Лукас 5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ И гъуэгу ирикӀуэн щхьэкӀэ, Хьисэ япэ цӀыхуищыр къызэрыхуриджар ( Маттэ 4:18-22 ; Марк 1:16-20 ) 1 Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ. 2 Псы Ӏуфэм кхъуафэжьеитӀ Ӏуту Хьисэ илъэгъуащ абдежым. Абыхэм къикӀауэ, бдзэжьеящэхэм яхъхэр ягъэкъэбзэжырт. 3 А кхъуафэжьейхэм языхэзым, Симон ейм, итӀысхьэри, Ӏуфэм тӀэкӀу ӀукӀуэтыну Хьисэ Симон елъэӀуащ. ИтӀанэ кхъуафэжьейм ису, Тхьэм и псалъэхэр цӀыху гупышхуэм яригъащӀэу щӀидзащ. 4 ЦӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъэщӀа нэужь, Хьисэ Симон жриӀащ: – КууупӀэм хыхьи, бдзэжьей къэвубыдын щхьэкӀэ, фихъхэр хэвдзэ. 5 Гъуазэ, дэ жэщ псом гугъу дехьу дылэжьащ, зыри къэдубыдыфакъым, – жиӀащ Симон, – ауэ уэ зэрыжыпӀэм тету хъыхэр хэздзэнщ. 6 Хъыхэр щыхадзэм, апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдати, яхъхэм зэфӀэтхъыу щӀадзащ. 7 Адрей кхъуафэжьейм ис я ныбжэгъухэм Ӏэ хуащӀащ къакӀуэу къадэӀэпыкъуну. Ахэр къакӀуэри, кхъуафэжьеитӀыр щӀилъэфэным нэсыху, бдзэжьейр из ящӀащ. 8 Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ. 9 Апхуэдэу щӀыжиӀар апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдат, езыри адрей и гъусэхэри гужьеигъуэм хэхуати, аращ. 10 Ещхьыркъабзэу, Зеведей и къуитӀри, Екъубрэ Иуанрэ, Симон дэлажьэу щытахэр, къэуӀэбжьащ. – Умышынэ! – жриӀащ Хьисэ Симон. – Бдзэжьей къэвубыдын щхьэкӀэ, абы и ужь узэритам ещхьу, нобэ щыщӀэдзауэ цӀыхухэр сэ си гъуэгу къытебгъэхьэнущ. 11 Я кхъуафэжьейхэр псы уфэм къралъэфэлӀэжа нэужь, псори къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр. Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар ( Маттэ 8:1-4 ; Марк 1:40-45 ) 12 Хьисэ къалэ гуэрым щыӀэу, уэшын уз зыпкърыт зылӀ къыхуэкӀуащ. Хьисэ зэрилъагъуу, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, ар къелъэӀуащ: – Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ. 13 И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ хъуж! Уэшын узыр а лӀым щхьэщыкӀащ асыхьэтым. 14 Хьисэ абы ириухылӀащ: – Мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету къурмэн щӀы узэрыхъужам щхьэкӀэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар. 15 Апхуэдэу щыт пэтми, Хьисэ и хъыбар нэхъапэм нэхърэ нэхъыбэу цӀыхухэм ялъэӀэс хъуащ. Хьисэ жиӀэхэм едэӀуэну, я узыфэхэри ирагъэгъэхъужыну цӀыху гупышхуэхэр абы деж къакӀуэрт. 16 Ауэ цӀыхухэм яхэкӀыурэ, Тхьэм щелъэӀуну щӀыпӀэ пхыдзахэм кӀуэныр и хабзэу щытащ Хьисэ. Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар ( Маттэ 9:1-8 ; Марк 2:1-12 ) 17 Хьисэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт махуэ гуэрым. Галилей, Иудей хэкухэм щыщ жылагъуэ псоми, Ерусалими къикӀа фарисейхэри торэт егъэджакӀуэ пашэхэри Хьисэ къедаӀуэ цӀыхухэм яхэст. Сымаджэхэр игъэхъужыну Зиусхьэным и къарур хэлът Хьисэ. 18 Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, лӀы зыбжанэм къахьырт, унэм щӀахьэу Хьисэ и пащхьэм иралъхьэну. 19 Ауэ цӀыхур апхуэдизкӀэ увти, сымаджэр унэм щӀахьэн яхузэфӀэкӀакъым. Апхуэдэу щыхъум, унащхьэм дэкӀуейщ, унащхьэм щыщ трахри, сымаджэр, алэрыбгъум зэрытелъу, цӀыху псоми ялъагъуу, Хьисэ и пащхьэм деж щрагъэлэлэхащ. 20 Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ. 21 Ар щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ягукӀэ жаӀащ: – Хэт мыр? Тхьэр игъэпцӀыркъэ? Тхьэм фӀэкӀ, хэт гуэныхьхэр игъэгъун зылъэкӀынур? 22 Абыхэм ягукӀэ жаӀэр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт фэ фигукӀэ апхуэдэ щӀыжыфӀэр? 23 Сытыра нэхъ тыншыр: «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, ежьэж» жыпӀэныра? 24 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэщ, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым зыхуигъазэри жриӀащ: – Уэ ныбжызоӀэ, къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж. 25 Асыхьэтым абыхэм я пащхьэм лӀыр къыщытэджщ, алэрыбгъу зытелъар къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, и унэм кӀуэжащ. 26 ЦӀыху псоми я гур щӀэхуауэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀащ. Зэрыгъэщтэжауэ жаӀащ абыхэм: – Сыту телъыджэ нобэ дэ тлъэгъуар! И гъуэгу ирикӀуэну, Хьисэ Левий къызэрыхуриджар ( Маттэ 9:9-13 ; Марк 2:13-17 ) 27 Абы и ужькӀэ ежьауэ, хьэкътын ахъшэ щыхах унэм деж щысу, хьэкътын ахъшэр хэзых лӀы гуэр, Левий зи цӀэр, илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ! – жриӀащ абы Хьисэ. 28 Левий къэтэджщ, псори къигъанэри, Хьисэ и ужь иуващ. 29 Левий и унэм гухэхъуэ Ӏэнэ Хьисэ щыхутригъэуващ итӀанэ. Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри нэгъуэщӀ хьэщӀэ куэди Ӏэнэм пэрыст. 30 Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр? 31 – Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ, – яжриӀащ Хьисэ. 32 – Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ. НэщӀым теухуауэ журт пашэхэр Хьисэ къызэреупщӀар ( Маттэ 9:14-17 ; Марк 2:18-22 ) 33 Фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къыжраӀащ: – Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр нэщӀ исырейщ икӀи Тхьэм йолъэӀу, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэри аращ, ауэ уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр машхэ икӀи йофэ. 34 – Щауэр я гъусэхукӀэ щауэм и гъусэхэр нэщӀ ивгъэсыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 35 – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ. Мис а махуэхэм нэщӀ исынущ ахэр. 36 Зы ущие хъыбар яжриӀащ итӀанэ: – ЩыгъыныщӀэм щыдэжын къыпитхъыурэ щыгъыныжьым щидэжыркъым зыми. Апхуэдэу ищӀмэ, щыгъыныщӀэр зэфӀэтхъынущ икӀи щыгъыныщӀэм щыщ щыдэжыныр щыгъыныжьым екӀунукъым. 37 ФадэщӀэр зыми фэнд тӀорысэм иригъахъуэркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, фадэщӀэм фэндхэр зэгуитхъынурэ, къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдэнущ. 38 ФадэщӀэр фэндыщӀэхэм ирагъэхъуэн хуейщ. ТӀури къызэтенэнущ абы щыгъуэ. 39 ЩытынкӀэ ирикъуа фадэм ефам фадэщӀэр игу ирихьынукъым; щытынкӀэ ирикъуа фадэр нэхъыфӀщи. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden