэку псоми абы и Ӏэхэлъахэ псоми щызэлъащӀысащ. УмэхъакӀуэ Иуан лӀыкӀуэхэр Хьисэ деж зэригъэкӀуар ( Маттэ 11:2-19 ) 18 Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм а псори хуаӀуэтэжащ абы. 19 Иуан абыхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, Хьисэ деж игъэкӀуащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей? – жаӀэу еупщӀын щхьэкӀэ. 20 Хьисэ деж щынэсым, а тӀум жаӀащ: – ДыноупщӀыну умэхъакӀуэ Иуан уи деж дыкъигъэкӀуащ: «Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей?» жиӀэри. 21 А зэманым сымаджэ куэди, узыфэ Ӏей зэфыкӀ куэди, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэди Хьисэ игъэхъужырт. ЦӀыху нэф куэди къигъэплъэжырт. 22 – Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ лӀыкӀуэхэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Иуан хуэфӀуэтэж: Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зыпкърытхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс. 23 Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр. 24 Иуан и лӀыкӀуэхэр ежьэжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм Иуан теухуауэ яжриӀэу щӀидзащ: – Губгъуэ нэщӀым фыщихьам, сыт флъагъуну фи гугъар? Жьым игъэщэнауэ къамыл флъагъун фи гугъа? 25 Армырамэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Дахэу хуэпа цӀыху гуэрт? Дахэ дыдэу хуэпауэ, къулейуэ псэухэр зыщӀэсыр пащтыхьхэм я унэшхуэхэрщ. 26 АтӀэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Бегъымбарырат? Сэ нывжызоӀэ, ар бегъымбар къудейкъым, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. 27 Ар Тхьэм и псалъэу тхахэм зи хъыбар мыпхуэдэу яхэт лӀыкӀуэрщ: «Мис, сэ си лӀыкӀуэр уяпэ къихуэу нэзгъэкӀуэнурэ, абы уи гъуэгур пхуигъэпсынущ». 28 – Сэ нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуахэм щыщу умэхъакӀуэ Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэ щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. 29 Хьисэ и псалъэм къедаӀуэу щыт цӀыху псоми, хьэкътын ахъшэр хэзыххэри абыхэм яхэту, Тхьэм и псалъэхэр захуэу ялъытащ. Ахэращ Иуан зезыгъэумэхъар. 30 Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ящӀэн хуейуэ Тхьэм фӀэзахуэр ялэжын ядакъым. Иуан зезыгъэумэхъын зымыдар ахэращ. 31 – Иджырей цӀыхухэр сытым езгъэщхьын? – жиӀащ Хьисэ. – Сыт ахэр зыхуэдэр? 32 Уэрамым тесу, зыр адрейм еджэурэ, мыпхуэдэу жызыӀэ щӀалэхэм ещхьщ: «Бжьамийхэм дыфхуепща пэтми, фэ фыкъэфакъым; дэ гъыбзэ уэрэд фхужытӀа пэтми, фэ фыгъакъым». 33 – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуащ. Абы щӀакхъуэ ишхыркъым, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», жывоӀэ. 34 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», жывоӀэ. 35 Тхьэм и акъылыфӀагъэр зыщта цӀыху псоми а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ. Гуэныхь зыщӀэ цӀыхубз псэжь гуэрым и гуэныхьхэр Хьисэ зэрыхуигъэгъуар 36 Фарисейхэм ящыщ гуэрым Хьисэ игъэшхэну иригъэблэгъащ. Фарисейм и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ. 37 Къалэм щыщ гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжь гуэрым Хьисэ фарисейм и унэм щышхэну зэреблэгъар къищӀащ. Алавастрэ зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, зы барщыбэ, дагъэ лъапӀэ иту, къыздихьри къэкӀуащ ар. 38 Хьисэ и щӀыбагъкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, апхуэдизкӀэ хуабжьу гъати, и нэпсхэмкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр псыф ищӀащ. Абы и щхьэцымкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр илъэщӀыжащ, и лъакъуэхэм ба яхуищӀащ, дагъэ лъапӀэм щыщи щихуащ. 39 Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт. 40 – Симон, зыгуэр ныбжесӀэнщ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – КъызжеӀэ, дин егъэджакӀуэ, – жэуап иритыжащ Симон. 41 – ЩӀыхуэ зыт лӀы гуэрым и щӀыхуэ цӀыхуитӀым ятелът, зым динар щитху, адрейм тхущӀ, – жиӀащ Хьисэ. 42 – Ауэ щӀыхуэр япшыныжын щалъэмыкӀым, тӀуми яхуигъэгъуащ. АтӀэ къызжеӀэ, а тӀум ящыщу дэтхэнэра щӀыхуэ зыт лӀыр нэхъыфӀу зылъагъунур? 43 – СызэригугъэмкӀэ, нэхъыбэ зыхуигъэгъуаращ, – жиӀащ Симон. – КъэпщӀащ, – жиӀащ Хьисэ. 44 ЦӀыхубзым дежкӀэ зигъазэри, Хьисэ Симон жриӀащ итӀанэ: – Мы цӀыхубзыр плъагъурэ? Уи унэм сыкъыщыщӀыхьэм, си лъакъуэхэр иристхьэщӀыну уэ псы къызэптакъым, ауэ мы цӀыхубзым и нэпсхэмкӀэ си лъакъуэхэр псыф ищӀри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ. 45 Уэ ба къысхуэпщӀакъым, сэ унэм сыкъызэрыщӀыхьэрэ мы цӀыхубзым си лъакъуэхэм зэпымыууэ ба къыхуещӀ. 46 Си щхьэм дагъэ къыщыпхуакъым, мыбы си лъакъуэхэм дагъэ лъапӀэр къащихуащ. 47 Абы къыхэкӀкӀэ уэ ныбжызоӀэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ игу илъщи, абы и гуэныхь куэдыр къыхуэгъуащ. Ауэ мащӀэу зыхуэгъуам игу фӀылъагъуныгъэ мащӀэщ илъыр. 48 Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ итӀанэ: – Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ. 49 Адрей хьэщӀэхэм ягукӀэ жаӀащ итӀанэ: – Хэт гуэныхьхэр зыгъэгъу мы лӀыр? 50 Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ: – Уи фӀэщхъуныгъэм умыкӀуэду укъригъэлащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden