Лукас 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Гуэныхь иригъэлэжьын щхьэкӀэ, шейтӀаныр Хьисэ и ужь зэритар ( Маттэ 4:1-11 ; Марк 1:12-13 ) 1 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыӀукӀыжащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар губгъуэ нэщӀым ишащ. 2 Гуэныхь иригъэлэжьын щхьэкӀэ шейтӀаныр а щӀыпӀэм Хьисэ и ужь махуэ плӀыщӀкӀэ къыщитащ. А махуэхэм Хьисэ зыри ишхакъым, махуэ плӀыщӀ нэужьым ар къэмэжэлӀащ. 3 ШейтӀаным Хьисэ къыжриӀащ итӀанэ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэм унафэ хуэщӀ. 4 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жриӀащ Хьисэ шейтӀаным, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур, атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ». 5 Хьисэ бгы лъагэ гуэрым дишщ, дунейм тет къэралыгъуэ псори зы нэпӀэзыпӀэм къригъэлъагъури, 6 шейтаным къыжриӀащ итӀанэ: – Мы къэралыгъуэхэм я тепщэныгъэ псори щӀыхьышхуэу яӀэри сэ уэ уэстынущ, ахэр си ӀэмыщӀэм илъщ икӀи сэ сызыхуейм естыну сыхуитщи. 7 Аращи, лъэгуажьэмыщхьэу ууву сэ сыбгъэлъапӀэмэ, мы псори ууей хъунущ. 8 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жриӀэжащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ». 9 Абы и ужькӀэ шейтӀаным Хьисэ Ерусалим ишэщ, Тхьэм и унэшхуэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри, къыжриӀащ абы и ужькӀэ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдеж зыщедзых; 10-11 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщи: «Тхьэм и мелыӀычхэм укъахъумэну унафэ къахуищӀынущ, мывэм уи лъакъуэхэмкӀэ ужьэхэмыуэн щхьэкӀэ, я ӀэхэмкӀэ узэрахьэнущ». 12 – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жэуап иритыжащ Хьисэ абы, – «Зиусхьэну уи Тхьэр умыгъэунэху!» 13 Хьисэ гуэныхь зэрыригъэлэжьын Ӏэмал псори щиухым, и пӀалъэр къэсмэ, къигъэзэжыну ӀукӀыжащ шейтӀаныр. Хьисэ и лэжьыгъэр Галилей хэкум зэрыщиублар ( Маттэ 4:12-17 ; Марк 1:14-15 ) 14 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Хьисэ Галилей хэкум игъэзэжащ итӀанэ. Хьисэ теухуа хъыбарыр а хэку псом щызэлъащӀысащ. 15 ЦӀыху псоми щӀыхь къыхуащӀурэ, Хьисэ абыхэм я синэгуэгухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт. Назарет дэс цӀыхухэм Хьисэ зэрамыдар ( Маттэ 13:53-58 ; Марк 6:1-6 ) 16 Хьисэ щапӀа Назарет къалэм кӀуащ. И хабзэм тету, щэбэт махуэм синэгуэгум щӀыхьащ. Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэну, абы щӀэсхэм я пащхьэм иуващ. 17 Ешайа бегъымбарым и тхылъыр къратащ. Тхылъыр зэгуихри, мыпхуэдэу здит щӀыпӀэр къигъуэтащ: 18 «Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ. 19 Зиусхьэным и нэфӀ цӀыхухэм къащыщыхуэну илъэсыр къызэрысам и хъыбар езгъэщӀэнуи сыкъигъэкӀуащ». 20 Хьисэ, тхылъыр зэтрипӀэжщ, синэгуэгу ӀуэхутхьэбзащӀэм иритри, тӀысащ. Синэгуэгум щӀэс цӀыху псоми я нэхэр абы траубыдащ. 21 Хьисэ абыхэм яжриӀэу щӀидзащ: – ФедаӀуэурэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт мы псалъэхэр нобэ пэж хъуащ. 22 ЦӀыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ Хьисэ, абы и псалъэ дахэхэри ягъэщӀэгъуащ. – Исуф и къуэр аракъэ мыр? – жаӀащ. 23 – Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. 24 Ар жиӀэри, Хьисэ къыщӀигъужащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, зы бегъымбари езыр щалъхуа къалэм щадэркъым. 25 Ауэ пэжыр нывжызоӀэ, Иляс бегъымбарым и зэманым уафэм илъэсищрэ мазихкӀэ зызэхуищӀу, уэшх къемышхыу щыхъум, зэрыкъэралу гъаблэшхуэм щыхэхуам, Израил къэралым фызабэ куэд ису щытащ. 26 Апхуэдэу щыта пэтми, абыхэм ящыщ гуэрым деж Тхьэм Иляс игъэкӀуакъым, ауэ Сидон къалэм и Ӏэхэлъахэм ит Сарептэ жылэм дэс фызабэ гуэрым деж игъэкӀуащ. 27 Елисей бегъымбарым и зэманми уэшын узыфэ зэфыкӀ цӀыху куэд Израил ису щытащ, ауэ Елисей абыхэм ящыщ зыри игъэхъужакъым, Сирие хэкум щыщ Нееман зи цӀэ закъуэм фӀэкӀ. 28 Ар щызэхахым, синэгуэгум щӀэс цӀыху псори хуабжьу къэгубжьащ. 29 Ахэр къэтэджри, Хьисэ къалэм къыдахуащ икӀи къалэр зытет бгым щадзыну драшеящ. 30 Ауэ Хьисэ абыхэм я зэхуаку дэкӀри ежьэжащ. Хьисэ лӀы гуэрым жин бзаджэр зэрыхихуар ( Марк 1:21-28 ) 31 Хьисэ Галилей хэкум щыщ Капернаум къалэм къехри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щэбэт махуэм щӀидзащ итӀанэ. 32 Тхьэм и псалъэхэр Хьисэ зэраригъащӀэ щӀыкӀэр икъукӀэ ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, тепщэныгъэшхуэ иӀэу абыхэм епсалъэрти. 33 Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр щӀэтт синэгуэгум. Ар макъышхуэкӀэ къахэкӀиящ: 34 – Къэгъанэ! Сыт уи Ӏуэхуу дэ къытхэлъыр, Назарет щыщ Хьисэ? Дыбгъэунэхъуну укъэкӀуа? Уэ хэт ущыщми, сощӀэ: Тхьэм къыбгъэдэкӀа ЛъапӀэр уэращ. 35 – Щыгъэти, мы лӀым къыхэкӀыж! – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри. ЦӀыху псоми я пащхьэм лӀыр щриудри, зыри иримыщӀэу, жин бзаджэр абы хэкӀыжащ. 36 ЦӀыху псоми ар хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, зыр адрейм еупщӀырт: – Ар сыт! ГъэщӀэгъуэн! Тепщэныгъэшхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ иӀэу, жин бзаджэхэм унафэ яхуищӀурэ, цӀыхухэм яхеху. 37 Аращи, Хьисэ теухуа хъыбарыр хэкум дэнэкӀи щызэлъащӀысащ. Хьисэ цӀыху куэд зэригъэхъужар ( Маттэ 8:14-17 ; Марк 1:29-34 ) 38 Синэгуэгум къыщӀэкӀыжри, Хьисэ Симон и унэм щӀыхьащ. Симон и щыкъу анэр плъыржьэр гуащӀэм хуабжьу хигъэзыхьауэ пӀэм хэлът. Ар игъэхъужыну Хьисэ елъэӀуащ. 39 Хьисэ сымаджэм щхьэщыувэщ, плъыржьэрым егийри, хихуащ. ЗанщӀэу къызэфӀэувэри, абыхэм хьэщӀагъэ къарихащ цӀыхубзым. 40 Дыгъэр щыкъухьэм, узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зиӀэ сымаджэ псори Хьисэ къыхуашэу щӀадзащ псоми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри, и Ӏэр трилъхьэурэ, игъэхъужырт. 41 Жин бзаджэхэри, «Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жаӀэу къэгуоурэ, цӀыху куэдым къахэкӀыжырт. Ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти, егийри, псэлъэну хуит ищӀакъым Хьисэ. Галилей хэкур къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэу зэрыщытар ( Марк 1:35-39 ) 42 Нэху зэрыщу, къалэм дэкӀри, Хьисэ щӀыпӀэ пхыдза гуэрым кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ лъыхъуэрт абы икӀи къыщагъуэтым, я деж къагъэнэну хэтащ. 43 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм нэгъуэщӀ къалэхэми щахуэсӀуэтэн хуейщ. Аращ Тхьэм сыкъыщӀигъэкӀуар, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. 44 Галилей хэкум ит синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдэӀуащ апхуэдэу. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden